БгыфӀыцӀей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
БгыфӀыцӀей Республикэ
къущ-бз. Црна Гора / Crna Gora
Дэмыгъэ КъушъхьафӀыцӀэм
КъушъхьафӀыцӀэм и нып КъушъхьафӀыцӀэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 42°47′00″ с. ш. 19°28′00″ в. д. / 42.783333° с. ш. 19.466667° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Ој свијетла мајска зоро» (Макъ едэӀун (info))
Хуитыныгъэм и махуэ 2006 мэкъуауэгъуэм и 3 (зхэкӀар Йугославиэ)
Нэхъышъхьэбзэхэр бгыфӀыцӀэбзэ, етӀуанэху сербыбзэ, албаныбзэ, хорватыбзэ, боснийбзэ.
Къалэ нэхъышъхьэр Цетинэ
Къалэ нэхъ инхэр Подгорицэ, Никшич, Плевла, Биело-Поле
ӀэнатӀэ хабзэр Республикэ
Президент
Премьер-Министр
Филип Вуянович
Мило Джуканович
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
155-нэ дунем
13 812 км²
1,5
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2017)
Ӏувагъыр

642,550 цӀыху (164-нэ)
48.7 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$6,955  (145-нэ)
$11 110
Сомыр (Валутэр) Еуро
Интернет-доменхэр .me (yu; .cs)
Зэманыгъуэхэр +1

БгыфӀыцӀей (къущ-бз. Црна Гора, Crna Gora, нэхъыбу зэреджэр урымыцӀэ — Montenegro) — къэрал къуэкӀыпӀэ-ипщэ Еуропэм, Бэлканым тет, адриатикэ хым иӀуфэкӀэ. Ӏуашъхьа фӀыцӀэм ицӀэкӀэ траӀуа.

Адриатикэ хыӀуфэм ус, и гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр Хорватиэм къуэхьапӀэмкӀэ, Боснэрэ Герциговинэрэ - ишъхъэрэ-къуэхьапӀэмкӀэ, Сербиэм ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ, Косовэм къуэкӀыпӀэмкӀэ, Албаниэм ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ.

2006 гъэм нэгъунэ конфедеративнэ Къэрал Сербиэрэ КъушъхьафӀыцӀэрэ хэта, а къэралым и 13 % шӀыр иубыду, Къэралыр хуит щыхъуар 2006 гъэм.

Джылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

2003 гъэмкӀэ КъушъхьафӀыцӀэ 620 145 мин цӀыху дэс (илъэсым 13% къыхэхъу)

ЛъэпӀкъ дэсхэр:

  • бгыфӀыцӀейхэр - 43,16 %
  • сербхэр - 31,99 %
  • боснэхэр - 7,77 %
  • муслъымхэр - 5,07 %
  • албанхэр - 3,01 %
  • хоруатхэр - 1,10 %
  • урысхэр - 1,00%
  • цыджанхэр - 0,42 %
  • пэмыкӀыу - 5,56%

Къэралым ябзэхэр:

  • бгыфӀыцӀеибзэ - 85,7 %
  • албаныбзэ - 5,3%

Диныр:

  • чристэн - 74,24 %
  • муслъымэн - 17,74 %
  • католик - 3,54 %

БгыфӀыцӀейхэм янэхъыбэм "бгыфӀыцӀей, серб" джоуэ залъытэ, лъэпӀкъытӀу. Къэралым кӀэупшӀакӀуэ лъэпӀкъым теухуауэ щырагъэкӀуэкӀам цӀыхухэм янэхъыбэм апхуэдэ джэуап ята. Сербхэмрэ къушъхьафӀыцӀэхэмрэ тхыдэкӀэ зэӀыхьлъы зэхохъухэ, Чыристэн чылисэмкӀи, бзэмкӀы (къушъхьафӀыцӀэхэм янэхъыбэм ябзэр сербыбзэм ипсэлъэкӀу ялъытэр).

Хэкухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

БгыфӀыцӀейр 21 хэкукӀэ гуэча. Хэкухэм яцӀэхэр къалэ Ӏаташъхьа дэтхэмкӀэ траӀуа:

  • Андриевица
  • Бар
  • Беранэ
  • Биэло-Полэ
  • Будва
  • Даниловград
  • Жаблак
  • Колашин
  • Котор
  • Мойковац
  • Никшич
  • Плав
  • Плужинэ
  • Плевлэ
  • Подгорица
  • Рожае
  • Тиват
  • Улцинь
  • Херцег-Нови
  • Шавник

Тхыдэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

БгыфӀыцӀейр хуит къэралу щыхъуаэ XVIII илъэсишъэм, Бэлкан хы тӀыгуныкъуэм тет къэралхэм япэреуэ Уэсмэн пэштыхь къэралым къыхэкӀа. Къалэ нэхъышъхьу апщыгъуэм щытар Цетинэ. Апхуэду япэре дуней зауэм нэгъунэ щыта, яужкӀэ 1918 гъэм Серб, Хорват, КъушъхьафӀыцӀэ пщы къэрал зэхэтым хэхьа. Югэславыр зэрзэхэкӀрэ (1992 гъэм) Республикэ Югославым хэта, 2003 гъэм Сербиэ КъушъхьафӀыцӀэ Зэхэт Къэрал хъуа. Референдумым яуж хуитыныгъэм шъхьакӀэ ирагъэкӀуэкӀар 2006 гъэм 55,5 % джылэр республикэмрэ зэхэт къэралымрэ хэкӀыну хэха, 2006 гъэм КъушъхьафӀыцӀэр хуит хъуа. Иджырей къалэ Ӏаташъхьар - Подгорицэ.

VI илъэсишъэм КъушъхьафӀыцӀэм слэванхэр къохьари лъэпӀкъ исхэм яхотӀысхьа.

  • 1042 - слэван къэрал яшъыр Дукла ицӀу (визэнтийхэм ятекӀуа нэуж)
  • 1077 - Римым инэхъыжъ шоджэн Джэрджэ VII къэралым арэзы хохъури анатӀу rex Dioclea (Дукла ипщы) ирет ияпэре пщым Михайло Воиславовичей лъэпӀкъым ящыщу. ЯужкӀэ къэралым ЗэтэкӀэ йоджэ.
  • 1185 - Зэтэр Сербым хагъэхьа.
  • 1326 - Зэтэр хуит мэхъужь.

Ягъунэгъу Сербиэм туркур текӀуа нэуж Косэвэ губгъуэм идежь 1389 гъэм, езыхэми тыркухэр къатеуэн хуежьэну хъуа. Зэман гуэрэм Венецэ республикэр къашъхьащытти, яшъхьащиха ар.

  • 1496 - КъушъхьафӀыцӀэм Уэсмэн Пэштыхь къэралым ипротекторату мэхъу, ауэ зэи Пэштыхь къэралым хэтэкъым (тыркухэм яӀэнатэр ипшъэ-къуэкӀыпӀэм Зэтэм фӀэкӀтэкъым)
  • 1516 - 1852 - КъушъхьафӀыцӀэр теократик къэралу щыта, инэхъыжъу пщы тетым чылисэ ӀанатӀи епископ джоуэ иӀу. Къалэ нэхъышъхьу Цетинэр.
  • 1852 - КъушъхьафӀыцӀэ светскэ къэрал мэхъу (Данилэ II ипщу, Петрович-Негошей лъэпӀкъым ящыщу)
  • 1878 - Сан-Стефан тхылъымкӀэ КъушъхьафӀыцӀэм ихапӀэхэр нэхъ ин ешъыр тыркум иӀыгъа шӀыгухэр къиштэжьу.
  • 1878 - КъушъхьафӀыцӀэр 27-ну къэрал хуиту дунем къалъытэ, ихапӀэхэми янэхъыбэр дэкӀыгъу.
  • 1918 - Никола I пщыр токӀыр, парламентым Серб, Хорват, Словенхэм якъэралым хэхьану хахыр (Серб пщы лъэпӀкъым ям)
  • 1919-1924 - джылэм заӀатыр серб ӀанатӀэм хэкӀыну.
  • 1941 - 1943 - джэрмэн-урым оккупацэм иде Югославыр КъушъхьафӀыцӀэр Урымым ипротэкторатым кӀэта, пщы къэрал хуэду, пщыр ауэ трагъувакъым, ӀанатӀэр зыӀыгъар коллаборационист администрацэм Секула Дрлевич.
  • 1943 - 1944 Джэрман оккупацэ.
  • 1944 - 1945 Югослав партизанхэм яӀыгъ
  • 1946 - 1992 - Социалистическэ Республикэ КъушъхьафӀыцӀэ СФРЮ-м хэту
  • 2006 - КъушъхьафӀыцӀэм ипэрламентым къэралыр хуиту траӀуэ