Джэрмэн
Джэрмэн Федерациэ Республикэ Bundesrepublik Deutschland | |||||
| |||||
Гоуидзэр: «Einigkeit und Recht und Freiheit (Зэгуэтынрэ ПӀалъэрэ Хуитыныгъэрэ)» | |||||
Къэрал уэрэд: «Джэрмэнхэм я уэрэдыжь» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 843 гъэм | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | джэрмэныбзэ[1] | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Берлин | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Берлин, Гамбург, Мунхен, Колн | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Федерациэ парламентым и республикэ | ||||
Федерал президент Федерал канслер |
Франк-Вальтер Штайнмайер Олаф Шольц | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
63-нэ дунем 357 021 км² 2,42 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
81 757 600 цӀыху 229 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2009) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$2, 806 трлн. (5-нэ) $34,219 | ||||
Этнохоронимыр | джэрмэн, джэрмэнхэ | ||||
Сомыр (Валутэр) | Еуро | ||||
Интернет-доменхэр | .de | ||||
Телефон кодыр | +49 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +1 | ||||
|
Джэрмэн Федерациэ Республикэ е Джэрмэный (джэр-бз. Bundesrepublik Deutschland, Deutschland; ур-бз.: Федеративная Республикэ Германия, Германия) — къэрал Еуропэм икум. И гъунапкъэхэр здырикӀуэр Диниэм, Лахь жылэм, Чехым, Аустрэм, Шуэцарэм, Фрэнджым, Луксембургым, Белгэм, Нидерландхэм.
Къалащхьэр — Берлин. Къэрал ӀэнатӀэр — парламент республикэ. Къэралыр 16 къедзыгъуэкӀэ гуэшащ. Джэрмэныр Еуропэ Зэгуэтым, ЛъэпӀкъ Зэгуэт Хасэм яхэтщ.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Япэдыду джэрмэнхэмрэ келт лъэпкъхэмрэ я гугъ тхыдэм щащӀыр пэсырей алыджхэмрэ урымхэмрэ. Апхуэду яперей дыдэхэм ящыщыр 98 гъэ ди лӀэщӀыгъуэм щыщу. Тацитым тхыдэ-тхыгъэм иритхауэ щыта. Урым къэралыр хэкӀуэда яуж КъухьэпӀэ Еуропэм Франк къэрал зэфӀоувэщ 300 илъэс текӀа яуж, Карлышхуэр тету. Карл икъэрал-щӀыпӀэм иджырей къэрал бжыгэр хеубыдэ, Джэрмэнри ящӀыгъуу. Ауэ Карлышхуэ и къэралыр куэдрэ щыӀакъым, и къуэрылъхухэм ягуэшыжри къэралищ хъуа — КъухьэпӀэфранк (яужкӀэ Фрэндж хъуащ), КъуэкӀыпӀэфранк (яужкӀэ Джэрмэн хъуащ), Курыт Къэрал (яужым Урым, Прованс, Лотарингэ хъужащ)
Джэрмэн къэралыр къыщыхъуар 2 мазае 962 гъэ рауэ ялъытэ. А махуэм пщы Отон I Ромэ Хэкум техьа. Пщыхэр тауэ мыпылъами Ромэ Къэралыр (Урым Къэрал) зэгуэту яхуэмыӀыгъу бжыгъу зэгуэкӀащ, къэрал хуиту. Апхуэду 1806 гъэм нэгъунэ щыта, фрэндж Наполеоныр къохьари Джэрмэным и нэхъыбэмрэ, Аустриэмрэ еубыд.
- 1914 гъэм Джэрмэныр Япэрей дунейпсо зауэм хохьа, а зауэм пэштыхь-къэралыр хокӀуадэри Веймар республикэ мэхъу.
- 1933 Джэрмэным и Ӏэтащхьэу Адолф Хьитлер трагъэувэ, яужкӀэ къэралым и ӀэнатӀэ псор еубыдри 1939 гъэм Ӏуохугъэ иригъэкӀуэкӀахэм ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр къыхокӀыр.
ЕтӀуанэ Дунейпсо Зауэм хэкӀуэда яуж къэралъыр пӀлӀыуэ ягуэшри акупацэ ящӀыр советымрэ, америкэмрэ, британымрэ, фрэнджымрэ джоуэ. 1949 гъэм америкэм, британиэм, фрэнджым яӀыгъар Джэрмэн Федерациэ Республикэ ящӀыр, советым иӀыгъар Демократ Джэрмэн Республикэ мэхъур
1990 гъэм ДжДР хохьа ДжФР зы хэку мэхъур
Жылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]1 щӀышылэм 2009 гъэм Джэрмэным 82 002 356 жылу дэс.
Къуажэхэм жылу дэсыр 10 % къуэдеращ, 90 % къалэхэмрэ, къыбгъэдэт урбанизациэхэмрэ.
Къалэ нэхъ инхэмрэ, жылу дэсхэмрэ (2008 гъэмкӀэ): Берлин — 3 424 700; Гамбург — 1 773 200; Миунхен — 1 315 400; Колн — 996 700; Франкфурт Майным — 670 600.
Лъэпкъхэр
Нэхъыбэр - джэрмэнхэращ (92 %), Бранденбург Саксониэ къедзыгъуэхэм лужхэр, сербхэр мэпсэу (мин 60); ищхъэрэ лъэныкъуэм Шлезвиг-Голштейным — даниэхэр мэпсэу (мин 50), абы нэмыщӀу хэкум 6 750 000 милыуану хэку-хэсу щопсэухэ, абыхэм: тыркухэр — 1 749 000; япэрей Югославиэм щыщ — 930 000; Урысейм — 187 000; Хуэхуэлейм — 129 000
Диныр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Джэрмэным я нэхъыбэр — чыристэн, ахэм: католику — 32,4 %, лутерану — 32 %, мыслъымэну — 3,2 %, журт диным пылъу — 0,12 % абы нэмыщӀу 31 % джэрмэным иджылэр Тхьаншэ.
Къедзыгъуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къедзыгъуэр | Къалащхьэр | Къедзыгъуэм и джэрмэныцӀэ | Къалащхьэм и джэрмэныцӀэ |
---|---|---|---|
1. Баден-Виуртемберг | Штутгарт | Baden-Württemberg | Stuttgart |
2. Къэрал шъхьахуит Бавариэ | Мюнхен | Freistaat Bayern | München |
3. Берлин | Берлин | Berlin | Berlin |
4. Бранденбург | Потсдам | Brandenburg | Potsdam |
5. Къалэ ганзей шъхьахуит Бремен | Бремен | Freie Hansestadt Bremen | Bremen |
6. Къалэ ганзей шъхьахуит Гамбург | Гамбург | Freie und Hansestadt Hamburg | Hamburg |
7. Гессен | Висбаден | Hessen | Wiesbaden |
8. Мекленбург — Япэрей Помераниэ | Шверин | Mecklenburg-Vorpommern | Schwerin |
9. ЩӀагъ Саксониэ | Ганновер | Niedersachsen | Hannover |
10. Ишъхъэрэ Рейн-Вестфалиэ | Дюссельдорф | Nordrhein-Westfalen | Düsseldorf |
11. Рейнланд-Пфалц | Майнц | Rheinland-Pfalz | Mainz |
12. Саар | Саарбриукен | Saarland | Saarbrücken |
13. Шъхьахуит къэрал Саксониэ | Дрезден | Freistaat Sachsen | Dresden |
14. Саксониэ-Анхалт | Магдебург | Sachsen-Anhalt | Magdeburg |
15. Шлезвиг-Голштейн | Кил | Schleswig-Holstein | Kiel |
16. Шъхьахуит къэрал Тиурингиэ | Эрфурт | Freistaat Thüringen | Erfurt |
Еуропэм и къэралхэр |
||
---|---|---|
Къэралхэр | Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгиэ • Балгариэ • Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • БгыфӀыцӀей • Латвиэ • Лэхьый • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • ЩӀылъабжьэхэр • Норуегиэ • Португал • Италэ • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Украинэ • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Чехиэ • Шуэц • Шуэцарэ • Исбухьэн • Эстониэ • Шотлэнд • Уэлс | |
ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
Дунейпсом къамылъыта къэрал | Азгъей • Косово • Приднестровиэ | |
¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкӀэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |