Хъырцей
Хъырцей хъыр-бз. საქართველო | |||||
| |||||
Гоуидзэр: «ძალა ერთობაშია (Зэгуэтыным лъэшыгъэр зхэлъыр)» | |||||
Къэрал уэрэд: «თავისუფლება» ( едэӀун (info)) | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 1991 мэлыжьыхьэм и 9 (зхэкӀар РССЗ) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | хъырцыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Тбилиси | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Кутаиси, Батуми, Рустави, Зугдиди, Гори, Поти[1] | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | республикэ | ||||
Президент | Саломе́ Зурабишви́ли | ||||
ШӀыпӀэр • Псори |
118-нэ дунем 69 700[2] км² | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2009) • Ӏувагъыр |
4 385 400 цӀыху (114-нэ) 63 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2009) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$10,7 млрд (ДВФ), 20,23 млрд (ЦРУ) (122-нэ) $4757 (ДВФ), 4400 (ЦРУ) | ||||
Сомыр (Валутэр) | лари | ||||
Интернет-доменхэр | .ge | ||||
Телефон кодыр | +995 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +4 | ||||
Хъырцей Уикисурэтылъэм | |||||
|
Хъырцей (хъыр-бз. საქართველო) — Ипшъэ Къаукъазым хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Тбилиси.
Хэкумэтхыр
Хъырцейр Къаукъаз КӀыбэгъум хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: ишъхъэрэмкӀэ — Урысейм, Апхъазым, Ипшъэ Осетиэм (яужырей къэралитӀыр Хъырцейм езым и хэкухэу къелъытэ, Урысейм окупациэ ишъауэ), къуэкӀыпӀэмкӀэ — Азэрбиджаным, ипшъэмкӀэ — Ермэлеймрэ Тыркуеймрэ, къуэхьэпӀэмкӀэ хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэм Ӏохьэ.
КъызэриӀохумкӀэ, къэралым и инагъыр — 69 700 км², Ӏохур зэртетымкӀэ, и ӀэнатӀэм кӀэтыр — 57 200 км².
Хъырцейм и ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ Къаукъазышхуэтхыр ирокӀуэ, ипшъэмкӀэ КъаукъазцӀыкӀуэтхыр. А тхитӀым я зэхуакум Колхи губгъуэр дэлъ.
Къэралым къышъхьэпэгъуэ шӀыкӀэлъ бжыгъэхэр иӀэ, абым пэмыкӀыу бэгъуауэ хуабэ псынэхэр, яшъхьэщыту курортхэр.
Хъырцейм и хьэйуар зэхэкӀыу щыт, субтропикхэм щыкӀедзэри курытыгъуэм носыр.
Тхыдэр
Япэрей къэралу Хъырцейм и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэтар Чолхидэ пэштыхьей, VI ди лъэхъэнэм и пэм зэфӀэувар. IV ди лъэхъэнэм и пэм Хъырцейм и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм Картли пэштыхьей къыхокӀ.
IV лъэхъэнэм и кухэм Картлим и къэралыгъуэ дину хъур заухэ чыристэныгъэ.
VII лъэхъэнэм Хъырцейр Хьэрып Халифэтым еубыд, Къаукъаз кӀыбагъум мыслъымэн диныр хэхьэн кӀедзэ.
Зэманыгъэ нэхъ лъэшу къэлъытэгъуэ зыратыр XI—XII лъэхъэнэхэра — Даут IV-мрэ Тамарэ гуащэмрэ я ӀэнатӀэгъуэм къэралыр щыкӀэтам. Абым щыгъуэ Хъырцейр Къаукъаз кӀыбагъум и къэрал нэхъ лъэш мэхъур, хабзэмрэ экономикэмрэкӀэ зыкъиӀэтауэ.
XIII—XIV лъэхъэнэхэм Хъырцейм Монголыдзэр тоуэр, яужым Темырлэн и зекӀуэ зытӀущым, и къэрур къэралым кӀуэдын кӀедзэ, хэку бжыгъу хэхохур.
XVII—XVIII лъэхъэнэхэм Хъырцейр Уэсмэнеймрэ Къажэрымрэ я зэпэубыдыгъуэ мэхъур. 1783 Урысеймрэ Хъырцеймрэ Джэрджэ тхылъ кӀатхэ, абы щыкӀэдзауэ Картли Кахетиэр Урысейм и протекторатым кӀэт.
1801 гъэм Картли Кахетиэр Урысей империэм хохьэ. XIX лъэхъэнэм Курджейм и хэку хъуари Урысейм зыхеубыдэ, абыхэм щымыхъукӀэ Къаукъаз кӀыбагъум хэт къэралу хъуари.
1918 гъэм Демократ Республикэ Хъырцей траӀуэ къэралым, 1921 гъэм РУСФС-м хохьэ.
1922 щыкӀэдзауэ 1936 гъэм нэс Хъырцейр Республикэ Къаукъаз-КӀыбагъу СФС-м хэт, 1936 гъэм щыкӀэдзауэ 1991 нэс Хъырцейр РССЗ-м хэт.
1991 гъэм Хъырцейр къэрал хуит мэхъур. 1991—1993 гъэхэм Хъырцейм и ӀэнатӀашъхьэм Апхъазымрэ Ипшъэ Осетиэмрэ кӀокӀхэр, де-факту къэрал хуит хъуху, ауэ дунем къамлъытаху.
2008 гъэм, ШышъхьэӀу зауэм яуж, Урысеймрэ, яужкӀэ пэмыкӀ къэралхэми Апхъазымрэ Ипшъэ Осетиэмрэ я хуитыныгъэр къалъыта.
Джылэр
Хъырцейм и джылэр 2002 гъэмкӀэ зэрыхъутэр 4 369 579 цӀыху. Лъэпкъ дэсхэр: хъырцэхэр (83,7 %), азэрбиджанхэр (6,5 %), ермэлы (5,7 %), урысхэр (1,5 %), осетинхэр (0,9 %), пэмыкӀхэр (1,7 %).
АдминистрациэмкӀэ гуэчыгъуэр
Хъырцей — къэрал унитару щыт. АдминистрациэмкӀэ хэку 10, автоном республикэ 2 — Апхъазрэ Аджариэмрэ.
Азгъей Автоном Республикэ Ипшъэ Осетиэмрэ Хъырцейм и ӀэнатӀэм кӀэтхэкъым, къэлъытэгъу Хъырцейм зэришъымкӀэ (АШЗ-м и президентым и администрациэм, Еуропэм и комиссиэми) Урысейм окупациэ ишъауэ.
№ | Хэкухэр | Къалэ нэхъышъхьэхэр | |
---|---|---|---|
1 | Азгъей Аутоном Республикэ¹ | Согъум | |
2 | Самегрело — Земо-Сванети | Зугдиди | |
3 | Гуриэ | Озургети | |
4 | Аутоном Республикэ Аджариэ | Батуми | |
5 | Рача-Лечхуми — Квемо-Сванети² | Амбролаури | |
6 | Имеретиэ² | Кутаиси | |
7 | Самцхе-Джавахетиэ | Ахалцихе | |
8 | Шида-Картли² | Гори | |
9 | Мцхета-Мтианети² | Мцхета | |
10 | Квемо-Картли | Рустави | |
11 | Кахетиэ | Телави | |
12 | Тбилиси | Тбилиси | |
Гулъытыгъуэ: 1 — и ӀэнатӀэм кӀэткъым зэр хэку, 2 — лъэныкъуэ гуэрэхэр и ӀэнатӀэм еубыдыр. |
ТехьэпӀэхэр
Къаукъаз |
|
---|---|
Урысей Федерациэм и хэкухэр | Адыгей • Дагъыстэн • Ингушей • Ишъхъэрэ Осетиэ • Краснодар край • Къэбэрдей-Балъкъэр • Къэрэшей-Шэрджэс • Мычгышей • Ставропол край |
Къэралхэр | Азэрбиджан (Нахичеван) • Ермэлы • Хъырцей (Аджариэ • Автоном Республикэ Азгъей) |
Дунейпсом къамылъыта къэралхэр | Азгъей • Ипшъэ Осетиэ • Къушъхьа-Карабах Республикэ |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |