Дагъыстэн
Республикэ Дагъыстэн
| |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Дагъыстэным и къэрал уэрэд» | |||||
Къалэнэхъышъхьэр | Мэхьэчкъалэ | ||||
И инагъыр - Псори |
52-нэ 50 270 км² | ||||
Джылэр - Псори |
22-нэ 2 737 313 цӀыху (2010) | ||||
ВРП - Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ |
42-нэ 211,3 млрд. руб. (2008) | ||||
Нэхъышъхьэбзэр | аварыбзэ, агулыбзэ, азэрбиджаныбзэ, даргиныбзэ, къумукъубзэ, лакыбзэ, лезгиныбзэ, нэгъуэйбзэ, урысыбзэ, рутулыбзэ, табасараныбзэ, татыбзэ, цахурыбзэ, мычгышыбзэ | ||||
Президент | Магомедсалам Магомедов | ||||
Ӏэнаташъхьэм и тхьэмадэр | Магомед Абдулаев | ||||
ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэм и тхьэмадэр | Магомед-Султан Магомедов | ||||
УФ-м и къэралым и кодыр | 05, 105 | ||||
Зэманыгъуэр | MSK (UTC+3) | ||||
Дагъыстэн Уикисурэтылъэм |
Дагъыстэн Республикэ (авар-бз. Дагъистаналъул Республика, дарг-бз. Дагъистанес Республика, къум-бз. Дагъыстан Республикасы, лезг-бз. Дагъустандин Республика, лак-бз. Дагъусттаннал Республика, азэр-бз. Dağıstan Respublikası, Дағыстан Республикасы, рут-бз. Дагъустан Республика, урбз. Республика Дагестан, таб-бз. Дагъустан Республика) — Урысей Федерациэм хэт республикэ. Къалэ нэхъышъхьэр Мэхьэчкъалэ
Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Дагъыстэныр Ишъхъэрэ Къаукъазым хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэмкӀэ — Къэлмыкъым, къуэхьэпӀэмкӀэ — Ставропол шӀыпӀэмрэ Мышгычеймрэ, ипшъэмкӀэ — Курджымрэ, Азэрбиджанымрэ, къуэкӀыпӀэм — Каспий хым и Ӏуфэм Ӏохьэ.
Къэралым ежэх псы нэхъ инхэр — Тэрч, Сулак, Самур. Дэгъыстэным и ишъхъэрээ лъэныкъуэр псыкӀэ мыбэгъуауэ щыт. Къушъхьэхэм ежэх псыхэр инхэ, шӀымахуэкӀи щтыхэкъым. Къэрал псом псыуэ 1800 хуэдиз йожэх, псыхъуреуэ 100 хуэдиз.
ШӀыпӀэр — ишъхъэрэмкӀэ губгъу щыт, ипшъэмкӀэ — къушъхьу. Ӏуашъхьэ нэхъ лъагэр — Базардузу.
Хьэйуар къэралыкумрэ ишъхъэрэ лъэныкъуэмрэ — курыт-континенталу щыт, Каспиим и Ӏуфэм — субтропик.
Курыт температурэр губгъуэ лъэныкъуэхэм шӀычылэм зэрыхъур +1°С щыкӀэдзауэ 3°С нэс, къушъхьэхэм 5°С—11°С. Уэуэ къехыр 200—300, 600—800 мм зэрыхъумкӀэ.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Дагъыстэным и тхыдэр — тхыдэ лъэпкъ 30-м фӀэкӀ, къэралым дэсхэм.
Ди лъэхъэнэм и пэм, иджырей Дагъыстэным и ипшъэ лъэныкъуэр Къаукъаз Албэнейм хэтт.
Лъэхъэнэ курытхэм и пэхэм, VI—XI лъэхъэнэхэм Дагъыстэным и шӀыпӀэм къэрал Сарир зэфӀоувэ, и къалэнэхъышъхьу хъур Хунзах. VII лъэхъэнэхэм мыслымэн диныр йохьэ шӀыпӀэм, диныр шӀыпӀэм щызэфӀэувэр XV лъэхъэнэм. Дагъыстэным и ишъхъэрэ лъэныкъуэр хазархэм яӀыгъ.
XII лъэхъэнэм Сарирыр хокӀуадэ. 1239—1240 гъэхэм монголхэр Дагъыстэным йохьэхэ.
XVI лъэхъэнэм Урысей къэралым зекӀуэ зытӀущ ешъыр Дагъыстэныр иубыдыным шъхьэкӀэ, ауэ и къэру къихькъым.
1722—1723 гъэхэм Петыр I Къажэр зекӀуэ ишъа яуж Каспиим и Ӏуфэр зэрщыту Урысейм хохьэ, ауэ дунем ехыжьа яуж, шӀыпӀэр зэрщыту Урысейм фӀокӀуэд.
1813 гъэм Гулистан тхылъымкӀэ Къажэр къэралым пэубыдыгъу иӀэуэ хъуар къуэкӀыпӀэ КъаукъазымкӀэ къегъанэ. 1820 гъэм Урысейм хохьэ Дагъыстэным дэс пщыхэм я шӀыпӀэхэр, ауэ, 1829 гъэм щыкӀэдзауэ 1859 гъэм нэгъунэ Къаукъаз зауэ йокӀуэкӀ.
1860 гъэм щыкӀэдзауэ 1917 гъэм нэгъунэ Урысей империэм Дагъыстэн област джоуэ хэта.
Советхэм я ӀэнатӀэр техьа яуж, Къаукъазым Дагъыстэн РССА къыхокӀ (СФСРУ-м хэту).
РССЗ-р зэхэкӀа яуж, 1991 гъэм, Дагъыстэныр Урысей Федерациэм къыхэна. Советхэм яуж зэманыгъуэм къэлъытыгъуэ хьэлъэ ират къэралым дежь, политикэмрэ зэхэтыкӀэмрэ тэрэзыгъуэ имыӀу.
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Урысстатым къызэриӀохумкӀэ, 2009 гъэм Дагъыстэным джылу дэсар 2 711 679. Дагъыстэныр япэрей республику щыт Урысейм лъэкъ дэсхэм я бжыгъэкӀэ.
Лъэпкъхэр:
Лъэпкъыр | Бжыгъэр 2002 гъэмкӀэ, Мин цӀыху[1]. |
|
---|---|---|
Авархэр | 758,4 (29,4 %) | |
Даргинхэр | 425,5 (16,5 %) | |
Къумукъухэр | 365,8 (14,2 %) | |
Лезгинхэр | 336,7 (13,1 %) | |
Лакхэр | 139,7 (5,4 %) | |
Урысхэр | 120,9 (4,7 %) | |
Азэрбиджанхэр | 111,7 (4,3 %) | |
Табасаранхэр | 110,2 (4,3 %) | |
Мычгышхэр | 87,9 (3,4 %) | |
Нэгъуейхэр | 36,2 (1,4 %) | |
Рутулхэр | 24,3 (0,9 %) | |
Агулхэр | 23,3 (0,9 %) | |
Цахурхэр | 8,2 | |
Ермэлы | 5,7 | |
Къазанхэр | 4,7 | |
Украинхэр | 2,9 | |
Джуртхэр | 1,5 | |
Къушъхьэ джуртхэр | 1,1 | |
АдминистрациэмкӀэ и гуэчыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]АдминистрациэкӀэ Дагъыстэныр куей 42-кӀэ мэгуэчыр.
Экономикэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Нэхъыбу джылэр зыпылъхэр хадэрэ, былым зехуэнымрэ. Лэжьыгъэ нэхъ индыдэр хэкум — Дагдизел фабрикэ, дзэм щымыхъукӀэ джылэми шъхьэкӀэ Ӏэмэпсымэ къыдигъэкӀыу.
Сурэтылъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гулъытыгъуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Дагъыстэн Уикисурэтылъэм? |
- Дагъыстэн Республикэм и президентым и сайт (урыс.)
- Дангъыстэн Республикэм и ӀэнатӀашъхьэм и сайт (урыс.)
Къаукъаз |
|
---|---|
Урысей Федерациэм и хэкухэр | Адыгей • Дагъыстэн • Ингушей • Ишъхъэрэ Осетиэ • Краснодар край • Къэбэрдей-Балъкъэр • Къэрэшей-Шэрджэс • Мычгышей • Ставропол край |
Къэралхэр | Азэрбиджан (Нахичеван) • Ермэлы • Хъырцей (Аджариэ • Автоном Республикэ Азгъей) |
Дунейпсом къамылъыта къэралхэр | Азгъей • Ипшъэ Осетиэ • Къушъхьа-Карабах Республикэ |