Португалэ
Португалэ Республикэ порт-бз. República Portuguesa | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «A Portuguesa» ( едэӀун (info)) | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 5 джэпуэгъуэ 1143 (зхэкӀар Леон пэштыхьей) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | португалэбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Лиссабон | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Лисбон, Порту | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент республикэ | ||||
Президент Премиер министр |
Анибал Каваку Силва Жозе Сократеш | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
109-нэ дунем 92 391 км² 0,5 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2009) • Ӏувагъыр |
10 707 924 цӀыху (77-нэ) 114 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$236,049 (46-нэ) $22 232 | ||||
Этнохоронимыр | португалхэ, португ | ||||
Сомыр (Валутэр) | Еуро | ||||
Интернет-доменхэр | .pt | ||||
Зэманыгъуэхэр | 0 | ||||
Португалэ Республикэ Уикисурэтылъэм |
Португалэ Республикэ (порт-бз. Republica Portuguesa) — къуэхьэпӀэ Еуропэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр Лиссабон.
Хэкумэтхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Португалэр Пиреней хы тӀыгуныкъуэм хэт, Еуропэм и къуэхьэпӀэдыдэ къэралу щыту. ШӀымкӀэ и гъунапкъэр Эспаниэ къуэдемкӀэ ирокӀуэ (ишъхъэрэмрэ куэкӀыпӀэ лъэныкъуэхэмкӀэ). Португалым Азор хы тӀыгухэмрэ Мадейрэ хы тӀыгумрэ хохьэхэ.
Къэралым и инагъыр псори зэхэту 92 391 км2 (109-рей дунем).
ШӀыпӀэр - хы Ӏуфэм дей губгъу щыт (Португал губгъуэ), ишъхъэрэ лъэныкъуэм - къушъхьу (тхы Сиерра де Эстрелла).
Псы нэхъ инхэр - Тежу (Тахо), Дуэро, Гуардианэ джоуэ. Къэралыр ипшъэмрэ, къуэхьэпӀэ лъэныкъуэмрэ Атлантик океаным и Ӏуфэм Ӏохьэ.
Португалэм и хьэйуар хыкурытейуэ щыт.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Япэрей колонисту Иберий хы тӀыгуныкъуэм щытахэр финикийхэра. 237 гъэм, ди лъэхъэнэм щыкӀэдзауэ Иберий хы тӀыгуныкъуэр Карфаген хэкум хэт мэхъур, ауэ, яужым Карфагеныр щыхэкӀуадэм, Урымым хокӀуэ. Урым зэманыгъуэм щыгъуэ Португалымрэ Эспаниэмрэ я ипшъэ лъэныкъуэхэр куей Лузитаниэм хэхьэхэт.
Урым империэр хэкӀуэда яуж Иберий хы тӀыгуныкъуэр джэрмэн лъэпкъхэм я ӀэнатӀэм кӀохьэ, яужым абым пэштыхь бжыгъэ яшъу.
711-716 гъэхэм Ибериэр Хьэрып хэлифэтым еубыд. Яужым, Ибериэм и хуитыныгъэм шъхьэкӀэ екӀуэкӀа зауэм Реконкиста траӀуа.
868 гъэм Португалиэ графствэ къыхокӀыр, Леон пэштыхьейм и ӀэнатӀэм кӀэту. 1143 гъэм Португалиэр шъхьэхуит пэштыхьей мэхъур.
XV лъэхъэнэм Португалыр шӀыпӀэ здыхэтым къышъхьэпэгъуэ къыхихурэ и колониэ империэр хегъахъуэ Америкэм (Бразил). Хэкумэтхым къышъхьэпэгъуэ бжыгъи къашъэр (Индиэм нэс хыгъогу къагъуэтыр) ахэр къэзышъахэр Португалым щыщ хызекӀуэхэра.
1580 гъэм Португалым лъэпкъ униэ кӀетхэ Эспаниэм, и ӀэнатӀашъхьэм кӀэт куей хъуа абым яуж. Хуитыныгъэр щигъуэтыжыр 1640 гъэм.
XIX лъэхъэнэм и пэм Иберийр зауэм хэт наполеоныдзэмрэ антинаполеоныдзэмрэ я зэпэщытыным. Абым пэмыкӀыу а лъэхъэнэм револуциэ бжыгъи щокӀуэкыр, Португалым и ӀэнатӀэм Бразилыр кӀокӀыр.
1910 гъэм револуциэм лъэхъэнэ бжыгъэкӀэ тета пэштыхьейр трахур. 1926 гъэм Португалым Салазар и диктатурэ ӀэнатӀашъхьэр тохьэ (1974 гъэм нэс).
1974 гъэм лъыгъажэ хэмыту револуциэ йокӀуэкӀ, диктатурэр трагъэкӀ, португал колониэхэр Африкэмрэ Азиэмрэ хуит мэхъухэр.
1986 гъэм щыкӀэдзауэ Португалыр Еуропэ зэгуэтым хохьэ.
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]2009 гъэмкӀэ къэлъытэгъуэ щыӀамкӀэ Португалым и джылэбжыгъэр зэрыхъутэр 10 707 924 цӀыху. ЛъэпкъкӀэ 99% - португалхэ.
АдминистрациэмкӀэ гуэчыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Португалыр унитар къэралу щыт, администрациэкӀэ 18 хэкукӀэ гуэчу, езы хэкухэр муниципал куей 308-кӀэ зэхэкӀыжьху. Азор хы тӀыгухэмрэ Мадейрэ хы тӀыгумрэ аутоном статус яэ.
Хэкухэр | ||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|
Хэкур | Инагъыр | Джылу | Хэкур | Инагъыр | Джылэр | |||
1 | Лисбон | 2,761 км? | 2,124,426 | 10 | Гуарда | 5,518 км? | 173,831 | |
2 | Леириэ | 3,517 км? | 477,967 | 11 | Коимбра | 3,947 км? | 436,056 | |
3 | Сантарем | 6,747 км? | 445,599 | 12 | Авейро | 2,808 км? | 752,867 | |
4 | Сетубал | 5,064 км? | 815,858 | 13 | Висеу | 5,007 км? | 394,844 | |
5 | Бежа | 10,225 км? | 154,325 | 14 | Браганза | 6,608 км? | 148,808 | |
6 | Фаро | 4,960 км? | 458,734 | 15 | Вила Реал | 4,328 км? | 218,935 | |
7 | Эвора | 7,393 км? | 170,535 | 16 | Порто | 2,395 км? | 1,867,986 | |
8 | Порталегре | 6,065 км? | 119,543 | 17 | Брага | 2,673 км? | 879,918 | |
9 | Кастело Бранко | 6,675 км? | 208,069 | 18 | Вианда до Кастело | 2,255 км? | 252,011 |
Экономикэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Португалыр индустриэ-аграр къэралу щыт. Япэрей лэжьыгъэхэр - шэкӀ, идэ, пхъэ, тхылъымпэ, бдзэжьей, санэшъ. Туризмыми пӀэшхуэ еӀыгъ къэралым и экономикэм.
Ахъчэ зекӀуэр - еуро (2002 гъэм щыкӀэдзауэ), абым ипэ къэралым хэта ахъчэр португал эскудо.
Номинал ВКӀуП-ыр 2006 гъэм зэрыхъуар $229 881 млрд (зы цӀыхум - $22 677).
Дзэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Португалым и дзэм хэтым я бжыгъэр зэрыхъур 67 мин хуэдиз. Дзэр зэрзэхэкыр: Армиэ, Навигациэ (Португалым и хыдзэ, Хы дзэзэшэри хэту), Уэгузауэдзэ (Португалым и Уэгузауэдзэ - FAP), Республикэм и Лъэпкъ Гуардиэ (GNR).
Сурэтылъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]-
Азор хы тӀыгухэр
-
Лисбон
Еуропэм и къэралхэр |
||
---|---|---|
Къэралхэр | Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгиэ • Балгариэ • Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • БгыфӀыцӀей • Латвиэ • Лэхьый • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • ЩӀылъабжьэхэр • Норуегиэ • Португал • Италэ • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Украинэ • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Чехиэ • Шуэц • Шуэцарэ • Исбухьэн • Эстониэ • Шотлэнд • Уэлс | |
ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
Дунейпсом къамылъыта къэрал | Азгъей • Косово • Приднестровиэ | |
¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкӀэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |