Андалусиэ
Андалусиэ Andalucía | |
Нып |
Дэмыгъэ |
Къэрал | Исбухьэн |
Къэрал уэрэд: | Himno de Andalucía |
Статус | Автоном лъэпкъыгъуэ |
Хиубыдэр | Провинциэхэр: Алмериэ Кадис Кордова Гранада Уэлва Хаэн Малага Севиджэ |
Къалэнэхъышъхьэ | Севиджэ |
Къалэшхуэр | Севиджэ |
ПэмыкӀ къалэшхуэхэр | Малага, Кордова |
Президент | Хосе Антонио Гриниан |
Нэхъышъхьэбзэр | Исбухьэныбзэ |
Джылэр (2005) |
7,850 млн (1-рей пӀэ) |
Ӏувагъыр | 89,95 цӀыху/км² |
Инагъыр | 87 268 км² (2-рей пӀэ) |
ЛъэгапӀэр хуэлъытэгъуэкӀэ - ЛъэгапӀэ нэхъ индыдэр |
Мулиасен 3 478 м |
Кодыр ISO 3166-2 | AN |
Официал сайтыр |
Андалусиэ (исп-бз. Andalucía) — эспанэ зэгуэт автоном шӀыпӀэ, хэкуи зэхэту: Алмериэ, Кадис, Кордова, Гранада, Ӏуэлвэ, Хъаен, Малага, Севиджэ. И къалэ нэхъышъхьэр Севиджэ. Андалусиэр Еуропэм и ипшъэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэлъ, ипшъэмкӀэ Гибралтар Ӏузэвымрэ Хы Курытымрэ Ӏулъ, къуэхьэпӀэмкӀэ Португалымрэ Атлантик океанымрэ и гъунапкъыр ирокӀуэ. Исбухьэнм и кӀуэцӀым и гъунапкъхэр ишъхъэрэм Эстремадурэмрэ Кастиджэрэ Ла Манчэмрэ ирокӀуэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ Мурсиэм бгъэдохьэ.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ал-Андалус — хьарып-мыслъымэн цивилизациэ, VIII—XV лъэхъэнэхэм бэлыхьу щытауэ Иберий хы тӀыгуныкъуэм, пэмыкӀыу иджыри «мыслъымэн ИсбухьэнкӀэ» еджу. Къэрал Ал-Андалусым Исбухьэнм и шӀыпӀэм щымыхъукӀэ иджыри Португалым ери хиубыдэт, и къалэ нэхъышъхьу щытар Кордова XI лъэхъэнэм нэс, яужым абы ипӀэм Севиджэрэ Гранадарэ иувахэ.
Мыслъымэнхэр Иберий хы тӀыгуныкъуэм щихьэхэр 711 гъэм, апщыгъуэм хэкум мыгъуэр вестготхэм къыхалъхьэт.
713 гъэм мыслъымэнхэм хы тӀыгуныкъуэм и нэхъыбэр яубыд, куэдым убыдыныр зауэншу, лъы ямыгъажу ирагъэкӀуэкӀыу.
Къэрал Ал-Андалусыр хокӀуадэ Колумбым Америкэр къыщигъуэт зэманхэм идежь.
ӀэнатӀэмрэ политикэмрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хэкум и ӀэнатӀэр зыӀыгъыр Андалусиэм и Хунта (Хасэ)
Партиэхэр Андалусиэм и парламентым хэтхэ:
- Исбухьэнм и социал лэжьакӀуэ партиэ
- Джылэ партиэ
- Сэмырабгъу зэгуэтхэр
- Андалусиэ и партиэ
Политикэ-администрациэ зэхэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Автоном зэгуэт Андалусиэр щызэфӀэувар 1980 гъэм мазаем и 28, и япэрей статиям автоном статусыр иратхауэ, а автономиэр и тхыдэ идентикэм къыхэкӀыу ӀэнатӀэ хуит иӀэну пӀалъи иӀу, Исбухьэнм и Констуциэм ар куей къэсым ириту.
2006 гъэм и жэпуэгъуэм, Конституциэ комиссиэм и Тхьэмадэ Кортесхэм хаха Статус кӀэ и автономиэмкӀэ, абым Андалусиэр къызэрилъытэр «лъэпкъыгъуэ реалу» (эсп-бз. realidad nacional).
Хэкухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пщы тхылъ 1833 гъэм къыдэкӀамкӀэ, куей гуэчыгъуэм теухуауэ, Андалусиэр хэкуийкӀэ мэгуэч. Ахэри яужкӀэ муниципалитет 770 зэхэкӀыжьху.
- Альмериэ (Almería) — 611, 037 джылу, 102 муниципалитету.
- Кадис (Cádiz) — 1, 178, 773 джылу, 44 муниципалитету.
- Кордова (Córdoba) — 784, 057 джылу, 75 муниципалитету.
- Гранада (Granada) — 854, 419 джылу, 168 муниципалитету.
- Ӏуэлвэ (Huelva) — 482, 965 джылу, 79 муниципалитету.
- Хъаен (Jaén) — 657, 714 джылу, 97 муниципалитету.
- Малага (Málaga) — 1, 453, 409 джылу, 100 муниципалитету.
- Севиджэ (Sevilla) — 1, 811, 177 джылу, 105 муниципалитету.
Сурэтылъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Эспаниэм и гуэшыгъуэр администрациэкӀэ |
||
---|---|---|
Автоном хэку | Андалусиэ | Арагон | Астуриэ | Балеар тӀыгухэр | Баскхэм я Къэрал | Валенсиэ | Галисиэ | Канар тӀыгухэр | Кантабриэ | Кастилиэ — Ла-Манча | Кастилиэрэ Леонрэ | Каталониэ | Мадрид | Мурсиэ | Наваррэ | Риоха | Эстремадурэ | |
Автоном къалэхэр | Сеутэ | Мелилиэ |