Jump to content

Италэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Урым къызыхэкӀар)
Республикэ Италэ
Repubblica Italiana
Дэмыгъэ Урымым
Урымым и нып Урымым и дэмыгъэ

Кординатхэр: 43°00′00″ с. ш. 12°00′00″ в. д. / 43° с. ш. 12° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Fratelli d’Italia» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 1946 мэкъуауэгъуэм и 2
Нэхъышъхьэбзэхэр италэбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Рим
Къалэ нэхъ инхэр Рим, Милан, Неапол, Турин
ӀэнатӀэ хабзэр Парламентым и республикэ
Президент
Премьер-министр
Джорджио Наполитано
Маттео Ренци
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
69-нэ дунем
301 230 км²
2,4
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2017)
Ӏувагъыр

60 507 590 цӀыху (23-нэ)
200,8 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$2,330 трлн.  (10-нэ)
$39 565
Сомыр (Валутэр) Еуро
Интернет-доменхэр .it; .eu
Телефон кодыр +39
Зэманыгъуэхэр +1

Италэ (урым.-бз. Italia, урбз. Италия), ИцӀэдыдэр псоуэ — Республикэ Италэ (Repubblica Italiana) — къэрал, Еуропэм, ЩӀызыхуаку хы щӀыпӀэм икум. Къэралым лъэпӀкъ "италикэ" ицӀэкӀэ траӀуа. Икъэралгъунэр ишъхъэрэ-къухьапӀэмкӀэ Фрэнджым иде ирокӀуэ (икӀыхьагъыр - 488 км.), Шыуецарэм (740 км.), Аустрэм (430 км.) - ишхъэрэм, итӀанэ Слэуенэм - ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ (232 км). ИкӀуэцӀми къэралгъунэ иӀэ Вэтиканымрэ (3,2 км) Сан-Мэринэмрэ (39 км.)Къалэ Ӏаташъхьар - Рим.

Апеннин хы тӀыгуныкъуэр еубыд, Падан губгъуэр, Алп Ӏуащхьэхэм я ипшъэ лъэныкъуэр, хы тӀыгуу Сицилэ, Сэрдиниэ цӀыкӀуи бжыгъэ. Италэр Шенгеным хэт къэралхэм ягъусэ.

Япэдыду урым ииджырей ныпыр 1797 гъэм Эмилием яшъа, Джузеппе Компаньони республику триӀуауэ, ныпри абы еу. Наполеоным изэманми ныпыр Франдж револуциэм еуэ ялъытэт.

Уенэ Конгрессымрэ Рестоврациэмрэ яуж ныпыр къагъэна, хуитыныгъэм ицӀэкӀэ тӀанэ яӀатат ныпыр револуциэхэм 1831, 1848 гъэхэм

12-стэтьям Италэ Конституцэм ит " Италэм иныпыр - удзыфэрэ, хужьрэ, плъыжьрэ зэхуэдизу къэху тету"

Италэм и къэрал дэмыгъэр щашъар 1948 гъэм, Италэм и президент Энрико Дэ Никола иунафэкӀэ. Дэмыгъэм итхыгъэр зышъар Паоло Паскетто, 1946 1947 гъэм конкурс ирагъэкӀуэкӀахэм 500 нэрыбгэ здыхэтам къыхьауэ.

Дэмыгъэм тетыр Вагъуэ хужь, тхууэ игъунэхэр зэхэкӀыу ( Рисорджименто иныпым къыхэхауэ ар ), пхъэмыф къудамэхэр, тхьампэхэр ятету ихъуреягъкӀэ къэкӀуэкӀыу (италэ лъэпкъым илӀыгъэмрэ иӀадэбымрэ къыригъэкӀыу абы ).

Урым хэкухэр

Къалэ Ӏаташъхьар - Рим. Езы къэралыр 20 хэкукӀэ гуэча - Валле д'Аоста, Ломбардия, Трентино-Алто Адидже, Фриули-Венеция Джулия, П'емонт, Лигурия, Венето, Тоскана, Умбрия, Эмилия-Роман'я, Марке, Абруццо, Лацио, Молизе, Базиликата, Кампания, Калабрия, Апул'я, Сардиния, Сицилия. ( Сицилиям, Сардиниям, Трентино-Алто-Адидже, Валле-д’Аоста и Фриули-Венеция Джулия адре хэкухэм нэхърэ ӀанатӀэ нэхъыбэ яӀа )

V-III илъэсишъэхэм, ди эрэм ипэкӀэ Италэ шӀынэлъэр Рим къэралым икум ита, Рим къалэр инэхъышъхьу.

А зэманым урымым къалэ-къэрал республику куэд хэтт. Италэм и северымрэ икумрэ XIV-XVI илъэсишъэхэм апхуэду Венеция хэта - дожи жхуаӀахэр нэхъышъхьу хаху. Генуем, Флоренцием, Луккэм иджыри зыпэмыкӀы къалэхэм уэркъ лъэпӀкъхэм яӀыгъу зэфӀэувахэ. А зэманым икӀэм Урымымрэ Джэрманымрэ Еуропэм зэбгырыдзауэ, зэрмыӀыгъу къэнахэтэр.

1920 гъэм Италэм иӀанатӀэм фэшистхэр Ӏуохьа, диктэтурэ яшъыр Бенито Муссолини ( 1922-1936 ) ящъхьащыту. 1929 Латеранскэ тхылъымкӀэ Урымым Ватиканыр хуит къэрал ешъыр. Италэм Эфиопыр еубыд ( 1935-1936 ), Албаныр ( 1939 ). Фэшист Джэрманымрэ Японымрэ яхохьа. Урымыр 1940 ЕтӀуанэрей дуней зауэм хохьа. 1945 инджылызымрэ америкэмрэ ядзэр урымым иджылэри хэту фэшистхэр трагъэкӀыр

1946 гъэм Италэр парламентскэ республикэ мэхъу.

Италэм 60 милыуаным фӀокӀыр цӀыху дэсыр. Еуропэм Урымыр 4-э цӀыху къэралым дэсымкӀэ, дунем 23-э. Нэхъ Ӏуву цӀыхухэр здыдэсыр Италэм и ишхъэрэ Ӏыхьэращ.

Къалэ нэхъ инхэм джылу дэсыр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
  1. Рим - 2, 724, 347
  2. Милан - 1, 295, 705
  3. Неапол - 963, 661
  4. Турин - 908, 825

Къэрал псом ябзэр - урымыбзэ, романскэ группэ бзэхэм яхэт. Урымыбзэм псэлъэкӀэ бжыгъэ иӀа, ахэр хэку къэс ягуэч - северым яхэр, кэралыкум яхэр, югым яхэр. Джэрманыбзэр Болцанэмрэ Тироле хэкухэм урымыбзэм хуэду ялъытэ, Аостэм франджыбзэр

Рим-Католик чилисэм пылъу Италэм 57 милыуан дэс, ар 96% Италэм исым