Исбухьэн
Исбухьэн Пэштыхьей Reino de España | |||||
| |||||
Гоуидзэр: «Plus Ultra (лат-бз. "зэфӀэкӀым нэхъыбэ")» | |||||
Къэрал уэрэд: «Marcha Real» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 1469 гъэм (езым и уния) 1515 гъэм (пэщтыхьей) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | Эспаныбзэ [1] | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Мадрид | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Мадрид, Барселона, Валенсиэ | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Конституциэ Пэщтыхьей | ||||
[Исбухьэным и Пщы|Пщы]] Хасэм и Тхьэмадэ |
Филипп VI Мариано Рахой | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
50-нэ дунем 504 782 км² 1,04 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2018) • Ӏувагъыр |
47 007 367 цӀыху 91,92 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$1,622 трлн.[2] (9-нэ) $35 557[2] | ||||
Этнохоронимыр | эспан, эспанхэр | ||||
Сомыр (Валутэр) | Еуро (€) (EUR, кодыр 978) [3] | ||||
Интернет-доменхэр | .es [4] | ||||
Телефон кодыр | +34 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +1, гъэмахуэм +2 | ||||
|
Исбухьэн е Испаниэ (исп-бз. España; ицӀэдыдэр псоуэ исп-бз. Reino de España — Исбухьэн Пэштыхьей) — къэрал Еуропэм ипшъэ-къуэхьапӀэм деж. Переней хы тӀыгуныкъуэм инэхъыбэр еубыд. Къэралым ицӀэр финикий бзэм къытокӀыр "и-шпаним" - "тхьакӀумэкӀыхьхэм яӀуфэ". Къалэ нэхъышъхьар Мадрид
Къэралгъунэр зэрыкӀуэр:
- Португалым Переней хы тӀыгуныкъуэм икъуэхьапӀэм;
- Британиэшхуэм и шӀыпӀу Гибрэлтарым Переней хы тӀыгуныкъуэм ипшъэм
- Мэроккэм Африкэм ишъхъэрэм ( аутэном къалу Сеутэрэ Мелилиэрэ )
- Фрэнджымрэ Андоррэмрэ ишъхъэрэмкӀэ
Исбухьэным къуэхьапӀэмрэ ипшъэ лъэныкъуэм Атлантикэ Ӏуфэм Ӏохьа, ишъхъэрэ къуэкӀыпӀэмрэ Хы Средиземнэм Ӏохьа.
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Иджырей цӀыхухэр Переней хы тӀыгуныкъэм щытӀысхьар 35 мин илъэскӀэ узэӀабэкӀыжьмэ. Абдэжьым куэду къыздагъуэтыр палеолитым иӀэщъагъэ бжыгъэ - нывэм тет тхыгъэхэр ( Алтэмир бгъуэнкӀагъымрэ пэмыкӀхэмрэ ). Баск лъэпӀкъыр япэдыду Еуропэм къыхьа джылэхэм къатекӀауэ гупшысыгъэ щыӀахэ Мылыр дунем текӀыжьа нэужы. 1200 илъэскӀэ ди эрэм ипэм Перенейм иӀуфэм финикийхэр къытӀысхьан кӀадзэ. БыдапӀэ Гадес яшъыр ( иджырей къалэ Кадис ). Финикийхэмрэ алыджхэмрэ ятхыдэ тхылъ Ӏэмэ къэна а шӀыпӀэм ис лъэпӀкхэм тепсэлъыхьу, иберкӀэ псори зэджу, културэшхуэ яӀу ауэ лъэпӀкъ цӀыкӀу зэбгырыкӀахэу, зыуэ зэрмыӀыгъу. 500 - 300 илъэсишъэхэм ди эрэм ипэм келтхэр къохьари иберхэм къахотӀысхьа, яужкӀэ зы лъэпӀкъ - келтибер мэхъухэ. 300 - 200 илъэсишъэхэм ди эрэм ипэм Ромэ къэралым Ибериэр еубыдын кӀедзэ, ар щыухыр Аугуст пщыр щыщэӀам.
- 200 илъэсишъэм ди эрэм чыристэн диныр къохьа.
- 500 илъэсишъэхэм ди эрэм Вестготхэр къохьа, яубыдри къэрал яшъыр.
- 711-718 Исбухьэным ишӀыр зэрщыту хьарыпхэм яубыд. Омейяд лъэпӀкъыр Кордовэм къыдонэри къэралыр яӀыгъ. Чыристэн хэкухэр ( Кастилиэ, Арагон, Леон ), зэпамыуду зауэ ирагъэкӀуэкӀыт ( Реконкистэ ), хьарыпхэм яӀэнатӀэр зышъэщахыным шъхьакӀэ.
- 1492 гъ. Арэгонымрэ Кастилиэмрэ зэроубыдри хьарып-маврхэм языбыдапӀэ къэнэжьа Гранадэр къаштэжь. А гъэ дыдэми Исбухьэным икхъухьхэр Хэку КӀэхэм ирегъажьэри шӀыпӀэ бжыгъэхэр еубыд...
- 1516 - 1556 гъэхэи Исбухьэныр Ромэ Империэм иӀаташъхьу мэув, дунейм икъэрал нэхъ ин мэхъу, Католик чылисэм доӀапыкъу Реформациэ екӀуэкӀым пэщытыну.
- 1588 гъ. Исбухьэным ей Кхъухьыдзэшхуэр хокӀуадэ.
- 1607 гъ. Инджылызыр зауэм токӀэри инидерлэнд хэкухэр хокӀыр
- 1609 гъ. Еуропэм иӀа ӀанатӀэр мэкӀуэд
- 1812-1826 гъэхэм Латин Америкэм хэку иӀахэм янэхъыбэр хуит мэхъу, 1900 гъэхэм къэнэжьахэр АШЗ иэ Джэрмэным хохьахэ
Куейхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Исбухьэным 50 хэку иӀа, 17 аутэном къэралхэм яхэту. Абы пэмыкӀыу къалитӀ аутэномну (ciudades autónomas) Африкэм иӀа - Сеутарэ Мелилиэрэ.
- Андалусиэ (Andalucia)
- Арагон (Aragon)
- Астуриэ (Principado de Asturia)
- Балеар хы тӀыгухэр (Islas Baleares)
- Баскхэм я Къэрал (Pais Vasco)
- Валенсиэ (Comunidad Valencia)
- Галисиэ (Galicia)
- Канар хы тӀыгухэр (Islas Canarias)
- Кантабриэ (Cantabria)
- Кастиджэ-Ла Манчэ (Castilla-La Mancha)
- Кастиджэрэ Леонрэ (Castilla y Leon)
- Каталониэ (Cataluña)
- Мадрид (Madrid)
- Мурсиэ (Region de Murcia)
- Наваррэ (Navarra)
- Риохэ (La Rioja)
- Экстремадурэ (Extremadura)
Къалэ нэхъ инхэмрэ джылу дэсхэмрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Мадрид - 3 155 359
- Барселонэ - 1 593 075
- Валенсиэ - 796 549
- Севиджэ - 704 154
- Сарагосэ - 647 373
- Малагэ - 558 287
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ГъэхэмкӀэ джылу дэсым зэрзэрихъуэкӀар:
- 1900 гъ. - 18, 6 милыуан;
- 1932 гъ. - 24, 1 милыуан;
- 1959 гъ. - 29, 9 милыуан;
- 1977 гъ. - 36, 3 милыуан;
- 1996 гъ. - 39, 6 милыуан;
- 2004 гъ. - 40, 28 милыуан;
- 2006 гъ. - 45, 13 милыуан;
- 2008 гъ. - 46, 06 милыуан;
- 2009 гъ. - 46, 66 милыуан.
Къалэм дэсхэр - 76 % мэхъу. Джылэм дэсу иӀувагъыр - 79,7 чел./км².
Къэралым иӀаташъхьэ бзэр - кэстилскэ; аутэном хэкухэм кэстилскэм хуэду пэмыкӀы бзэи щыӀа ( каталон-валенсий-балеар бзэхэр Каталоным, Валенсиэм, Балеар хы тӀыгухэм, баск бзэр Баск Къэралымрэ Наваррэмрэ, галисийр Галисиэм, араныр Каталоным )
95 % диным пылъ кэтолику. ПэмыкӀы къэралхэм ису Ипшъэ Ишъхъэрэ Америкэхэмрэ ( 1, 7 милыуан ) КъуэхьапӀэ Еуропэмрэ ( 1 милыуаным фӀэкӀыу ) 2,7 милыуан эспан сымэ дэсхэ.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Еуропэм и къэралхэр |
||
---|---|---|
Къэралхэр | Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгиэ • Балгариэ • Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • БгыфӀыцӀей • Латвиэ • Лэхьый • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • ЩӀылъабжьэхэр • Норуегиэ • Португал • Италэ • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Украинэ • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Чехиэ • Шуэц • Шуэцарэ • Исбухьэн • Эстониэ • Шотлэнд • Уэлс | |
ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
Дунейпсом къамылъыта къэрал | Азгъей • Косово • Приднестровиэ | |
¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкӀэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Эспаниэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |