Jump to content

Белгиэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Белгэ къызыхэкӀар)
Белгиэ Пэщтыхьей
фр-бз. Royaume de Belgique
джэр-бз. Königreich Belgien
нид-бз. Koninkrijk België
Дэмыгъэ Белгэм
Белгэм и нып Белгэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 50°32′00″ с. ш. 4°46′00″ в. д. / 50.533333° с. ш. 4.766667° в. д. (G)

Гоуидзэр: «Eendracht maakt macht (нидерл.)»
«L’union fait la force (фр.)»

«Einigkeit macht stark (дж.)»

Къэрал уэрэд: «La Brabançonne» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 1839
Нэхъышъхьэбзэхэр нидерландхэбзэ, фрэнджыбзэ, джэрмэныбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Брюсел
Къалэ нэхъ инхэр Антверпен, Гент, Льеж, Шарлеруа, Брюгге
ӀэнатӀэ хабзэр Пэщтыхьей
Пэщтыхьей
Премиер-министр
Филип
Шарл Мишел
ШӀыпӀэр
• Псори
 % псым пӀэуэ иубыдыр
139-нэ дунем
30 528 км²
6,4
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2008)
Ӏувагъыр

10 414 336 цӀыху (78-нэ)
344 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$389,793 млрд  (29-нэ)
$36 415
Сомыр (Валутэр) Еуро (BlUR, кодыр 978)
Интернет-доменхэр .be, .eu
Телефон кодыр ++32
Зэманыгъуэхэр +2

Белгиэ (Белгэ Пэщтыхьей, фр-бз. Royaume de Belgique, джэр-бз. Königreich Belgien, нид-бз. Koninkrijk België) — Еуропэм хэт къэрал. Къалэ нэхъыщъхьэр — Брюсел.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Белгэм и хэкумэтх
Белгэм и шӀыпӀэтхыпхъэ

Белгэ къуэхьэпӀэ Еуропэм хэт. Гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ипшъэмкӀэ — Нидерландхэм, ишъхъэрэмкӀэ — Фрэнджым, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Луксембургым, Джэрмэным.

Къэралым и шӀыпӀэм и инагъыр — 30 528 км².

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Белгэм и тхыдэр
Ди эрэм и пэщӏэдзэм Бельгием и щӏыналъэм щыпсэуащ кельтхэм къахэкӏа белг лъэпкъыр. Ди эрэм и пэкӏэ 54-м Галлием и ищхъэрэ лъэныкъуэмкӏэ щыӏэ областыр, иджырей Бельгием хуэкӏуэр, Цезарь Юлий и дзэхэм къазэуащ, кельтхэри къыщигъэлъэгъуащ и «Галль зауэм теухуа Тхыгъэхэм» (консулым Галль зауэм теухуауэ итхахэм щыщщ: «белгхэм я зэхуэдитӏыр зэтраукӏащ, адрейхэр пщылӏ хъуащ...»). V лӏэщӏыгъуэм Къухьэпӏэ Рим империер ехуэха нэужь, Галлие рим провинцэр къахьащ мыбы зи пащтыхьыгъуэ къыщызэзыгъэпэща германием и франк лъэпкъхэм. XIII-XIV лӏэщӏыгъуэхэм Бельгием и щӏыналъэр Инджылызымрэ Франджымрэ я бэнэныгъэ утыкут. Курыт лӏэщӏыгъуэхэм Бельгиер Бургунд герцогствэм хэтащ.[1]

1477-1556-Бургундская Марие и династикэ нэчыхьым бургунд щӏыналъэр Рим империе Лъапӏэм хигъэхьащ.

1556-1713-Испанием хэту. Илъэс пщӏей зауэм Щӏэдзапӏэ хуэхъуащ Бельгием и щӏыналъэхэр протестант Нидерландхэм къахэгъэщхьэхукӏыныр. [2]

1713-1792-рим империе Лъапӏэм хэту австрием и Нидерланду.

1792-1815-Франджым хэту.

1815-1830-Нидерландхэм яхэту Венэ конгрессым къищта унафэм ипкъ иткӏэ. Арщхьэкӏэ Бельгием ис куэд арэзытэкъым Нидерландхэм залымыгъэкӏэ зэрыгухьамкӏэ (псом япэу франкыбзэ зыщӏэ цӏыхухэмрэ католик дин лэжьакӏуэхэмрэ, нидерландыбзэмрэ протестант динымрэ зэрызэкӏэлъыкӏуэм хуэдэу я мыхьэнэр нэхъ лъэщ хъункӏэ шынэхэр).

1830 гъэм фокӏадэм и 23-м бельгием и революцэщ, а гъэ дыдэми Белгиер Нидерланд пащтыхьыгъуэм къыхэкӏри, щхьэхуитыныгъэ игъуэтащ. [3]

Белгиер Саксен-Кобург-Готскэ лъэпкъым щыщ Леопольд Езанэр (пащтыхьыр 1831 гъэ лъандэрэ) зи пашэ пащтыхьыгъуэ нейтральнэ мэхъу. Бельгием Япэ дунейпсо зауэм хэщӏыныгъэшхуэ игъуэтащ. Къэралым и нэхъыбэр яубыдами, зауэ псом бельгиемрэ инджылызыдзэмрэ яӏыгъащ ищхъэрэ тенджызымрэ Изер псымрэ я зэхуакум дэубыда къэралым щыщ ӏыхьэ мащӏэ.[4]

Япэ дунейпсо зауэм иужькӏэ Бельгием зыхъумэжыныгъэ стратегиер зытещӏыхьар 1920 гъэм Франджым иращӏылӏа дзэ зэгурыӏуэныгъэрт Джрмэныр и гъунапкъэр хъумэныр зэрызэрагъэуӏуар, нэмыцэхэр къатеуэмэ, дзэхэр къэралым ирашэу франджы дэӏэпыкъуныгъэр шэсыпӏэ зэриувар. Арщхьэкӏэ 1936 гъэм зэгурымыӏуэныгъэхэм я зэранкӏэ ар якъутэжащ германо-франджы зауэ къэхъумэ, нейтралитетыр ихъумэну щыуагъэншэу зыщыгугъ Белгием. Арати, Джэрмэныр 1940 гъэм накъыгъэм (майм) и 10-м къыщытеуам ирихьэлӏэу къэралитӏым я зыхъумэжыныгъэ мурадхэр зэгурыӏуауэ къыщӏэкӏащ, ар нэмыцэхэм ядэӏэпыкъуащ. Белгием и дзэхэр пэщӏэтащ 1940 гъэм накъыгъэм и 10-м къыщыщӏэдзауэ и 28 пщӏондэ (Белгием и операцэ (1940)), абы иужькӏэ Белгиер Зауэм къыхэкӏыжащ, Джэрмэным и пащхьэм зыщитри. Правительствэр Инджылызым щӏэпхъуэжащ, ауэ пащтыхь Леопольд III и хэкум къинащ, нэмыцэхэм я гъэру къыщӏэкӏри (1944 гъэм ар союзыдзэхэр къыщыблагъэм Германием ягъэӏэпхъуэри, ӏэмалыншагъэкӏэ 1945 гъэм и накъыгъэ пщӏондэ абы къыщынащ). 1944 гъэм фокӏадэм и 3-м Брюссель хуит къащӏыжащ инджылызыдзэхэм.[5]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Белгэм и джылэр
  1. Информациер урыс уикипедием къыриха
  2. https://ru.wikipedia.org/wiki/%D0%91%D0%B5%D0%BB%D1%8C%D0%B3%D0%B8%D1%8F
  3. https://btgv.ru/history/great-war/%D0%B1%D0%B8%D1%82%D0%B2%D0%B0-%D0%BD%D0%B0-%D0%B2%D1%81%D0%B5%D1%85-%D1%84%D1%80%D0%BE%D0%BD%D1%82%D0%B0%D1%85/little-heroic-belgium-is-the-first-victim-of-german-aggression/
  4. https://btgv.ru/history/great-war/%D0%B1%D0%B8%D1%82%D0%B2%D0%B0-%D0%BD%D0%B0-%D0%B2%D1%81%D0%B5%D1%85-%D1%84%D1%80%D0%BE%D0%BD%D1%82%D0%B0%D1%85/little-heroic-belgium-is-the-first-victim-of-german-aggression/
  5. https://btgv.ru/history/great-war/%D0%B1%D0%B8%D1%82%D0%B2%D0%B0-%D0%BD%D0%B0-%D0%B2%D1%81%D0%B5%D1%85-%D1%84%D1%80%D0%BE%D0%BD%D1%82%D0%B0%D1%85/little-heroic-belgium-is-the-first-victim-of-german-aggression/