Jump to content

Баскхэм я Къэрал

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Баскхэм я Къэрал
исп-бз. País Vasco
баск-бз. Euskadi
Нып
Дэмыгъэ
Баскхэм я Къэрал шӀыпӀэтхыпхъэм
Къэрал Исбухьэн
Къэрал уэрэд: Eusko Abendaren Ereserkia
Статус автоном зэгуэт
Хиубыдэр 3 провинции
Къалэнэхъышъхьэ Витория
ПэмыкӀ къалэшхуэхэр Бильбао, Витория, Сан-Себастьян
Президент Инйиго Уркулю
Нэхъышъхьэбзэхэр Баскыбзэ, Исбухьэныбзэ
Джылэр (2007)
2 141.86 (7-рей пӀэ)
Ӏувагъыр 295 цӀыху/км²
Инагъыр 7,234 км² (14-рей пӀэ)
Кодыр ISO 3166-2 PV
Официал сайтыр

Баскэм я Къэрал (исп-бз. País Vasco, баск-бз.: Euskadi)

Баскей — пэсырей хэкужъ икӀи автоном зэгуэт Исбухьэнм и ишъхъэрэ лъэныкъуэм хэту.

Къалэ нэхъышъхьэр — Виториэ-Гастейс. Регионыр пэсырей хэкужь шӀыпӀэм щыщ, абы пэмыкӀыу иджыри Фрэнджым и ипшъэ лъэныкъуэр хиубыду.

I ди лъэхъэнэм и пэм къыщыкӀэдзауэ V ди лъэхъэнэм нэс шӀыпӀэ баскхэр здисар Урым Къэралым хиубыдэт. Вестготхэмрэ хьэрыпхэмрэ Переней хы тӀыгуныкъуэр яубыдауэ щаӀыгъам Баскейм и шӀыпӀэм и нэхъыбэр хуиту абыхэм яхэмыхьу щытт, Реконкистэр къызхэкӀам и шӀыналъу.

11 — 15 лъэхънэхм Баскхэм я Къэралым Наваррамрэ Кастиджэмрэ я ӀэнатӀэр телъ.

XV лъэхъэнэм и кӀэм XVI лъэхъэнэм и пэм Исбухьэн къэрал зэгуэхьам хохьэх, 1876 гъэм нэс автоном пӀалъэ гуэрэхэр иӀу.

1936 гъэм джылэ зауэм яуж автоном куей мэхъу, Баскхэм я Къэрал траӀуауэ. 1939 гъэм, республикэр хэкӀуэда яуж Баскхэм я Къэралым ӀэнатӀу иӀэуэ хъуар траха.

1978 гъм конституциэм теухуауэ Баскхэм я Къэралым япэ щыкӀэ автономиэ кӀэх ират, яужым 1980 гъэм автоном поуэ мхъур.

Баскхэм я Къралыр къуэкӀэ-бгыкӀыу зэрщытым шъхьэкӀэ пэсырейм урымхэр провинциэ Алавэм нэхъ ихьэфахэкъым. Ар Баскхэм я Къэралым куэду къышъхьэпа я бхэмрэ я хабзэмрэ зэрщыту зэрахьэным. Провинциищ иджырей Баскхэм я къэралым хиубыдэр щызгуэхьхэр XIX лъэхъэнэм, джылэ зауэхэр щекӀуэкӀам.

Джылу дэсыр — 2.141.86 мин цӀыху (7-нэ пӀэр еубыд; 2007 гъэмкӀэ къызэригъэлъагъуэм)

Баскхэм я Къэралым Кантабрий Ӏуашъхьэхэм метрэ 1000—1500 хуэдиз я лъэгагъу, я къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэр еубыд. Хым идежькӀэ нэхъ гъунэгъу хъухукӀэ нэхъ лъахъчу йоххэр, джабэ зэхэту хы Ӏуфэр яшъу, хыжэ бжыгъэхэр иӀу.

Псыхэр кӀыхьу щытхэкъым ауэ куухэ.

Мэсхэм жыг къэкӀхэр: пхъэмыфей, жыгдэгу, бжей пэмыкӀхэр джоуэ.

Баскхэм я Къэралым ИсбухьэныбзэкӀэ зэрыпсалъэм хуэду баскыбзэми иропсалъэхэ джылэ дэсыр. Баскыбзэр къэралым и анэдэлъхубзэ, Исбухьэнм и пэмыкӀ бзэхэм елъытамэ баскыбзэр роман бзэхэм хиубыдэкъым икӀи индоеуропэ бзэхэми хэхьэкъым. 2001 гъэмкӀэ джылэ бжыгъэ ирагъэкӀуэкӀам къызэрхэкӀыр 32 % Баскхэм я Къэралым щыщхэр кагуроӀуэ икӀи иропсалъэ бзитӀымкӀэ, 49,6 % ИсбухьэныбзэмкӀэ нэхъ псалъэкъым, 18,2 % баскыбзэр ящӀэ ауэ зэрыпсалъэхэр Исбухьэныбзэ.

АдминистрациэмкӀэ зэрзэхэт

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Автоном зэгуэт Баскхэм я Къэралым хэт провинциэхэр:

ТхыдэмкӀэ Баскхэм я Къэралым иджыри хэхьэр Наварра (автоном зэгуэт), и къалэ нэхъышъхьэр Памплона

Къалэ нэхъ инхэр:

къалэр джылу дэсыр
Билбао 354.145
Виториэ-Гастейс 227.568
Сан-Себастиан 183.308
Баракалдо 95.640
Гечо 82.327
Ирун 60.261
Португалете 49.118
Сантурсе 47.320
Басаури 45,085
Рентериэ 37.853