Алыджей
Алыджей Республикэ Ελληνική Δημοκρατία | |||||
| |||||
Гоуидзэр: «Ἐλευθερία ἤ Θάνατος (хуитыныгъэ иэ лӀэныгъэ)» | |||||
Къэрал уэрэд: «Хуитыныгъэм и уэрэд (Ύμνος εις την Ελευθερία)» ( едэӀун (info)) | |||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | алыджыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Афинхэр | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Афинхэр, Салоники, Пирей | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент Республикэ | ||||
Президент Премиер-Министр |
Карлос Папулиас Ципрас Алексис | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
96-нэ дунем 131.957 км² 0, 86 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
11.306.183 цӀыху 85 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2009) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$344,404 млрд. (32-нэ) $30.856 | ||||
Этнохоронимыр | алыдж алыджхэ | ||||
Сомыр (Валутэр) | Еуро | ||||
Интернет-доменхэр | .gr иэ .eu | ||||
Телефон кодыр | ++30 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +2; гъэмахуэм +3 | ||||
Алыджей (ал-бз. Ελλάδα; и цӀэр псоуэ — Алыджей Республикэ; тхыдэмкӀэ ицӀэр — Ελληνική Δημοκρατία) — Еуропэм и ипщэ-къуэкӀыпӀэм хэт хэку, Бэлкан тӀууащӀэм тету. ИщхъэрэмкӀэ и гъунапкъэр Албаниэ, Македониэм, Балгариэм ядежым ирокӀуэщ, ищхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ — Тыркум. КъуэкӀыпӀэмкӀэ Хы Эгейр Ӏулъщ, къухьэпӀмкӀэ — Хы Ионэр, ипщэмкӀэ — Хы Курытым. Къэралым езы алыджхэм яцӀэмкӀэ теӀуа. Къалащхьэр — Афинэхэр
КъухьэпӀэ ицивилизациэ здызэфӀэувар, япэре демократ къэралхэр къыздежьар Алыджейращ.
Хэкумэтхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Алыджейр Бэлкан тӀууащӀэм и ипщэмрэ Анадолейм къыбгэдэлъ хы тӀыгухэмрэ ящӀыгъуу тет, псори зэхэту км² 131 994 мэхъущ. И гъунапкъэр Албаным, япэре Югэслау Республикэ Македониэм, Балгариэм, Тыркум джоуэ ирокӀуэ. Хы Ӏуфу Курытым, абы хэту: Ионэ, Эгейхэм ягъунэхэр. Крит хы тӀыгум ищхъэрэ Ӏуфэр Хы Ливиим Ӏулъщ. Абы нэмыщӀу Алыджейм минитӀ хы тӀыгу хэт, ар къэралым 20 % щӀыпӀэщ.
Алыджым ищӀыпӀэр щыуэ бгуэш хъунущ, ар:
- Мэтерикым тет Алыджыр, абы хыхьэ: Македониэ (Флоринэ, Пэллэ), Фракиэ (Родопи, Кавала), Эпир (Теспротиэ, Превезэ), Фесалиэ (Ларисэ, Магнисиэ) Алыджеикур (Фтиотидэ, Фокидэ, Аттикэ). Ионэ хы тӀыгухэри абы хабжэ
- Пелопоннес — Алыджым и хы тӀыгу нэхъ ин. Еуропэ ицивилизациэм и щӀыналъэр, къыздикӀар аращ, Аркадиэ, Лакониэ, Месиниэ… хэкухэр здэщыӀар абдеж.
- Хы Эгей и хы тӀыгухэр, абы янэхъ инхэр Крит — Алыджейм и нэхъ ин, Еуропэм 8-рей (8259 км²), Эвбеэ — Критым яуж етӀуанэу (3654 км²).
Администрациэ гуэшыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Алыджейр къедзыгъуэ 13 зэхэтщ, ахэр 54 номэ-кӀэ (префектурэ) гуэшащ. Абы нэмыщӀу зы аутоном къедзыгъуэ иӀэщ — Айон-Орос, Афон Ӏуащхьэм игъунэгъу. Ар шоджэн къэрал, ӀэнатӀэр зыӀыгъыр — хасэ, чылисэ 20-кӀым ящыщу.
|
Къалэ нэхъ инхэмрэ, джылэ дэсымрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Афинэхэр — 745, 514
- Фесалоники — 363, 987
- Пирей — 175, 697
- Патрас — 160, 400
- Гераклион — 130, 914
- Перистери — 137, 918
- Лариса — 124, 394
- Калифеэ — 109, 609
Лэпкъ дэсхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Нэхъ лъэпкъ ин къэралым исыр алыджхэращ — 90 %. Лъэпкъхэр Алыджейм иджыри къыздынэсым динымкӀэ зэрагуэшыр (Уэсмэн империэм и хабзу къэнауэ)
- Фракымрэ Додикан хы тӀыгухэм дэс мыслъымэнхэр, тыркухэр яхэту — 1 %
- Помакхэр (болгарыбзэ зезыхьа лъэпкъ мыслъымэн) — 0,3 %
- Цыджан мыслъымэнхэр — 0,1 %
Этногрэфхэм бзэкӀэ лъэпкъ къыхагъэкӀхэр:
- Албанхэр — 4 % (арнаутхэр яхэту)
- Слауаныбзэ зезыхьэ алыджхэр е македон слауанхэр — 1,2 %
- Аромунхэр — 1,1 % (мегленитхэр яхэту)
- Чристэн цыджанхэр — 0,8 %
- Сербхэр — 0,3 %
- Хьэрыпхэр — 0,3 %
- Журтхэр — 0,05 %
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
Еуропэм и къэралхэр |
||
---|---|---|
Къэралхэр | Aзыгъэй • Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгиэ • Балгариэ • Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • БгыфӀыцӀей • Латвиэ • Лэхьый • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • ЩӀылъабжьэхэр • Норуегиэ • Португал • Италэ • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Хуэхуэлей • Чехиэ • Шуэц • Шуэцарэ • Исбухьэн • Эстониэ • Шотлэнд • Уэлс | |
ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
Дунейпсом къамылъыта къэрал | Косово • Приднестровиэ | |
¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкӀэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. |