Jump to content

Арнаутие

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Арнаутие
алб-бз. Shqipëria
Дэмыгъэ Арнаутием
Арнаутием и нып Арнаутием и дэмыгъэ

Кординатхэр: 41°21′00″ с. ш. 19°59′00″ в. д. / 41.35° с. ш. 19.983333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Hymni i Flamurit» (Макъ едэӀун (info))
Хуитыныгъэм и махуэ 1912 шъакӀуэгъуэм и 28 (зхэкӀар Уэсмэн империэ)
Нэхъышъхьэбзэхэр албаныбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Тирана
Къалэ нэхъ инхэр Тирана, Дуррес
ӀэнатӀэ хабзэр Республикэ
Президент
Премиер-министыр
Бамир Топи
Сали Бериша
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
139-нэ дунем
28 748 км²
4, 7%
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2009)
Ӏувагъыр

3 187[1] цӀыху (130-нэ)
126,6 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$21,864 млрд[2]  (110-нэ)
$7018
Сомыр (Валутэр) Лек
Интернет-доменхэр .al
Телефон кодыр +355
Зэманыгъуэхэр +2
Арнаутие Уикисурэтылъэм

Арнаутие Республикэ е Албание Республикэ (алб-бз. Republika e Shqipërisë) — Еуропэм хэт къэрал, Балкан хы тӀыгуныкъуэм и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэр еӀыгъ. Къалэ нэхъышъхьэр Тирана.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Албаниэм и хэкумэтхыр

Албаниэр Еуропэм и ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм хэт, Балкан хы тӀыгуныкъуэм и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм иту.

Гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэмкӀэ — КъушъхьафӀыцӀэм, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ — Косовом, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Македониэм, ипшъээ-къуэкӀыпӀэмкӀэ — Алыджым.

Ишъхъэрэ-къуэхьэпэмкӀэ Адреатикэ хым и Ӏуфэм Ӏохьэ, ипшъэ-къуэхьэпӀэмкӀэ Ионикэ хым и Ӏуфэм.

Къэралым и шӀыпӀэм и нэхъыбэр къуэкӀэбгыкӀыу щыт, хы Ӏуфэм и гъунэхэра губгъу щытыр, нэхъыбаӀом псыпцӀу.

Хьэйуар субтропик хыкурытыгъу щыт. Гъэмахуэр кӀыхьу, гъушъэ, шӀымахуэр кӀэкӀыу хуэшъабэ. Температурэ курытыр макъуэуэгъуэм 24—25 °C, шӀычылэм 8—9 °C. Къушъхьэ лъэныкъуэхэм хьэйуар континентал-курытым нэхъ хокӀуэ, температурэр нэхъ шӀыӀэ уэи нэхъыбу къохыр.

Албаниэм и псыхэм я нэхъыбэр Адреатикэ хым холъадэхэ, абыхэм ящыщу псы нэхъ инхэр: Дрин, Мати, Шкумбини, Семани, Виоса.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Албаниэм и тхыдэр

Антикым щыкӀэдзауэ иджырей Албаниэм и шӀыпэм албанхэр къызхэкӀа лъэпкъ илирийхэр иса. Къэралым и ипшъэ лъэныкъуэр Эпирам хэта.

Лъэхъэнэ курытхэм Урым империэр сызэгуэхум, Албаниэм и нэхъыбэ шӀыгухэр Визэнтиэм хокӀуэ. VI лъэхъэнэм и кӀэм щыкӀэдзауэ слоуан лъэпкъхэр зекӀуэ яшъурэ къэралым йохьэхэ. Яужым бжыгъэрэ къэрал бжыгъэхэм яубыд - венецианхэм, Эпир пэштыхьейм, Неаполитан пэштыхьейм, Сербиэ пэштыхьейм джоуэ. XIV лъэхъэнэм икум Албаниэм и шӀыпэпсор сербиэ пэштыхь Стефан Душаным еубыд.

1468 гъэм къэралыр Уэсмэн империэм иубыдын кӀедзэ, 1571 гъэм кэралыр псоуэ уэсмэнхэм я ӀэнатӀэм кӀохьэ.

1912 гъэм шъакӀуэгъуэм и 28-м, Влорым дежь къаӀоху къэралым и хуитыныгъэр. 1912-1913 гъэхэм Аустрэ-Венгрым, Британиэшхуэм, Джэрмэным, Урымым, Урысейм, Фрэнджым джоуэ, къэралым и аутономиэ къалъытэ, яужым и хуитыныгъэри Уэсмэным хэмытыжьу.

1939 гъэм мэлыжъыхьым и 7-м Урымым и дзэр Албаниэм йохьэри мэлыжъыхьым и 10-м къэӀохур аннексиэ и шӀыпӀэр ишъауэ. 1943 гъэм Мусолини трагъэкӀа яуж, Урымым капитулациэ ишъу къэӀухур, ауэ фокӀадэм и 10-м къэралым джэрмэныдзэр йохьэ. Хуитыныгъэм шъхьэкӀэ екӀуэкӀ зауэр хомурэ джылэ-демократ револуциэ мэхъур. 1944 шъакӀуэгъуэм и 29-м къэралыр хуит мэхъур.

1946 гъэм Албаниэ Джылэ Республикэ мэхъур

1976 гъэм щыкӀэдзауэ Албаниэ Джылэ Социал Республикэ мэхъур, Энвер Паша и тхьэмаду, РССЗ-м и дэӀэпыкъуэгъукӀэ.

1985 гъэм Энвер Паша дунем ехыжьа яуж ӀэнатӀэм Ӏухьэр Рамиз Алия, Энверим и лъэжьыгъэмкӀэ ӀэнатӀашъхьэр игъэкӀуэн игугъэ, ауэ КъуэкӀыпӀэ Еуропэм и къэралхэм къэхъ зэхъуэкӀыгъуэхэм зэрахъуэкӀ Албаниэм и тотолитар щытыкӀэр АШЗ-мрэ еуропэ къэралхэмрэ я шъхэщытыгъуэкӀэ зы лъэныкъуэмкӀэ адрей лъэныкъуэкӀэ къэралым и джылэмкӀэ.

1992 гъэм Албаниэ Демократ Партиэ хокӀыр. Коммунистхэр хэмыкӀа щыхъум Албаниэм джылэр бжыгъу дэкӀын кӀадзэхэ Урымым куэчху. 1996 гъэм Демократ партиэм хэхыгъуэм манипулациэ Ӏэмэ ирегъэкӀуэкӀ парламентым нэхъыбаӀу хэкӀыным шъхьэкӀэ. 1997 гъэм къэралыр джылэ гузэвэгъуэхэм хохуэ гъэпцӀэгъуэ фирмэхэм я ахъчэ халъхьэхэр зэрафӀэкӀуэдам шъхьэкӀэ. А къэхъуахэм теухуауэ 1997 гъэм и хэхыгъуэхэм Социал партиэр хокӀыр. 2005 гъэм Демократ партиэм нэхъыбу пӀэхэр щылъысар парламентым

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Албаниэм и джылэр

Джылу дэсым и бжыгъэр - 3,64 млн (2009 гъэм и къэлъытэгъуэкӀэ). Къалэсэсу абыхэм - 47 %.

ЛъэпкъкӀэ - албанхэр 95%, алыджхэр 3% пэмыкӀхэр (валаххэр, цыджанхэр, сербхэр, македонхэр) 2%.

ДинкӀэ - мыслимэнхэр 70%, захуэ чыристэнхэр 20%, католикхэр 10%

Джылэм и бжыгъэр[3]
Гъэр Бжыгъэр
2008 3.170.048
2007 3.160.467
2001 3.063.318
1989 3.182.400
1979 2.590.600
1969 2.068.200
1960 1.626.300
1950 1.218.900
1945 1.122.000
1930 833.600
1923 814.400
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Албаниэм и экономикэр

ИндустиэкӀэ зэфӀэмыува аграриэ къэралу щыт Албаниэр, Еуропэм и къэрал нэхъ тхьэмышкӀэдыдэхэм ящыщ.

ВКӀуП-р 2009 гъэмкӀэ здынэсар $ 11,9 млрд. ($ 6,3 мин зы цӀыхум теху, 131 пӀэр дунем, Еуропэм етӀуану икӀэм хэт Босниэрэ Герцеговинэрэ дэкӀыгъу, а къэралитӀым яуж къинэр Молдавиэ къуэдейра). ТхьэмышкӀэгъуэм хэтыр 25 % къэралым и джылэм.

Администрациэ гуэчыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Албаниэм и шӀыпӀэр хэку 12-кӀэ мэгуэчыр, езы хэкухэри куей 36-кӀэ зэхокӀыжьхэ

Хэкухэр Къалэ нэхъышъхьэр
1 Берат Берат
2 Дибра Пешкопи
3 Дуррес Дуррес
4 Элбасан Элбасан
5 Фиер Фиер
6 Гирокастра Гирокастра
7 Корча Корча
8 Кукес Кукес
9 Лежа Лежа
10 Шкодэр Шкодэр
11 Тирана Тирана
12 Влора Влора
  1. World Gazetteer (индж.)
  2. Albania International Monetary Fund 2009-10-01 (индж.)
  3. Статистикэм и институт: Джылэм и бжыгъэр 2001-2008; Рассел Кинг, Никола Май: Албаниэм икӀауэ – социал хэхьэгъуэхэр Урымыр, Берган Тхылъ, Ниу Йокр 2008