Jump to content

Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ
бос-бз. хор-бз. Bosna i Hercegovina
сер-бз. Босна и Херцеговина
Дэмыгъэ Боснэмрэ Хьэрцеговинэмрэ
Боснэмрэ Хьэрцеговинэмрэ и нып Боснэмрэ Хьэрцеговинэмрэ и дэмыгъэ

Кординатхэр: 44°06′00″ с. ш. 17°58′00″ в. д. / 44.1° с. ш. 17.966667° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: ««Интермецо»» 
Хуитыныгъэм и махуэ 5 мэлыжъыхьым 1992 (зхэкӀар Йугославиэ)
Нэхъышъхьэбзэхэр Босниибзэ, Хоруатыбзэ, Сербыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Сараево
Къалэ нэхъ инхэр Сараево, Баня Лука
ӀэнатӀэ хабзэр Республикэ
Нэхъышъхьэ Тхьэмадэ
Хасэ Тхьэмадэхэр
Чэнджш Хасэм и Тхьэмадэ
Конституциэ Мэхьчэмэм и Тхьэмадэр
Валентин Ицко
Небойша Радманович
Бакир Изетбегович
Желко Комшич
Никола Шпирич
Сеада Палаврич
ШӀыпӀэр
• Псори
127-нэ дунем
51 129 км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2009)
Ӏувагъыр

4 613 414 цӀыху (120-нэ)
90 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2009)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$32 59 млрд  (105-нэ)
$7 064 84
Сомыр (Валутэр) Боснэ маркэ
Интернет-доменхэр .ba
Телефон кодыр ++387
Зэманыгъуэхэр +1
Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ Уикисурэтылъэм

Бо́сниэрэ Герцегови́нэрэ (бос-бз. хор-бз. Bosna i Hercegovina, сер-бз. Босна и Херцеговина) — къэрал конфидерациу щыт Балкан хы тӀыгуныкъуэм и кум хэту. Къэралыр аутоном администрациу зэхэт - Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ я Федерациэ, Сербскэ Республикэ, Брчко хэку джоуэ. Къалэ нэхъышъхьэр Сараево

Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ и шӀыпӀэтхыпхъэр

Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ Еуропэм и ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм хэт. И Гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэмкӀэ, ипшъэмкӀэ, къуэхьэпӀэмкӀэ - Хоруатиэм, къуэкӀыпӀэмкӀэ - Сербиэм, ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ - КъушъхьэфӀыцӀэм.

Къэралым и инагъыр зэрыхъур 51,1 мин км².

Боснэрэ Хьэрцеговинэмрэ и шӀыпӀэм и нэхъыбэр Динар бгыхэм яхэт. Къэралым ипшъэ лъэныкъуэм Сава и псыхъуэм Дунайкурыт губгъуэм и ипшъэ лъэныкъуэр хохьэ. Адриатикэ хым и Ӏуфэм ӀухьэпӀэ мы ину къэралым иӀэ (ауэ псыӀуфэр Хоруатиэм ей). Къэралым псы нэхъ ину ежэххэр: Уна, Врбас, Босна, Дрина - а псори Дунай и псыхъуэм щыщхэ, псы Неретвар Адриатикэ хым холъадэ.

Илъэс минкӀэ ди лъэхъэнэм ипэкӀэ, Боснэм и шӀыпӀэм илирийхэр ихьахэ, яужым къэралым и лъэпкъ хъуахэра. V ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэ хэкум и ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ келтхэр ихьурэ теуэн кӀадзэ. I ди лъэхъэнэм ипэм Боснэм и шӀыпӀэр урымхэм яубыдри куей Илирик яшъыр, лъэпкъ дэсым ицӀэкӀэ.

Лъэхъэнэ курытхэм Боснэм и шӀыпӀэр бжыгъэрэ къэрал нэхъ инхэм хыхьурэ яужым хуит хъуурэ щыта, тхыдэм нэхъ индыдэ, нэхъ лъэш щыхъуатэр 1377 гъэм, Твртко I Котроманичым Боснэм и пэштыхьу зыщытриӀуам. XIV лъэхъэнэм и кӀэм себхэмрэ хорватхэмрэ я шӀыгухэр хиубыдурэ къэралыр бжыгъу хохъуэ Адриатикэм ӀухьэпӀэ иӀу. Твртко дунем ехыжьа яуж къэралыр хом-хомурэ хэкӀуэдэн кӀедзэ и къэру фӀэкӀуэду.

1463 гъэм Боснэм и шӀыпӀэ нэхъыбэр тырку ӀэнатӀэм кӀохьэ, 1482 гъэм Хьэрцеговинэми пхуэдэр къышъошъыр. Уэсмэн империэм хэкуитӀыр зыуэ зэхагъэхьэ вилаят Боснэ доуэ.

1831-1832 гъэхэм зауэ -зыкъэӀэтыгъуэ къохъур, Хусейн Градашчевич и ӀэнатӀэмкӀэ, ауэ узыншу емыкӀуэкӀыу, хокӀуадэ.

1849 гъэм уэркъхэм зыкъаӀэт, уэсмэн паштыхьым хабзэ къыдигъэкӀахэр ягум темыху, илъэситӀ текӀауэ пэштыхьым и дзэм зэхегъэкӀ уэркъхэм я зыкъэӀэтыгъуэр.

1875 гъэм кӀэуэ зыкъуэӀэтыгъуэ къохъур, къызхэкӀар экономикэмрэ политикэ нукъуэкъуэгъухэм, джылэм аутономиэм хуэныкъу къаӀохут, иэ Сербиэм иэ Хоруатиэм хагъэхьэну. 1878 гъэм, Берлин конгрессым унафэ къыдокӀ Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ Аустро-Венгрым и ӀэнатӀэм кӀэхьэну.

Япэрей дунейпсо зауэм яуж Аустрэ-Венгрыр зэхокӀри Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ Сербиэ Пэштыхьейм хохуэ, яужым а зэхэхьэгъуэм къарал кӀэ къыхокӀ - Сербхэм, Хоруатхэм, Слоуэнхэм я Пэштыхьей, яужым пэштыхь Александыр Карагеоргиевичым 1929 гъэм, диктатурэ ӀэнатӀэ къаралым хелъхьэри, къэралым и цӀэр зэрехъуэкӀ Югослав пэштыхьей джоуэ.

ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ джэрмэныдзэмрэ къыдэшъхэмрэ Югославыр яубыдри, зытӀущу ягуэчыр, зауэр иуха яуж Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ Республикэ статусыр къылъос Югослав Федерациэм хэту.

1992 гъэм, мэлыжъыхьым и 6-м лъэпкъ зэхэдзыкӀэкӀэ зауэ кӀидза Югославым, зауэр къызхэкӀар Боснэрэ Хьэрцеговинэмрэ хуитыныгъэ иӀэным зэрпыхьам шъхьэкӀэ. 1995 гъэм 14 и фокӀадэм зауэр иуха Дейтон тхылъэ кӀэтхэгъуэкӀэ. Къэралыр хуит хъуа.

Къэралым джылу дэсым я бжыгъэм хышъыкӀыгъэ тэрэз иӀэкъым, зауэ нэужым куэдыр дэкӀахэ, бгъэ егъэкӀуэкӀыным и хабзэми хэукъуэгъуэ куэд хэхьа.

Къэралым и нэхъышъхьэбзэхэр - босниибзэ, хоруатыбзэ, сербыбзэ

Дин нэхъышъхьэхэр - мыслъымэныгъэ (40 %), захуэ чыристэныгъэ (31 %), католикыгъэ (15 %) [1].

Боснэрэ Хьэрцеговинэмрэ и джылэр
Гъэр Бжыгъэр,
мин цӀыху
1960 3, 180
1965 3,396
1970 3,564
1975 3,747
1980 3,913
1985 4,122
1990 4,308
1995 3,420
2000 3,847
2005 3,907
2008 4,590

Боснирэ Хьэрцеговинэрэ и экономикэр Еуропэ къэралхэм я кӀэдыдэм ит ВКӀуП-м и инагъымкӀэ. ВКӀуП-ыр 2009 гъэм зэрыхъуар $ 32, 59 млрд[2].

Къэралым и ахъчэр Боснэ маркэ - конвертациэм хэхьэф.

Къэралым и лэжьыгъэ нэхъ япэрехэр: ЩӀыкӀэлъыгъуэхэр къыкӀэхыным - фӀамыкӀ, гъушӀ, джыр пэмыкӀ бжыгъи, абыхэм щымыхъукӀэ, иджыри - шэкӀ, тутын, унагъэ мылъку, ауто Ӏэмэпсымэхэр къыдагъэкӀ къэралым.

Хадэрэ губгъуэ лэжьыгъэхэр къэралым фӀыуэ зэфӀэтхэ, ауэ шӀыр ятӀэ хьэлъэгъу зэрщытым шъхьэкӀэ елэжьыныр гъугъ. Былым зехуэныр нэхъыфӀу зэфӀэувауэ щыт. Къэралым и шӀыпэм и нэхъыбэр мэзхэм хэт.

Администрациэ гуэчыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэралыр аутоном администрациэкӀэ зэхэт - Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ я Федерациэ, Сербскэ Республикэ, Брчко хэку.

Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ я Федерациэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Кантонхэр (куейхэр) Къалэ нэхъышъхьэр
1 Унско-Сански Кантон Бихач
2 Посавски Кантон Орашие
3 Тузлански Кантон Тузла
4 Зеницко-Добойски Кантон Зеница
5 Босанско-Подрински Кантон Горажде
6 Среднебосански Кантон Травник
7 Герцеговачко-Неретвански Кантон Мостар
8 Западногерцеговачки Кантон Широки-Бриег
9 Сараево Кантон Сараево
10 10-нэ Кантон Ливно

Сербскэ Республикэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Куейхэр Къалэ нэхъышъхьэр
1 Баниа-Лука Баниа-Лука къалэ
2 Добой Добой къалэ
3 Биелина Биелина
4 Власеника Зворник
5 Сараево-Романиа Сараево
6 Фоча Фоча къалэ
7 Требиние Требиние

Брчко хэкум шъхьэхут ӀэнатӀэ иӀэ, Боснэрэ Хьэрцеговинэмрэ я Федерациэми хохьэ, Сербскэ Республикэми хохьэ.