Jump to content

Даниэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Даниэ
дан.-бз. Kongeriget Danmark
Дэмыгъэ Даниэм
Даниэм и нып Даниэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 55°47′00″ с. ш. 9°47′00″ в. д. / 55.783333° с. ш. 9.783333° в. д. (G)

Гоуидзэр: «Guds hjælp, Folkets kærlighed, Danmarks styrke»
Къэрал уэрэд: «Der er et yndigt land» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар VIII
Нэхъышъхьэбзэхэр даниэбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Копенгаген
Къалэ нэхъ инхэр Копенгаген
ӀэнатӀэ хабзэр пэштыхъэй
Пэштыхъэй
Премиер-министр
Маргрете II
Хелле Торнинг-Шмитт
ШӀыпӀэр
• Псори
 % псым пӀэуэ иубыдыр
134-нэ дунем
43 098 км²
1,6
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
Ӏувагъыр

5 526 000 цӀыху (104-нэ)
126,4 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2010)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$200.796 млрд  (45-нэ)
$36 336
Сомыр (Валутэр) даниэм и крона (DKK, кодыр 208)
Интернет-доменхэр .dk
Телефон кодыр +45
Зэманыгъуэхэр +1
Даниэ Уикисурэтылъэм

Даниэ (дан.-бз. Kongeriget Danmark) — Еуропэм хэт къэрал. Къалэ нэхъыщъхьэр — Копенгаген.

Европэ Ищхъэрэм щыӏэ къэралыр, Данием и пащтыхьыгъуэ Зэгуэтым и зэгу-хьэныгъэм хэт нэхъыжьыр, Фарер хытӏыгухэри Гренландием и автономнэ щӏыналъэри хэту. Даниер скандинав къэралхэм я нэхъ ипщэщ. Къалащхьэмрэ къалэ нэхъ инымрэ Копенгагенщ, нэгъуэщӏ къалэшхуэхэр — Орхус, Оденсе, Ольборг, нэгъуэщӏхэри.Къэралыбзэр — даныбзэщ; Фарер хытӏыгухэм бзэ нэхъыщхьэр фарерыбзэрщ, Гренландием — гренландыбзэрщ. [1]

Даниер Ютландие хытӏыгуныкъуэмрэ Фюн, Зеландие, Фальстер, Лолланн, Борнхольм хытӏыгухэмрэ щыӏэщ, Ищхъэрэ-Фризскэ ӏыхьэхэм, нэгъуэщӏхэми Ютландие хытӏыгуныкъуэм и ипщэ лъэныкъуэмкӏэ Даниер Германием гъунэжщ. Ищхъэрэ, Балтие тенджызхэмкӏэ ятхьэщӏ; Скагеррак псыдэжыпӏэм Даниер Норвегием къыхегъэщхьэхукӏ, Каттегат, Эресунн псыдэжыпӏэхэр Швецием къыхегъэщхьэхукӏ. Фэрыщӏыгъэкӏэ Данием хохьэ дунейм щынэхъ ин дыдэ хытӏыгур-Гренландиери, Фарер хытӏыгухэри, арщхьэкӏэ а щӏыналъэхэм къагъэсэбэп ахэр щхьэхуит пэлъытэ зыщӏ самоуправленэр. Щӏым иубыд щӏыпӏэр — километр зэбгъузэнатӏэ 42 394-рэ; псыкӏэ-километр зэбгъузэнатӏэ 700. Точкэ нэхъыщхьэр-Идинг — Сковхэщ (173 метрэ ), нэхъ лъахъшэр-Ламмефьордщ (- 7 метрэ). Германием и гъунапкъэхэм я кӏыхьагъыр километр 67 — рэ мэхъу. псы ӏуфэм и Кӏыхьагъыр километр 7314 — рэ мэхъу.[2]

  1. https://www.dst.dk/en/Statistik/emner/borgere/befolkning/befolkningstal
  2. https://ru.wikipedia.org/wiki/%D0%94%D0%B0%D0%BD%D0%B8%D1%8F#cite_note-Statistik-5