Фрэндж
Фрэндж Республикэ фр-бз. République française | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «La Marseillaise» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 843 гъэм 1958 етхуанэ республикэ | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | фрэнджыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Париж | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Париж, Леон, Марсел | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Президент-парламентым я республикэ | ||||
Президент Премьер-министр |
Эмманюэль Макрон Элизабет Борн | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
47-нэ дунем 674 843 км² 0,26 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
65 447 374 цӀыху (20-нэ) 115 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2010) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$2, 675 трлн (8-нэ) $42,747 | ||||
Сомыр (Валутэр) | Еуро | ||||
Интернет-доменхэр | .fr; .eu | ||||
Телефон кодыр | +33 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +1 |
Фрэндж (фр-бз. France, урбз. Франция, ицӀэдыдэр псоуэ — Фрэндж Республикэ (фр-бз. République française)) — къуэхьэпӀэ Еуропэм щыщ къэрал. Къалэ Ӏаташъхьар — Пэриж. Къэралым ицӀэр джэрмэн лъэпӀкъ франкхэм къахокӀыр, Фрэнджым инэхъыбэ джылэ дэсыр галл-романску зэхэпхъа шъхьакӀэ, ябзэр романскэ группэм щыщ.
Джылыу дэсыр — милыуан-65,4 (2010-нэ гъэмкӀэ), абы 90 % — Фрэнджым иджылэ. Диныр — нэхъыбэр католикхэ (76 %). ХабзэкӀэ къэралыр — пэлатитӀ парламент (Сенатрэ Къэрал Хасэрэ). Къэралыр 26 хэкукӀэ гуэча.
ШӀыпӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Фрэнджым и нэхъыбэ шӀыпӀэр Еуропэм и къуэхьапӀэм хэлъ, гъунапкъэхэр ишъхърэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ Белгэм, Луксебыргым, Джэрманэм иде ирокӀуэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ - Джэрманэм Шыуецарэм , ипшъэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ Монакомрэ Урымымрэ ипшъэ-къуэхьапӀэмкӀэ Эспаниэмрэ Андоррэмрэ.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]486 гъэм Галл хэкур франкхэм яубыд Хлодвигыр яшъхьащыту. Апхуэду Франк къэралыр зэфӀоувэ. Хлодвигыр япэрей пщыуэ хъуа Меровинг лъэпӀкъым ящыщу. VII илъэсишъэхэм пщым икъэрур куэдын кӀедзэ, ӀанатӀэр мажордомхэм яубыд, зым абы ящыщу Карл Мартеллым 732 гъэм хьарып дзэр зэхекъутэри Еуропэм къуэхьапӀэ лъэныкъуэм ирыгъэхьахэкъым, яригъэубыдкъым. Карл Мартеллым икъуэ Папин КӀэкӀы япэре пщы мэхъу Каролинг лъэпӀкъым ящыщу.
843 гъэм Верден тхылъымкӀэ КъуэхьапӀэ-Франк къэрал мэхъу Карл-Къуй шъхьащыту. Х илъэсишъэхэм ФрэнджкӀэ еджэн кӀадзэ.
- 1789 — Фрэндж револуцэшхуэ
- 1792 — Япэре республикэ
- 1795 — Нидерландыр еубыд
- 1797 — Венециэр еубыд
- 1798 — 1801 - Мысырым хохьэ, еубыд
- 1799 — 1814 - Наполеоныр тохьа
- 1815 — Ватерлоо изауэ
- 1848 — 1852 - ЕтӀуанэ республикэ
- 1852 — 1870 - Наполеон III тет - ЕтӀуанэ дунейпсо зауэ
- 1870 — 1940 - Ещанэрей республикэ
- 1939 — 1945 - ЕтӀуанэ дунейпсо зауэ
- 1946 — 1958 - ЕпӀлӀанэ республикэ
- 1958 — м къыщыкӀэдзауэ етхуанэ республикэ
Къэрал Дэмыгъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Иджырей къэрал дэмыгъэм дышъу, лавр къудамэрэ пхъэмыф къудамэрэ тету, якур джыдэкӀэ убыдауэ, а псом яшъхьам жьӀуху телъу хьарыфит "FR" тедзауэ.
Ныпыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Фрэндж ныпыр щыуэ зэхэлъ — шхъуантӀэ, хужь, плъыжь. Фрэнджым яхабзэр игъэлъагъу - хуитыныгъэ, цӀыху хъуар зэхуэду - зэшъхьащымыту, зэкъуэшыныгъэ.
Хэкухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хэку 26 гуэча: Аквитаниэ, Бретаниэ, Бургундиэ, Ил-дэ-Франс, Корсикэ, Лангедок-Руссил'он, Лимузен, Лотарингиэ, НормандиэкӀэ, Нормандиэпшъэ, Нор-Па-дэ-Кале, Оверн, Пикардиэ, Прованс-Алп, Пуату-Шаранта, Рона-Алп, Луарэ-Хэку, Франш-Контэ, Центр, Шампан-Арденнэ, Элзас, Перенеем июг. Икъэралгъунэм ипэджыжьэ хэку щыӀахэр: Гуаделупэ, Мартиникэ, Реунион, Фрэндж Гуианэ.
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Фрэнджым иджылэр 65,4 милыуан мэхъу (2010 гъэмкӀэ). 20 щыт джылу дэсымкӀэ 192 къэралу (ЛъЗ-м) ЛъэпӀкъхэр. 1975 гъэм нэхъыбу дэсар фрэнджхэра, лэпӀкъ цӀыкӀухэм ящыщу элзасхэр, бретонхэр, джуртхэр, флэмандхэр, баскхэр, корсикхэр.
2005 гъэм Фрэнджым милыуани-3,6 хэку хэсу дэтӀысхьа.
Дин
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]51 % фрэндж джылэм ящыщ католикхэ, 4 % — мыслъымэн, 1 % — джурт диным пылъ. Абы пэмыкӀыу 5 милыуан фрэнджу буддэ диным пылъ, а мылиуанитхум и 65 % дзэн-буддэ диным пылъ.
Еуропэм и къэралхэр |
||
---|---|---|
Къэралхэр | Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгиэ • Балгариэ • Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • БгыфӀыцӀей • Латвиэ • Лэхьый • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • ЩӀылъабжьэхэр • Норуегиэ • Португал • Италэ • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Украинэ • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Чехиэ • Шуэц • Шуэцарэ • Исбухьэн • Эстониэ • Шотлэнд • Уэлс | |
ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
Дунейпсом къамылъыта къэрал | Азгъей • Косово • Приднестровиэ | |
¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкӀэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Фрэндж теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |