Jump to content

Галисиэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Галисиэ
исп-бз. Galicia
гал-бз. Galiza
Нып
Дэмыгъэ
Галисиэ шӀыпӀэтхыпхъэм
Къэрал Исбухьэн
Къэрал уэрэд: Os Pinos
Статус Автоном лъэпкъыгъуэ
Хиубыдэр Провинциэхэр:
Ла Коруниа
Луго
Оренсэ
Понтеведра
Къалэнэхъышъхьэ Сантиаго де Компостела
ПэмыкӀ къалэшхуэхэр Виго
Ла Коруниа
Президент Алберто Нуниесе Фейхоо
Нэхъышъхьэбзэр Исбухьэныбзэ, галисиэбзэ
Джылэр (2005)
2,760,000 млн (5-рей пӀэ)
Ӏувагъыр 93,6 цӀыху/км²
Инагъыр 29,574 км² (7-рей пӀэ)
Аббревиатурэр 3166-2
Кодыр ISO 3166-2 GA
Официал сайтыр
 Галисиэ Уикисурэтылъэм

Галисиэ (исп-бз. Galicia, гал-бз. Galiza) — аутоном лъэпкъыгъуэ Исбухьэнм и ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэт. И къалэнэхъышъхьэр Сантиаго де Компостела.

Аутоном Лъэпкъэгъум и гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: къуэкӀыпӀэм — Астуриэмрэ Кастиджэрэ Леонымрэ; ипшъэм — Португалым; къуэхьэпӀэмкӀэ — Атлантикэм и Ӏуфэм Ӏохьэ; ишъхъэрэм — Бискай хыжэм и Ӏуфэм Ӏохьэ.

Галисиэм и шӀыпӀэр къуэкӀэ-бгыкӀыу щыт, Ӏуащхьэхэм я лъэгагъыр метрэ 975—1985 хуэдиз мэхъухэ, бгытх бжыгъу зэхэкӀху къуэ, псыхъуэ бжыгъэ яшъу.

Атлантикэм зэрпэщылъым шъхьэкӀэ Галисиэр Удзыфэ Исбухьэнм хеубыдэ — пэштыхьейм и шӀыпӀэ нэхъ лъапӀу къалъытэр. И климатыр шъабу щыт, ауэ уэшхкӀэ бэгъуа икӀи хуэбэ Ӏэуэ гъэмахуэм щымыту щыт.

Пэсырей лъэхъэнэхэм иджырей Галисиэм и шӀыпӀэм цӀэ зэрихьэтэр «finis terrae» — дунем и гъунэ, исахэр абдей келт лъэпкъ галекхэр. Хэкум и цӀэр яужым къызхэкӀар ара.

136 гъэм иджырей Галисиэм и шӀыпӀэр урымхэм яубыд, ауэ Исбухьэнм а и лъэныкъуэм лъэшу зэрщымытахэм шъхьэкӀэ келтхэм я хабзэхэр ягъэкӀуэдакъым.

711 гъэм Переней хы тӀыгуныкъуэр хьэрыпхэм яубыд, ауэ Галисиэм и нэхъыбэм ар нэӀусакъым. Галисиэм и шӀыпӀэм ипшъэ лъэныкъуэм къикӀа джылэ бжыгъэм зыщахъума абы щыгъуэ. 718 гъэм, Астуриэм и пэштыхьыр хьэрыпхэм ятекӀуа яуж Галисиэр еубыдри и ӀэнатӀэм кӀегъэхьэ.

1065—1072 гъэхэм Галисиэр пэштыхьей хуиту щыта, 1072 гъэм Кастиджэ пэштыхьейм хохьэ.

XV лъэхъэнэхэм Кастиджэр Галисиэм и къэралыгъуэ Ӏохухэм хэхьэн кӀедзэ, абым шъхьэкӀэ Галисиэм и джылэм бжыгъэрэ зыкъиӀэтын кӀедзэ. Кэстиджэм и пэштыхьым дзэ егъакӀуэ хэкур игъэзэгъэным шъхьэкӀэ, хуитыныгъэ пӀалъу иӀауэ хъуар трехри, Исбухьэнм и зы провинциэ мэхъур.

Япэрей Исбухьэн республикэм щыкӀэдзауэ (1931 гъэм) Галисиэр яуж ита аутономиэ къиштэным шъхьэкӀэ, ар зэфӀэкӀа щыхъуар 1981 гъэм, аутоном лъэпкъыгъуэ хъуа, Исбухьэн пэштыхьейм хэту.

Администациэ гуэчыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Галисиэ и куейхэр

XV лъэхъэнэм щыкӀэдзауэ XIX лъэхъэнэм и кум нэс Галисиэр хэкуиблкӀэ гуэчауэ щыта: Коруниа (La Coruña), Сантиаго (Santiago), Бетансос (Betanzos), Мондониэдо (Mondoñedo), Луго (Lugo), Оренсе (Orense), Туй (Tuy) джоуэ.

1833 гъэм хэку хъуар провинциэплӀыуэ яшъа: Ла Коруниа, Луго, Оренсэ, Понтеведра.

Провинциэхэр куейкӀэ мэгуэчхэ. Куейу хъуар мыниципалитеткӀэ зэхокӀыжь, езы муниципалитетхэр чылисэ ӀухьэгъуэкӀэ гуэчыгъуэ яӀэ.

Гуэчыгъуэр псоуэ зэрекӀуэкӀыр мыра: провинциэплӀы, куей 53, муниципалитет 315, чылисэ Ӏухьэгъу 3,778. Чылисэ Ӏухьэгъуэр — хэкум и хабзэжь лъэпкъыгъу щыт.

Галисиэм дэсхэм зэреджэр — галисийхэ (гал-бз. galegos). Илъэсишъэ хуэдизкӀэ Галисиэм и джылэ бжыгъэр нэхъ хому хэхъуэт Исбухьэнпсом елъытамэ, ар зтеухуар нэхъыбу Латин Америкэмрэ Исбухьэнм и пэмыкӀ лъэныкъуэхэмрэ эмиграциэ зэрекӀуэкӀам шъхьэкӀэ. 1857 гъэм, Исбухьэнпсом елъытамэ Галисиэм нэхъ Ӏуву джылэ здыдэса щыӀэкъым, къэрал псом и 11,49 % хъут, 2007 гъэм 6,13 % нэхъ хъуакъым.

Галисиэм и демографиэ зэхъуэкӀыгъуэр
процентымкӀэ хуэлъытэгъуэ иӀу[1]
18571887190019101920193019401950
Джылу1.776.8791.894.5581.980.5152.063.5892.124.2442.230.2812.495.8602.604.200
Проценту11,49 %10,79 %10,64 %10,32 %9,93 %9,42 %9,59 %9,26 %
19601970198119911996200120062008
Джылу2.602.9622.583.6742.753.8362.720.4452.742.6222.732.9262.767.5242.794.796
Проценту8,51 %7,61 %7,30 %6,90 %6,91 %6,65 %6,19 %5,99 %
Къалэ мин 50.000 фӀэкӀыу джылэ здыдэс
Къалэр
Виго

Ла Коруниа

Оренсэ

Луго

Сантиаго де
Компостела

Понтеведра

Феррол
Джылу295,703245,164107,18695,41693,71280,09675,181
Къызхэхар: Исбухьэнм и Лъэпкъэгъу Институт СтатистикэмкӀэ.

Лэжьыгъэм щыщу нэхъ зэфӀэгъувар Галисиэм шхыным епхахэра (нэхъыбу бжъэжъей консевхэм), кхъухьшъыгъэ, фатэгынлэжьыгъэ. Галисиэм и нэхъышъхьэ къалэхэр а лэжьыгъэхэмкӀэ Вигорэ Ла Коруниарэ.

Аграриэ лэжьыгъэм пӀэ нэхъ иныр иӀыгъ Галисиэм. Губгъуэ-былым лэжьыгъэмрэ бжъэжъей ешъэнымрэ галисиэм и 50 % джылэр хэт. Губгъуэ-былым лэжьыгъэхэм нэхъ зыпылъхэр: лы, шэ, санэ щӀыгъэ, жыгхадэ зехьэным джоуэ.