Jump to content

Дагъыстэн

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Республикэ Дагъыстэн

Дагъыстэным и нып Дагъыстэным и дэмыгъэ
Республикэ Дагъыстэн на карте России
Къэрал уэрэд: «Дагъыстэным и къэрал уэрэд»
Къалэнэхъышъхьэр Мэхьэчкъалэ
И инагъыр

- Псори
- % псым иубыдыр

52-нэ

50 270 км²
0,4

Джылэр

- Псори
- Джылэм и Ӏувагъыр

22-нэ

2 737 313 цӀыху (2010)
53,9 цӀыху/км²

ВРП

- Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ
- ЦӀыхум техуэр

42-нэ

211,3 млрд. руб. (2008)
78,3 мин руб.

Нэхъышъхьэбзэр аварыбзэ, агулыбзэ, азэрбиджаныбзэ, даргиныбзэ, къумукъубзэ, лакыбзэ, лезгиныбзэ, нэгъуэйбзэ, урысыбзэ, рутулыбзэ, табасараныбзэ, татыбзэ, цахурыбзэ, мычгышыбзэ
Президент Магомедсалам Магомедов
Ӏэнаташъхьэм и тхьэмадэр Магомед Абдулаев
ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэм и тхьэмадэр Магомед-Султан Магомедов
УФ-м и къэралым и кодыр 05, 105
Зэманыгъуэр MSK (UTC+3)
Дагъыстэн Уикисурэтылъэм

Дагъыстэн Республикэ (авар-бз. Дагъистаналъул Республика, дарг-бз. Дагъистанес Республика, къум-бз. Дагъыстан Республикасы, лезг-бз. Дагъустандин Республика, лак-бз. Дагъусттаннал Республика, азэр-бз. Dağıstan Respublikası, Дағыстан Республикасы, рут-бз. Дагъустан Республика, урбз. Республика Дагестан, таб-бз. Дагъустан Республика) — Урысей Федерациэм хэт республикэ. Къалэ нэхъышъхьэр Мэхьэчкъалэ

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Дагъыстэным и хэкумэтх
Дагъыстэным и шӀыпӀэтхыпхъэр

Дагъыстэныр Ишъхъэрэ Къаукъазым хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэмкӀэ — Къэлмыкъым, къуэхьэпӀэмкӀэ — Ставропол шӀыпӀэмрэ Мышгычеймрэ, ипшъэмкӀэ — Курджымрэ, Азэрбиджанымрэ, къуэкӀыпӀэм — Каспий хым и Ӏуфэм Ӏохьэ.

Къэралым ежэх псы нэхъ инхэр — Тэрч, Сулак, Самур. Дэгъыстэным и ишъхъэрээ лъэныкъуэр псыкӀэ мыбэгъуауэ щыт. Къушъхьэхэм ежэх псыхэр инхэ, шӀымахуэкӀи щтыхэкъым. Къэрал псом псыуэ 1800 хуэдиз йожэх, псыхъуреуэ 100 хуэдиз.

ШӀыпӀэр — ишъхъэрэмкӀэ губгъу щыт, ипшъэмкӀэ — къушъхьу. Ӏуашъхьэ нэхъ лъагэр — Базардузу.

Хьэйуар къэралыкумрэ ишъхъэрэ лъэныкъуэмрэ — курыт-континенталу щыт, Каспиим и Ӏуфэм — субтропик.

Курыт температурэр губгъуэ лъэныкъуэхэм шӀычылэм зэрыхъур +1°С щыкӀэдзауэ 3°С нэс, къушъхьэхэм 5°С—11°С. Уэуэ къехыр 200—300, 600—800 мм зэрыхъумкӀэ.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Дагъыстэным и тхыдэ

Дагъыстэным и тхыдэр — тхыдэ лъэпкъ 30-м фӀэкӀ, къэралым дэсхэм.

Ди лъэхъэнэм и пэм, иджырей Дагъыстэным и ипшъэ лъэныкъуэр Къаукъаз Албэнейм хэтт.

Лъэхъэнэ курытхэм и пэхэм, VI—XI лъэхъэнэхэм Дагъыстэным и шӀыпӀэм къэрал Сарир зэфӀоувэ, и къалэнэхъышъхьу хъур Хунзах. VII лъэхъэнэхэм мыслымэн диныр йохьэ шӀыпӀэм, диныр шӀыпӀэм щызэфӀэувэр XV лъэхъэнэм. Дагъыстэным и ишъхъэрэ лъэныкъуэр хазархэм яӀыгъ.

XII лъэхъэнэм Сарирыр хокӀуадэ. 1239—1240 гъэхэм монголхэр Дагъыстэным йохьэхэ.

XVI лъэхъэнэм Урысей къэралым зекӀуэ зытӀущ ешъыр Дагъыстэныр иубыдыным шъхьэкӀэ, ауэ и къэру къихькъым.

1722—1723 гъэхэм Петыр I Къажэр зекӀуэ ишъа яуж Каспиим и Ӏуфэр зэрщыту Урысейм хохьэ, ауэ дунем ехыжьа яуж, шӀыпӀэр зэрщыту Урысейм фӀокӀуэд.

1813 гъэм Гулистан тхылъымкӀэ Къажэр къэралым пэубыдыгъу иӀэуэ хъуар къуэкӀыпӀэ КъаукъазымкӀэ къегъанэ. 1820 гъэм Урысейм хохьэ Дагъыстэным дэс пщыхэм я шӀыпӀэхэр, ауэ, 1829 гъэм щыкӀэдзауэ 1859 гъэм нэгъунэ Къаукъаз зауэ йокӀуэкӀ.

1860 гъэм щыкӀэдзауэ 1917 гъэм нэгъунэ Урысей империэм Дагъыстэн област джоуэ хэта.

Советхэм я ӀэнатӀэр техьа яуж, Къаукъазым Дагъыстэн РССА къыхокӀ (СФСРУ-м хэту).

РССЗ-р зэхэкӀа яуж, 1991 гъэм, Дагъыстэныр Урысей Федерациэм къыхэна. Советхэм яуж зэманыгъуэм къэлъытыгъуэ хьэлъэ ират къэралым дежь, политикэмрэ зэхэтыкӀэмрэ тэрэзыгъуэ имыӀу.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Дагъыстэным и джылэр

Урысстатым къызэриӀохумкӀэ, 2009 гъэм Дагъыстэным джылу дэсар 2 711 679. Дагъыстэныр япэрей республику щыт Урысейм лъэкъ дэсхэм я бжыгъэкӀэ.

Лъэпкъхэр:

Лъэпкъыр Бжыгъэр 2002 гъэмкӀэ,
Мин цӀыху[1].
Дагъыстэн шӀыпӀэм и джылэ зэхэсыкӀэр: 1-зэхэпхъауэ щытыр, 2-авархэр, 3-даргинхэр, 4-лезгинхэр, 5-лакхэр, 6-табасаранхэр, 7-агулхэр, 8-рутулхэр, 9-цахурхэр, 10-къумукъухэр, 11-нэгъуэйхэр, 12-азэрбиджанхэр, 13-урысхэр
Авархэр 758,4 (29,4 %)
Даргинхэр 425,5 (16,5 %)
Къумукъухэр 365,8 (14,2 %)
Лезгинхэр 336,7 (13,1 %)
Лакхэр 139,7 (5,4 %)
Урысхэр 120,9 (4,7 %)
Азэрбиджанхэр 111,7 (4,3 %)
Табасаранхэр 110,2 (4,3 %)
Мычгышхэр 87,9 (3,4 %)
Нэгъуейхэр 36,2 (1,4 %)
Рутулхэр 24,3 (0,9 %)
Агулхэр 23,3 (0,9 %)
Цахурхэр 8,2
Ермэлы 5,7
Къазанхэр 4,7
Украинхэр 2,9
Джуртхэр 1,5
Къушъхьэ джуртхэр 1,1
гъэлъэгъуа лъэпкъхэр зи бжыгъэр миным фӀэкӀхэра

АдминистрациэмкӀэ и гуэчыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

АдминистрациэкӀэ Дагъыстэныр куей 42-кӀэ мэгуэчыр.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Дагъыстэным и экономикэр

Нэхъыбу джылэр зыпылъхэр хадэрэ, былым зехуэнымрэ. Лэжьыгъэ нэхъ индыдэр хэкум — Дагдизел фабрикэ, дзэм щымыхъукӀэ джылэми шъхьэкӀэ Ӏэмэпсымэ къыдигъэкӀыу.