Демократ Джэрмэн Республикэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Демократ Джэрмэн Республикэ
Deutsche Demokratische Republik

социал республикэ
1949 жэпуэгъуэм и 7 — 1990 жэпуэгъуэм и 3


Нып Дэмыгъэ
Къэрал уэрэд
Auferstanden aus Ruinen (джэр-бз. ШӀым къыхэкӀыжьа)

ДДжР Еуропэм и шӀыпӀэтхыпхъэм
Къалэнэхъышъхьэ КъуэкӀыпӀэ Берлин
Къалэ нэхъ инхэр Дрезден, Лейпциг
Бзэ(хэр) джэрмэныбзэ
Ахъчэ зекӀуар ДДжР-м и маркэ
И шӀыпӀэр 108,333 км²
Джылэр 16.77 млн. цӀыху (1989 гъэ)
ӀэнатӀэм и хабзэр республикэ
ДДэР-м и Президент
 - 1949 — 1960 Вилгелм Пик
ДДжР-м и Къэрал хасэм и Тхьэмадэ
 - 1960 — 1973 Валтер Улбрихт
 - 1973 — 1976 Вилли Штоф
 - 1976 — 1989 Эрих Хонеккер
 - 1989 Эгон Кренц
 - 1989 — 1990 Манфред Герлах
Джэрмэн Оккупациэм хэта
Зэгуэхьэжьа Джэрмэн
Советхэм оккупациэ яшъа Джэрмэным и шӀыпӀэ
Джэрмэн

Демократ Джэрмэр Республикэ (ДДжР, мы официалу цӀэ зэрихьар КъуэкӀыпӀэ Джэрмэн) — социал республикэ, советхэм оккупациэ яшъа Джэрмэным и шӀыпӀэм къыхэкӀауэ 1949 жэпуэгъуэм и 7. ФДжР-м дэкӀыгъу зэхохьэхэри 1990 жэпуэгъуэм и 3, кэралыр мэкӀуэд.

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Джэрмэныр ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм и къэру къымыхьа яуж Антихьитлер коалициэм хэта къэлалхэм оккупациэ шӀыпӀиплӀу ягуэча - советым я, америкэм я, британым я, фрэнджым я джоуэ. Апхуэдэ къабзу Джэрмэным и къалэ нэхъышъхьэ Берлинри ягуэча. ЯпэрейкӀэ Джэрмэныр зыуэ къгъэнэн ягугъэт, ауэ Зауэ шӀыӀэм яуж, зэгуэта къэралхэм зэпэубыдыныгъэ къахэкӀахэм къэралыр тӀууэ зэхэкӀа ФДжР-э ДДжР-э джоуэ.

Къэралым шъхьэщыувар Вилгелм Пик (1960 гъэм нэгъунэ). Варшавэ тхылъым и Организациэхэм хэту, Эконом дэӀэпыкъуэгъу Хасэм хэту ДДжР нэхъ здеплъэкӀыу зызтригъапсэтэр Совет Зэгуэтхэм.

1961 гъэм, КъуэхьэпӀэ Берлиным цӀыхухэр мыкӀуэсэн шъхьэкӀэ, зэгуэтхэм яӀыгъа лъэныкъуэм ихъуреягъкӀэ гъунапкъэ яшъыр, илъэс бжыгъэкӀэ Зауэ шӀыӀэм и символу хъуар яужым.

1973 гъэм ФДжР-мрэ ДДжР-мрэ тхылъ кӀатхэ, зэпылъынымрэ я гъунапкъэ зэмыхъуэкӀынымрэ. А гъэм ДДжР ЛъЗ-м хохьэ. ЯужкӀэ апхуэдэ тхылъхэри социал лагерым щыщ пэмыкӀ къэралхэми дэкӀыгъу кӀетхэ.

1980 гъэхэм я кӀэм къэралым экономикэ, политикэ кризисыр докӀуэ. 1989 гъэм Берлин гъунапкъэр зэхакъутэ. 1990гъэм ӀэнатӀашъхьэкӀэр ФДжР-м чэнджэшэгъу игъусу ирагъэкӀуэкӀыр, къэралыр зэхагъэхьэжьын шъхьэкӀэ. 1990 жэпуэгъуэм и 3 ДДжР къэрал хуэду кӀуэда ФДжР-м хэхьэри.

Къэрал-политикэ зэхэтыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

1949-1960 гъэхэм къэралым и президенту щытар - Вилгелм Пик. Дунем ехыжьа яуж президент пӀэр Ӏуахэ, къэралым и ӀэнатӀэ нэхъышъхьу хъуар Къэрал хасэ. Партиэ тхьэмадэр - Джэрмэным и Социал Партиэ Зэгуэт (ДжСПЗ). Партиэ тхьэмадэм пэмыкӀыу иджыри партиэ бжыгъэ щыӀа - Чыристэн-демократ зэгуэт (ЧДЗ), Джэрмэным и Либерал-демократ партиэ (ДжЛДП), Джэрмэным и Лъэпкъэгъу-демократ партиэ (ДжЛъДП),

Экономикэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ДэӀэпыкъуэгъуэ ин къэрал зэфӀэувэжьыным Совет Зэгуэтхэм хуашъат. ДДжР къэрал индустиэмкӀэ лъэшу щытт, абымкӀэ Еуропэм 6 пӀэр иӀыгъу. Экономикэр планкӀэ шъауэ щытт. Индустриэм и лэжыгъэхэр - машинэшъыгъэ, гъушӀлэжьыгъэ, химиэмрэ кӀэх лэжьыгъэмрэ, элекротекнологиэ, элетроникэ пэмыкӀхэр джоуэ. ДДЖр-м я псэукӀэр адрей къэрал соц. лагерым щыщхэм нэхъри нэхъыфӀу щытт.

Къэралыдзэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэралыдзэм зэреджэтэр Лъэпкъ джылэ армиэ (ЛъДжА). 1987 гъэм и бжыгъэр 120 000 хъут. Къэралхэр зэхэхьэжьа яуж ЛъДжА-р ФДжР-м и къэралыдзэм хэмыхьу, хом-хомурэ зэхагъэкӀа, и текникэм и нэхъыбэр пэмыкӀ къэралхэм ираща.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Last edited 6 years ago by YiFeiBot