Латиныбзэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Латиныбзэ
Сурэт
Lapis niger ( — нывэ фӀыцӀэ)
Зэрзэджэр: lingua latina, lingua romana
Къэралхэр: КъуэхьэпӀэмрэ Ипшъэ Еуропэмрэ, КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъу, Ишъхъэрэ Африкэ (I - V лъэхъэнэхэм)
Статус официалыр: Ватикан
Дунем тетыжькъым: Тхыбзэр романыбзэхэмрэ джэрмэныбзэхэмрэ зэкӀашта XII - XV лъэхъэнэхэм (КъуэкӀыпӀэ Еуропэм XVII лъэхъэнэм), щӀэныгъэ лэжьыгъэхэм XVIII лъэхъэнэм нэс хэта, хъушхъуэгъуэхэм, пӀалъэщӀэныгъэмрэ католицизмымрэ иджыри къыздынэсым къагъэсэбэп
ПсалэкӀэ бзэм: яужым романыбзэхэр къыхэкӀа IX - XII лъэхъэнэхэм
Классификациэ
Категориэ: Еуразиэм и бзэхэр
Индоеуропэ унагъуэ
Италий лъэныкъуэгъу
Латин-фалискэ гуп
Тхыбзэр: латин
Бзэ кодхэр
ISO 639-1: la
ISO 639-2: lat
ISO 639-3: lat

Латиныбзэ иэ Латин (lingua latina) — латин-фэлий гупым хэт италий бзэхэм индэеуропэбзэхэм я унагъуэм. НобэкӀэ абы изакъуэ къагъэсэбэпыр италий бзэхэм ящыщу. Мы бзэр Ромэ Империэм и къэрал бзэщ.

Латиныбзэр нэхъ пэсырей дыдэхэм ящыщ, тхыпхъэ зиӀа индэеуропэбзэхэм.

Нобэ латиныбзэр Ӏаташъхьэ бзэуэ Ватикан къэралым ей, абы пэмыкӀыу Ромэ-Кэтолик Чылисэм.

Псалъэ куэд еуропэбзэхэмрэ адрей бзэхэми яӀу латиным къыхэкӀа.

Тхыдэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Латиныбзэр оскыбзэмрэ умбрыбзэмрэ яхэту италий лъэныкъуэм хэтхэт индэеуропэбзэ унагъуэм. Пэсырей Урымыр зэфӀэувэн, къэру къыштэн щыхъум лэтиныбзэм адрей италий бзэхэм яшъхьарыуву кӀидзэри хом-хому ӀанатӀашъхьар къишта ишъхърэ Еуропэм.

Латиныбзэр тхыдэмкӀэ зэрзэфӀэувар щыуэ бгуэч хъуну, езым икӀуэцӀымкӀи эволуциэ иӀамрэ адрей бзэхэмрэ езымрэ зэрзэпылъахэмрэ.

Къызэрыхъуар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къызэрыхъуар бзэм хуэду ди лъэхъэнэм ипэкӀэ II. Ди лъэхъэнэм ипэкӀэ I икӀэдзэгъуэм, лэтинэбзэкӀэ хэку Лациэм (лат. Latium) здэпсалъэтэр, а хэкур Апеннин хы тӀыгуныкъэм икъуэхьапӀэм лъэныкъуэм хэта Тибрэ ипсыхъуэкӀагъымкӀэ.. ЛъэпӀкъ Лациэм дэсам латинкӀэ яджэт (лат. Latini), бзэми зэреджэр арат. А хэкум иӀаташъхьа къалэр Ромэу щыта (лат. Roma), абы ицӀэ яужкӀэ ихъуреягъым щыса лъэпӀкъхэм зытраӀуар зэгуэхьа нэужыуи, Ромэ хъуахэ (лат. Romani)

Классикэ Латин[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Классикэ Латин - абы къырагъэкӀыр бзэр щызэфӀэувар, щыгъэгъар усэмкӀэ, тхыгъэмкӀэ Цицеронымрэ (106-43 ди лъэхъэнэм ипэкӀэ) Цезэрымрэ (100-44 ди лъэхъэнэм ипэкӀэ), абы пэмыкӀыу усэхэр Вергилиэ еуэ (70-19 ди лъэхъэнэм ипэкӀэ), Горациэ (65-8 ди лъэхъэнэм ипэкӀэ), Овидиэмрэ (43 ди лъэхъэнэм ипэкӀэ - 18 ди лъэхъэнэм)

Классикэ латиным изэфӀэувэныгъмрэ игъэгъэнымрэ дэӀапыкъутэр Ромэр ипшъэ еуропэм икъэрал нэхъ ин зэрыхъуар, къэхьапӀэ, къэкӀыпӀэ Еуропэр иубыдауэ, ишъхъэрэ Африкэмрэ Азиэ цӀыкӀумрэ. Ромэ къэралым икъуэкӀыпӀэ хэкухэм (Алыджым, Азиэ цӀыкӀум, Африкэм ишъхъэрэ хы Ӏуфэхэм) Ромэхэм щаубыдам иде алыджыбзэмрэ алыдж културэ гъэпсамрэ зэрахьати, латиныбзэр зэрапэсакъым. ПэмыкӀыу Ӏоху зэртетар къуэхьапӀэ Еуропэм.

II ди лъэхъэнэм ипэкӀэ латиныбзэкӀэ Урым закъуэм ишӀыпӀэтэкъым псэлъэн здыкӀадзар. Ӏаташъхьа бзэ хуэду къэраль яубыдахэм макӀуэ: Переней хы тӀыгуныкъуэмрэ идырей Фрэнджым ипшъэмрэ. Апхуэду бзэр нэхъыбу зыхэхьа лъэпӀкъхэр Ромэхэм нэхъ ягъунэгъу щысхэра-келт лъэпӀкъхэр Галлиэ хэкум исахэр (иджырей Фрэндж, Белгиэ, Нидерлэнд, Шуэцарэ). 476 гъэхэм лъэпӀкъ Галлиэмрэ, Британиэмрэ исахэм латинэбзэр куэду къахонэр, джэрман лъэпӀкъхэми хуэду.