Япэрей дунейпсо зауэ
Япэрей дунейпсо зауэ | |||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| |||||||||||
| |||||||||||
Лъэныкъуэхэр | |||||||||||
Антантэр: Британиэшхуэ Фрэндж Урысей империэ АШЗ Белгэ Урым Сербиэ Шаблон:Flagcountry/КъушъхьафӀыцӀэ Румыниэ Алыдж Португал Япон пэмыкӀхэр. |
ПлӀанэ зэгуэт: Джэрмэн Аустрэ-Венгрэ Уэсмэн империэ Балгариэ | ||||||||||
Дзэпашэхэр | |||||||||||
Георг V Раймон Пуанкаре Николай II Вудро Вилсон Алберт I Виктор Эммануил III Пщыкъуэ-регент Александр Шаблон:Flagcountry/КъушъхьафӀыцӀэ Никола I Фердинанд I Панайотис Данглис Окума Сигэнобу |
Вилгелм II Франц-Иосиф I Мехмед V Фердинанд I | ||||||||||
Лъэныкъуэхэм я къэрур | |||||||||||
~38 млн. цӀыху | ~25 млн. цӀыху | ||||||||||
ХэкӀуэдахэр | |||||||||||
700 мин хэкӀуэдауэ; 1 200 млн. хэкӀуэдауэ; 2 250 млн. хэкӀуэдауэ; 116 мин хэкӀуэдауэ; 58 мин хэкӀуэдауэ; 460 мин хэкӀуэдауэ; 127 мин хэкӀуэдауэ; Шаблон:Flagcountry/КъушъхьафӀыцӀэ 13 мин хэкӀуэдауэ; 200 мин хэкӀуэдауэ; 16 мин хэкӀуэдауэ; 7 мин хэкӀуэдауэ; 415 хэкӀуэдауэ; |
2 млн. хэкӀуэдауэ; 1 400 млн. хэкӀуэдауэ; 804 мин хэкӀуэдауэ; 100 мин хэкӀуэдауэ; |
Япэрей дунейпсо зауэ (1914 бадзэуэгъуэм и 28 — 1918 шъакӀуэгъуэм и 11) — цӀыхум я тхыдэм зауэ нэхъ индыдэхэм, нэхъ лъыгъажэхэм ящыщ. Зауэм зыхичар къэрал 38 (а зэманым 59 шъхьэхуиту къэрал щыӀахэм дунейм).
Япэрей дунейпсо зауэр цӀэуэ къыщытенар ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм яуж. ЗауитӀым я зэхуаку зэманым зэреджэтэр Дуней Зауэ иэ Зауэшхуэ (индж. Great War).
Урысей/совет тхыдэм цӀэ къагъэсэбэпхэтэр Етуанэ Къэрэлъыгъуэ зауэ, Империал зауэ, Джэрмэн зауэ.
КъызхэкӀар
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Фрэндж-прусиэ зауэм яуж 1870 гъэм, джэрмэн къарал цӀыкӀу бжыгъэ зэшъхьэщыдзахэр зыуэ зэгохьэхэ Прусиэр яшъхьэщыту, Джэрмэн империэ джоуэ. Зауэншэ тхылъ къыдахамкӀэ Джэрмэным фрэндж провинциэ Элзасрэ Лотарингиэрэ хохьэхэ. 1882 гъэм Джэрмэныр шъхьэщыту Щанэ алианс зэхохьэ Аустрэ-Венгрэмрэ Урымымрэ хэту.
Фрэндж реваншистхэм гугъу яӀэтэр шӀыгу яфӀэкуэдахэр къагъэзэжьын. Абы шъхьэкӀэ 1893 гъэм Фрэнджым тхылъ кӀетхэ Урысей империэм дэкӀыгъу зауэ пэщытыным зэгуэтынху. Британиэшхуэр хуэтэкъым еуропэкӀуэцӀ зэпэубыдыгъэхэм хэхьэну, ауэ джэрмэн дзэ зыкъэзыӀэтым (нэхъыбу хыдзэм) тегушхьыхри 1907 гъэм Антантэм хэхьэ.
ЗэрыхъумкӀэ 1914 гъэм Еуропэм къэралышхуэхэм я зэпэубыдыгъэхэм зэпэщыту политик-дзэ алянситӀ къыхокӀхэр.
Сараево щаукӀамрэ зауэр зэркӀидзамрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зауэр къэзгъэжьа хъуар 1914 гъэм макъуауэгъуэм и 28 аустрэ-венгрэ герцог Франц-Фердинандыр серб националист Гаврила Принципым щиукӀам. Аустрэ-Венгрэм ултиматум хуигъува Сербиэми 1914 бадзэуэгъуэм и 28 зауэ ирита. Абы щыгъуэ Урысей империэм Сербиэм куэд шъауэ къыдэшътэр и дзэр къыӀэтын кӀедзэ. Джэрмэным къыхуиӀохуа Урысейм щигъэтыну, пэштыхьейм ар къыщимылъытэм 1914 гъэм шышъхьэӀум и 1 Урысей империэм зауэ ирита. 1914 гъэм Джэрмэным Фрэнджымрэ Белгэмрэ, шышъхьэӀум и 4 Британиэшхуэм зауэ ирет Джэрмэным
Зауэр зэрекӀуэкӀар
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ШӀыгум и лэныкъуэ бжыгъэм екӀуэкӀт зауэр, ауэ и гъунапкъэ нэхъ инху щытахэр къуэхьэпӀэр Белгэмрэ Фрэнджымрэ я шӀыпӀэм идежь, къуэкӀыпӀэр Прусиэм, Урысей империэм, Галициэм, Румыниэм. Зауэр кӀэху екӀуэкӀын ягугъа, мазэ зытӀущ нэхъ имыхьыну.
Джэрмэным и мурадтэр Фрэнджым и дзэр зэгуиуду яужым и къэрууэ хъуар къуэкӀыпӀэмкӀэ хидзу Урысейми текӀу. Фрэнджымрэ Джэрмэнымрэ я гъунапкъэхэр фӀыуэ гъэбыдауэ зэрщытым шъхьэкӀэ Шлиффен и гугъэмкӀэ теуэн мурад яшъа, я гунэгъу Белгэм мы гъэбыда шӀыпӀэм теу, фрэнджхэм я быдапӀэ гъэхьэзырахэр ягъэчу гъунапкъэ бгъуэуэ зэгокӀхэри ятоуэ.
Белгэм и дзэ цӀыкӀу Ӏэшэ хъэрзыни зимыӀэр пэщытыфакъым джэрмэныдзэм, абы шъхьэкӀэ джэрмэнхэр кӀэху ирикӀуэхэт къэралым, фокӀадэм и 3 Париж Ӏухьахэ, дэхьэным км 40 нэхъ къэмынэжьауэ. ФокӀадэм и 5 Марным идежь зауэр кӀадза.
АпкӀэнтӀэху къуэкӀыпӀэ гъунапкъэм урыс дзэхэр генерал Самсоновымрэ Ренненкампфымрэ джэрмэным и КъуэкӀыпӀэ Прусиэм йохьэхэ, абым шъхьэкӀэ джэрмэнхэм къуэхьэпӀэ гъунапкъэм и дзэныкъуэр къыхечри къуэкӀыпӀэмкӀэ едзыр, яужым фрэнджхэр токӀуэ Марн зауэм.
Япэреуэ урыс дзэзэчэхэм я къэру къыхьами яужым куэдрэ хэукъуахэ, шышъхьэӀум и 26-30 джэрмэныдзэр ятекӀуэн кӀидзэри КъуэкӀыпӀэ Прусиэм къыдахужьахэ.
АпкӀэнтӀэху, ипшъэ гъунапкъэм, Галициэм урысыдзэм и къэру къыхьт, Галициэм и кӀуэцӀым хэхьэуэ, аустрэ-венгырым и дзэр зэхикъутауэ, мин бжыгъэ анэмэту ишта. Урысыдзэм и хэкӀыгъэр джэрмэн лъэжьыгъэ-куейхэм нэст Силезиэмрэ Познанимрэ, аргуэру джэрмэнхэм я дзэм и ныкъуэр къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм къыхачыр.
Хъэрзыну зыми щынэмысхэм зэпэщыт лъэныкъуэхэм я гъунапкъэ яӀыгъхэр ягъэбыдэн кӀадза, Зауэ гъунапкъэхэр зэфӀэувахэ.
ШышъхьэӀум зауэм Японыр къыхохьэ (Антантэм и лъэныкъуэм), 1914 гъэм жэпуэгъуэм Уэсмэн имериэр хэхьэ (Джэрмэным къыдэшъу). Зауэр щыкӀидзам Урымыр Щанэ алиансым хэту, ауэ зыми и лъэныкъуэ къызэримыштэр къыӀохуа. 1915 нэкъыгъэм и 23 Урымыр зауэм хэхьа, ауэ иджы Антантэм и лъэныкъуэ иӀыгъу.
1915 гъэм зэгуэт къэрухэм Ӏузэв Босфорымрэ Дарданеллымрэ яубыдын гугъэ яшъыр, урысыдзэм и къэрур хэгъэхъуэн шъхьэкӀэ. ЦӀыху мин бжыгъэ хэкӀуэда, Ӏузэвхэр тӀум щыгъуи къаштакъым.
1915 мэлыжьыхь-нэкъыгъэм инджылызхэр Ипыр къалэм идежь теуэн кӀадзэ ауэ я къэру къыхькъым. КъуэхьэпӀэмкӀэ зауэ гъунапкъыр дистабилизациу зэрщытыр джэрмэныдзэмрэ аустрэ-венгыр дзэмрэ яшъхьэ къыхуагъэсэбэп, я къэрууэ хъуар Урысей империэм теуэным шъхьэкӀэ ядзыр, зэуэм хыгъэкӀын ягугъу абымкӀэ. Урысыдзэ ӀэшэмкӀэ куэду хуэныкъуар Гарициэ, Полшэр, Балтикэм и ныкъуэр къыикъэнэн хуэй мэхъур. Ауэ тауэ щымытми Урысей империэм текӀуакъым.
1915 гъэм жэпуэгъуэм зауэм Болгариэр хохьэ Щанэ алиансым я лъэныкъуэ къыштауэ. Сербиэ зи хъуреягъыр зэхуэшъа хъуар аустрэ-венгырхэмрэ болгархэмрэ оккупациэ яшъа.
Гъатхэпэр урысейдзэм зауэ ирагъэкӀуэкӀа псыхъурей Нароч идежь, къыгъуэт къуэхьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэхэм куэду къахуэшъхьэпар. 1916 мэлыжьыхьым и 21 джэрмэнхэр къуэхьэпӀэ гъунапкъым теуэн кӀадзахэ, Верден и лъэныкъуэмкӀэ. Зауэм цӀэ траӀуар «Верден лъыгъажэ» - километыр зытӀущкӀэ джэрмэнхэм хэкӀуэтауэ, цӀыху мин 900-м фӀэкӀыу хэкӀуэда.
1916 нэкъыгъэм урысей дзэр Брусилов Алексейр яшъхьэщыту, ишъхьэрэ-къуэхьэпӀэ зауэ гъунапкъым бгъуэуэ техьэн кӀадза, «Брусилов и пхырыудыпӀэ» яужым зытраӀуам. Урыейм и дзэм и къэру къызэрихьыр Румыниэм щилъагъум Антантэм и лъэныкъуэ къэштэри зауэм хохьэ. ЯпэрейкӀэ румыныдзэм и къэру къыхьа шъхьэкӀэ яужым и дзэр зэгуауда, и шӀыпӀу хъуар аурстрэ-джэрмэн дзэхэм оккупациэ яшъауэ.
Джэрмэныдзэр Верденым нэхъ ипэджыжьу къыкӀэрычын шъхьэкӀэ 1916 бадзэуэгъуэм и 1 зэгуэтхэм зауэ ирагъэкӀуэкӀ Сомма псыхуэм идежь, тхыдэм а зауэр зэр хэхьар япэреуэ танкхэр абдежьым къагъэсэбэпа.
А зауэ 1916 екӀуэкӀам куэд ихьа шъхьэкӀэ лъэныкъуитӀым яз хъэрзыну пари къахуихьэкъым.
1917 мазаем Урысей империэм Мазае револуциэ къокӀуэкӀ, пэштыхьыр трагъэкӀ. ӀэнатӀэм Ӏухьа КӀэх хасэр зауэм къыхэмыкӀыу къэӀуоху, «ТемыкӀуэху хэтыну»
1917 гъэм мэлыжъыхьым и 6 зауэм АШЗ-р хохьэ, Антантэм и лъэныкъуэр къыштауэ. Мин бжыгъэ америкэ шъэуэгъэ Еуропэм къокӀуэхэ.
1917 жэпуэгъуэм Урысейм аргуэру зы револуциэ къокӀуэкӀ, "инхэм" ӀэнатӀэр яубыд. 1918 гъатхэпэм и 3, зауэр иригъэкӀуэкӀын къэру ямыӀу "инхэм" Брест зауэншэ тхылъыр кӀатхэ. Урысейм Полшэр, Балтикэ къэралхэр, Урысыхумрэ Украинэмрэ я ныкъуэхэр фӀэкӀуэдауэ къыхэкӀа, контрибуции итауэ млрд. 6 джэрмэн марку.
Урысейр зауэм зэрхэкӀыу Джэрмэным и дзэр къуэхьэпӀэмкӀэ едз зэуэ. 1918 гъатхэпэм и 21 джэрмэныдзэр Фрэнджым йохьэр, нэкъыгъэм и кӀэм джэрмэнхэр аргуэру Марна и псыхъуэм Ӏохьэхэ.
1918 бадзэуэгъуэм и 18 америкэ-фрэндж дзэхэм контратакэ кӀадзэ, джэрмэныдзэр хом-хомурэ ӀуагъэкӀуэту. Джэрмэным и къэрухэр иухат.
1918 жэпуэгъуэм и 29 джэрмэным и хыдзэ кхъухь Кил идежь щыӀэхэм унафэ ират, хым хэкӀыу британ хыдзэм я теуэну. Зауэм хущыкӀа хыдзэ шъауэгъуэхэм заӀэтри, а зыӀэтыгъуэр хомурэ револуциэ мэхъур. 1918 шъакӀуэгъуэм и 9 джэрмэн пэштыхьыр трагъэкӀ, къэралым республикэ траӀуэ. 1918 шъакӀуэгъуэм и 11 джэрмэн тхьэмадэхэм зауэншэ тхылъ кӀатхэ, Компиен мэзым (Фрэндж идежь)
Зауэр зэриухар
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зауэ екӀуэкӀам империэплӀы хигъэкӀуэда - Урысей, Джэрмэн, Уэсмэн, Аустрэ-Венгыр джоуэ. Версал зауэншэ тхылъымкӀэ Джэрмэным и колониу хъуар фӀэкӀуэда абы пэмыкӀыу и шӀыналъэми щыщ. И дзэр зэхагъэкӀа, дзэм къулыкъу хьын унафэр Ӏуаха. Дзэр зэрзэфӀэувэн хуэяр шхьэхуиту кӀуэ къуэдейхэмкӀэ, абыхэм я бжыгъэр мин 100 фӀэкӀын хуэйтэкъым. Джэрмэным контрибуциэ бжыгъэ итыжьын хуэя Антантэм хэт къэралхэм.
Япэрей дунейпсо зауэм зэхигъэкӀакъым къэралышхуэхэм я зэпэубыдыныгъэхэр.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Япэрей дунейпсо зауэ Уикисурэтылъэм? |