Сыхьэт зонэ
Сыхьэт зонэ псалъэм гурыIуэгъуитI иIэщ.
- Хэкумэтх сыхьэт зонэ — дунейм и щIылъэм меридиан тралъхьахэмкIэ къыхэкIыу зэтраухуа зонэхэ.
- Админстративнэ сыхьэт зонэ — щIым и Iыхьэ къыхэгъэщхьэхукIа, къэрал здыхэтым и унафэхэм елъытауэ зэтраухуа зонэхэ.
И нэхъыбапIэм административнэ сыхьэт зонэращ нэхъ хэгъэхукIауэ ябжыр. Иджы зэманыр зэтраухуэ Дунейпсэ координированэ зэманым (UTC) къагъэсэбэпу. Иныкъуэ къэралхэм гъэмахуэм я сыхьэтхэр зы сыхьэткIэ япэ ирагъэшри, щIымахуэм ирагъэкIуэтыж мыхьэнэншэу току ямыгъэкIуэдынхэ щхьа.[1]
Зэрызэхадз щIыкIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
Дуней псор меридианхэм къазэрыхэкIыу 24 сыхьэт зонэкIэ угуэшахэщ. Зы сыхьэт зонэм уикIыу адрейм укIуэм, дакъикъэм и мыхьэнэр къонэ, сыхьэтыращ е зы сыхьэткIэ хэхъуэр ерэ хэщIыр. Ауэ къэрал гуэрхэри щыIащ дакъикъэ 30-кIэ е 45-кIэ къащхьэщыкIхэу.
Ишхъэрэрэ Ипшэрэ полюсхэм меридианхэр зы пIэм деж щызэхохьэжхэри, а щIыпIэхэм сыхьэт зонэхэм я мыхьэнэр щокIуэд. ЗэралъытэмкIэ а щIыпIэм дунейпсо зэман къыщагъэсэбэпын хуейуэ ябж, ауэ Ипшэ полюсым ит станциэ амундсен-Скоттым ЩIэ Зелэндым и сыхьэт зонэращ къигъэсэбэпр.
Сыхьэт зонэхэр зэмылIэужыгъуэ къэралхэм[гъэтэрэзын | edit source]
Зи щIыпIэхэр зы сыхьэт зонэм нэхърэ нэхъыбэм ит, къэралхэр:
Къэрал | Сыхьэт зонэхэр зэрыхъухэ | UTC-ым и нэхъ гъунэгъур | UTC-ым нэхъ пэжыжэр | Гъэмахуэ зэманыр къэзыгъэсэбэп |
---|---|---|---|---|
Аустралиэ | 7, гъэмахуэм 8 | UTC+6:30 | UTC+11:30 | И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэпыжкъым |
АШЗ | 6 | UTC-5 | UTC-10 | И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэп |
Британиэшхуэ | 8 | UTC+6 | UTC−8 | Къагъэсэбэп |
Бразилэ | 3 | UTC−4 | UTC−2 | И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэпыжкъым |
Гренландиэ | 4, гъэмахуэм 3 | UTC+0 | UTC-4 | И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэпыжкъым |
Даниэ | 5 | UTC+1 | UTC-4 | Къагъэсэбэп |
Демократикэу Республикэ Конгэ | 2 | UTC+1 | UTC+2 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
Индонезиэ | 3 | UTC+7 | UTC+9 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
Испаниэ | 2 | UTC+1 | UTC | Къагъсэбэп |
Къазахъстэн | 2 | UTC+5 | UTC+6 | Къагъэсэбэпыжкъым |
Канадэ | 6 | UTC−3:30 | UTC−8 | И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэп |
Кирибати | 3 | UTC+12 | UTC+14 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
Мексикэ | 3 | UTC−6 | UTC−8 | Къагъэсэбэп |
Микронезиэ | 2 | UTC+10 | UTC+11 | Зэри къагъэсэбэпакъым |
Монголэ | 2 | UTC+7 | UTC+8 | Къагъэсэбэпыжкъым |
Нидерлэндхэр | 2 | UTC+1 | UTC-4 | Къагъэсэбэп |
ЩIэ Зелэнд | 2 | UTC+12 | UTC+12:45 | Къагъэсэбэп |
Урысей | 9 | UTC+3 | UTC+12 | Къагъэсэбэпыжкъым[2] |
Португалэ | 2 | UTC | UTC-1 | Къагъэсэбэп |
Фрэндж | 12 | UTC+12 | UTC-10 | Къагъэсэбэп |
Чили | 2 | UTC-4 | UTC-6 | Къагъэсэбэп |
Экуадор | 2 | UTC-5 | UTC-6 | Къагъэсэбэп |
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- LEGAL TIME 2014 (индж.)
- Сыхьэт зонэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу
- Урысейм и сыхьэт зонэхэр
- Сыхьэт зонэхэм я конвертиор