Астуриэ
Астуриэ Principado de Asturias Principáu d'Asturies | |
Нып |
Дэмыгъэ |
Къэрал | Эспаниэ |
Къэрал уэрэд: | Asturias, Patria querida |
Статус | Автоном лъэпкъыгъуэ, провинциэ |
Къалэнэхъышъхьэ | Овиедо |
Президент | Висенте Алварес Аресес |
Нэхъышъхьэбзэр | эспаныбзэ |
Джылэр (2009) |
1 085 289 (13-рей пӀэ) |
Ӏувагъыр | 102, 35 цӀыху/км² |
Инагъыр | 10 603,57 км² (10-рей пӀэ) |
Кодыр ISO 3166-2 | O |
Официал сайтыр |
Астуриэ иэ Астуриэ пщы къэрал (исп-бз. Asturias, Principado de Asturias, астуриэбзэ: Principáu d’Asturies) — автоном зэгуэтыгъэ икӀи Ишъхъэрэ Эспаниэм и куей. Бискай хыжэм Ӏулъ. КъуэхьэпӀэмкӀэ и гъунапкъэр Галисим хозэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ Кантабриэм, ипшъэмкӀэ Леоным. Пщы къэралу кӀытраӀуар Астуриэм и пщыкъуэм Эспаниэм и ӀэнатӀэр зэрлъысыфыным шъхьэкӀэ. Къалэ нэхъышъхьэр Овиедо. Къалэ нэхъ иныр Хихон. Куейм и джылэм и нэхъыбэр АстуриэбзэкӀэ мэпсалъэ, ауэ къэралыгъуэ статус иӀэкъым.
Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ШӀыпӀу иубыдыр 10 603,57 км² (Эспаниэм и автоном куейхэмкӀэ 10-нэ и инагъымкӀэ). Куейм и шӀыпӀэмкӀэ Кантабрий Ӏуашъхьэхэр ирокӀуэ. КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм идежькӀэ лъэпкъ парк иӀэ, абым Ӏуашъхьэ метрэ 2 648 нэсу хеубыдэхэ, зыгъэпсэхупӀэ цӀэрыӀу.
Администрациэ зэхэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пщы куей Астуриэр коммунэ 78 гуэчауэ щыт, абыхэм я статусхэр муниципэлитетхэм я хозэ. ПэмыкӀыу иджыри комаркэкӀэ зэхокӀыр, ауэ а гуэчыгъэр хабзэм иджыри къылъытакъым.
ЮрездикциэмкӀэ Астуриэр мэхьчэмэ куей 18 гуэчауэ щыт, мэхьчэмэ нэхъышъхьэ къалэ нэхъышъхьэхэм куейм къэс яӀу.
Хэхынхэм шъхьэчэ Астуриэр лъэныкъуищу гуэча: къуэхьэпӀэ лъэныкъуэ, курыт лъэныкъуэ, къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ джоуэ. Джылэ нэхъыбэ зыхиубыдэр курыт лъэныкъуэра.
Эспаниэм и гуэшыгъуэр администрациэкӀэ |
||
---|---|---|
Автоном хэку | Андалусиэ | Арагон | Астуриэ | Балеар тӀыгухэр | Баскхэм я Къэрал | Валенсиэ | Галисиэ | Канар тӀыгухэр | Кантабриэ | Кастилиэ — Ла-Манча | Кастилиэрэ Леонрэ | Каталониэ | Мадрид | Мурсиэ | Наваррэ | Риоха | Эстремадурэ | |
Автоном къалэхэр | Сеутэ | Мелилиэ |