Украинэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Хуэхуэлей къызыхэкӀар)
Украинэ
укр-бз. Україна
Flag of Ukraine.svg Дэмыгъэ Украинэм
Украинэм и нып Украинэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 49°26′00″ с. ш. 32°03′00″ в. д. / 49.433333° с. ш. 32.05° в. д. (G)

Europe-Ukraine (disputed territory).svg
Къэрал уэрэд: «Ще не вмерла Україна» 
Хуитыныгъэм и махуэ 1991 (зхэкӀар ССРЗ)
Нэхъышъхьэбзэхэр Украинэбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Киеу
Къалэ нэхъ инхэр Киеу, Одесэ, Харкоу, Лвов, Днепропетровск
ӀэнатӀэ хабзэр Парламент президенту республикэ
Президент
Премиер-министр
Владимир Зеленский
Денис Шмыгаль
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
45-нэ дунем
603 628[1] км²
7
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
Ӏувагъыр

45 962 900[2] цӀыху (28-нэ)
76,14 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2010)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$179,604 млрд[3]  (32-нэ)
$3 995[3]  (97-нэ)
ВКӀуП (ЩПЛъ)
  • КъыкӀыр

$337,268 млрд[3]  (33-нэ)
$7 331[3]
ЦӀПЗИ  0,710 (ин) (69-нэ)
Этнохоронимыр украинэхэр
Валутэр гривнэ (UAH)
Интернет-доменхэр .ua
Телефон кодыр +380
Зэманыгъуэхэр +2
Commons-logo.svg Украинэ Уикисурэтылъэм

Украинэ (укр-бз. Україна) — къэрал Еуропэм икум хэт. Къалэ нэхъышъхьэр — Киеу.

Хэкумэтхыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Украинэм и хэкумэтхыр
Украинэм и шӀыпӀэтхыпхъэр

Украинэр КъуэкӀыпӀэ Еуропэм хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэр: къуэхьэпӀэмкӀэ — Лахь жылэм, Слоуакэм, Мэжарейм, ипшъэ-къуэхьэпӀэм — Молдовэм, Румыниэм, къэрал къэмылъыта Днестырпыт Молдовэ Республикэ, ишъхъэрэмкӀэ — Урысыхум, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Урысейм.

ШӀыпӀэр нэхъыбэм губгъуэу щыт. Къушъхьэхэр къэралым ипшъэ-къухьэпӀэмкӀэ хэт (Украинэ Карпатхэр), Къымымрэ. ИпшъэмкӀэ Хы ФӀыцӀэмрэ Хы МыутӀэмрэ Ӏохьэ я Ӏуфэхэм. Псы нэхъ инхэр: Днепыр, Ишъхъэрэ Буг, Днестыр, Ишъхъэрэ Донец, Десна.

Украинэм и инагъыр зэрыхъур 603 628 км2. Еуропэм и къэрал нэхъ ину щыт (псоуэ хэтхэм я щыщхэм).

Хьэуар къэралым и нэхъыбэм курыт-континенталу щыт, Кърымым и хы Ӏуфэм щымыхъукӀэ, абым хыкурыт климэту щыт.

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Украинэм и тхыдэр

XI—X лъэхъэнэхэм Хуэхуэлейм и шӀыпӀэм къэрал Киеу Урысей хэта. 988 гъэм пщы Владимир Святославовичым захуэ чыристэныгъэ къештэ, а диныр къэрал псом еуэ мэхъур Урысейм.

1237—1241 гъэхэм Киеу Урысейм хъан Батыйр йохьэри, къэралыр пщыхэку бжыгъэкӀэ зэхокӀыр. Хом-хомурэ ахэр Литоу Пщыхэкушхуэм хохьэхэ. 1569 гъэм Лахь Жылэмрэ Литоумрэ зэхохьэхэри зы къэрал мэхъухэ — Посполитым и Реч.

XV лъэхъэнэм Днепырыпэм и ипшъэ лъэныкъуэм Запорож къазакъыгъуэ къыхокӀыр, XVIII лъэхъэнэм нэс щыӀар, хамгъэкӀа кӀышъэ.

XVIII лъэхъэнэм Лахь Жылэм и шӀыпӀэр гуэчын щашъым иджырей Украинэм и шӀыпӀэнэхъыбэр Урысей империэм хокӀуэр.

1917 гъэм револуциэ екӀуэкӀам яуж Хуэхуэлейм зэман кӀэкӀкӀэ къэрал хуитхэр щыӀахэ — джылэ республикэ Украинэ джылэ республикэ КъухьэпӀэ-Украинэрэ джоуэ.

1919 гъэм гъатхэпэм и 10-м зы къэрал Совет Социал Республикэ Украинэ мэхъур. 1923 гъэм Урысейр, Урысыхур, КъуакъазкӀыбагъу къэралхэр джоуэ зэхэтху Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр къэралу зэхохьэхэ.

1991 гъэм щыкӀэдзауэ Украинэ къэрал хуит мэхъур.

Жылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Украинэм и жылэр

2010 гъэм щӀышылэм и 1-м Хуэхуэлейм джылу дэсар зэрыхъутэр 45 822 214 цӀыху.

Хуэхуэлейм лъэпкъ дэсхэр (2001)
Лъэпкъхэр Бжыгъэр,
мин цӀыху
%
Украинэхэр 37541,7 77,82
Урысхэр 8334,1 17,28
Урысыхухэр 275,8 0,57
Кърымхэр 248,2 0,51
Молдавхэр 258,6 0,54
Болгархэр 204,6 0,42
Мэжархэр 156,6 0,32
Румынхэр 151,0 0,31
Лахьхэр 144,1 0,30
Журтхэр 103,6 0,21
Ермэлыхэр 99,894 0,21
Алыджхэр 91,548 0,19
Къэзанхэр 73,304 0,15
Пэмыкхэр 0,4
Псори 48240,9 100

Экономикэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Хуэхуэлейм и экономикэр

Хуэхуэлейм и экономикэр 39-й пэр иыгъ ВКП-кэ (2009).

Хуэхуэлейр индустриал-аграр къэралу щыт. Лэжьыгъэ япэреуэ щытхэр — гъушӀ-лэжьыгъэ, химиэ-лэжьыгъэ, шӀыкӀэлъ-лэжьыгъэхэр, энергиэ-лэжьыгъэхэр.

Администрациэ гуэшыгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хуэхуэлейр унитар къэралу щыт, област 24 хэт, Аутоном Республикэ Кърым. Къалэ Киеумрэ Севастополымрэ хэгъэза статус яӀэ.

Област Къалащхьэр Map of Ukraine political simple city Kiew.png
Аутоном Республикэ Кърым Симферопол
Винницэ Винницэ
Волын Луцк
Днепропетровск Днепропетровск
Донецк Донецк
Житомир Житомир
Закарпатскэ Ужгород
Запорожскэ Запорожие
Ивано Франковскэ Ивано Франковск
Киеускэ Киеу
Кировоградскэ Кировоград
Луганскэ Луганск
Лвовскэ Лвов
Николаевскэ Николаев
Одескэ Одесэ
Полтавскэ Полтава
Ровненскэ Ровно
Сумскэ Сумы
Тернополскэ Тернопол
Харкоускэ Харкоу
Херсонскэ Херсон
Хмелницкэ Хмелницки
Черкасскэ Черкассы
Черновицкэ Черновци
Черниговскэ Чернигов

Дзэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: УКкраинэм и дзэр
Гъэлъэгъуэным, 2008 гъэм шышъхьэӀум и 24-м

Украинэм и дзэр щызэхэхьар 1991 гъэм шышъхьэӀум и 24-м. Хэтыр (2010 гъэмкӀэ) 200 000 цӀыху.

Дзэр щыуэ зэшъхьэщокӀхэ — зекӀуэдзэ, уэгузауэдзэ, хыдзэ джоуэ.

Ӏэшэр нэхъыбэкӀэ Урысеймрэ РССЗ-м къыдагъэкӀам ящыщ.

Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]