Берлин

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къалэ
Берлин
джэр-бз. Berlin
Нып Дэмыгъэ
Нып Дэмыгъэ
Къэрал Джэрмэн
ШӀыпэ Берлин
Кординатхэр Кординатхэр: 52°31′00″ с. ш. 13°23′00″ в. д. / 52.516667° с. ш. 13.383333° в. д. (G) (Я)52°31′00″ с. ш. 13°23′00″ в. д. / 52.516667° с. ш. 13.383333° в. д. (G) (Я)
КӀуэцӀ гуэшыгъуэр куей 15
Бургомистр Франциска Гиффай
Щыхалъхьар 1244 гъэ
И инагъыр 891,85 км²
Дуней хым и хуэлъытэгъуэкӀэ 34-130 м
джылэр 3 431 420 цӀыху (2008)
Ӏувагъыр 3848 км²/цӀыху
Зэманыгъуэр UTC+3
Телефоным и кодыр +49 30
Почтэ индексхэр 10001—14199
Автом и кодыр B
Официал сайтыр http://www.berlin.de/
Берлин (Джэрмэн)

Берлин (джэр-бз. Berlin) — Курыт Еуропэм ит къалэ, Джэрмэным и къалэ нэхъышъхьэ.

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Япэреуэ Берлиным и хъыбар къыщаӀохур 1244 гъэм. Шпрее псыхъуэм и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм хэта. ТӀуанэ къалу Берлин хущыта Кёллныр Шпрее и хы тӀыгум тетт. 1307 гъэм къалитӀыр зыуэ зэхагъэхьа.

1415 гъэм курфиурст Фридрих I макрограф хэку Бранденбург хелъхьэ, Берлиныр абым и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур.

Зауэ Илъэспшъыщым яуж Берлиным и унэхэм и щанэ фӀэкӀуэда, и джылэм и ныкъуэ хэкӀуэда.

1701 гъэм Берлиныр Прусиэм и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур. 1709 гъэм, Берлин къыбгъэдэлъ хьэблэхэр хеубыдэ - Колныр, Фридрихсвердыр, Доротеенштадтыр, Фридрихштадтыр джоуэ.

1760 гъэм Берлыным урызыдзэр дохьэ, граф дзэзэшэ Чернышов З. яшъхьэщыту.

1806 гъэм Берлиныр фрэнджыдзэм яубыд, 1813 аргуэру урысыдзэм.

1871 гъэм Берлиныр Джэрмэн империэ зэгуэтым и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур.

ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ къалэр зы къэмыну зэхэкъутат. Къэрал-текӀуахэм я унафэкӀэ — Фрэнджым, Британиэшхуэм, АШЗ-м, РССЗ-м джоуэ, къалэр, Джэрмэным и шӀыпӀэри хуэду, оккупациэм и хэкуиплӀу ягуэча. Америкэ, британиэ, фрэндж хэкухэм КъуэхьэпӀэ Берлин джоуэ зэхагъэхьэ. Советхэм я оккупэциэм къыхэнэр КъуэкӀыпӀэ Берлиныра, яужым ДДжР-м и къалэ нэхъышъхьэ хъуар. 1961 гъэм ДДжР-м и ӀэнатӀэ унафэмкӀэ КъуэхьэпӀэ Берлиным и хъуреягъкӀэ Берлин блын яшъыр, яужым куэдрэ «шӀыӀэ зауэм» и дэмыгъу къэнар. Блыныр щыӀуахыжьар 1989 гъэм.

Джыпсту Берлиныр Джэрмэн зэгуэтым и къалэ нэхъышъхьу щыт, индустиэмкӀэ, шъэныгъэмкӀэ, артымкӀэ къэралыи и пӀэшхуэ иӀыгъу.

Джылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Берлиныр лъэпкъ бжыгъэ зэхэс къалу щыт. Джэрмэнхэм щымыхъукӀэ иджыри тыркухэр, япэрей РССЗ-м щыщ лъэпкъхэр, пэмыкӀхэр джоуэ дэс.

Гъэр Джылэр
1650 6 500
1750 90 000
1800 72 000
1850 420 000
1900 1 890 000
1950 3 340 000
1987 3 250 000
1997 3 425 000
2007 3 370 000
2009 3 431 420

Хьэуар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьэуар Берлиным
Къигъэлъагъуэр ЩӀыш Маз Гъатх Мэл Накъ Мэкъу Бадз Шыщхь ФокӀ Жэп ЩакӀу Дыгъ Гъэ
Абсолут максимумыр, °C −21 −26 −16.5 −6.7 −2.9 0.8 5.4 4.7 −0.5 −9.6 −16.1 −20.2 −26
Максимум курытыр, °C 2.9 4.2 8.5 13.2 18.9 21.6 23.7 23.6 18.8 13.4 7.1 4.4 13.4
Температурэ курытыр, °C 0.6 1.0 4.7 8.3 13.9 16.8 18.8 18.6 14.6 9.6 4.9 2.0 9.5
Минимум курытыр, °C −1.9 −1.5 −1.3 4.2 9.0 12.3 14.3 14.1 10.6 6.4 2.2 −0.4 5.7
Абсолут минимумыр, °C 15.2 18.6 25.1 30.9 33.2 35.0 37.2 37.7 34.2 27.5 19.5 15.7 37.7
Къехым я нормэр, мм 42 33 41 37 54 69 56 58 45 37 44 55 515
Къызхэхар: World Weather, Дунемрэ Хьэуамрэ

Администрациэ гуэшыгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

АдминистрациэмкӀэ Берлиныр хэку 12 гуэчауэ щыт (джэр-бз. Bezirk ахэр я кӀуэцӀми куейкӀэ гуэчыжьху (джэр-бз. Ortsteil, псори - 95).

Къедзыгъуэхэр: Инагъыр: Жылэр:
Bezirk Charlottenburg-Wilmersdorf 64,72 4,944
Bezirk Friedrichshain-Kreuzberg 20,26 13,357
Bezirk Lichtenberg 52,29 4,961
Bezirk Marzahn-Hellersdorf 61,74 4,013
Bezirk Mitte 39,47 8,456
Bezirk Neukölln 44,93 6,969
Bezirk Pankow 103,01 3,543
Bezirk Reinickendorf 89,46 2,697
Bezirk Spandau 91,91 2,435
Bezirk Steglitz-Zehlendorf 102,50 2,867
Bezirk Tempelhof-Schöneberg 53,09 6,304
Bezirk Treptow-Köpenick 168,42 1,430

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]