Британиэшхуэ
Британиэшхуэ The United Kingdom of Great Britain and Northern Ireland | |||||
| |||||
Гоуидзэр: «Dieu et mon droit (Тхьэмрэ пӀалъэ сиӀэмрэ)» | |||||
Къэрал уэрэд: «God Save the Queen/King» ( едэӀун (info)) | |||||
Щыхалъхьар | 1801 гъэм щӀыщылэм и 1 (Британиэшхуэм и Пэштыхь Къэрал Зэгуэтымрэ Ишъхъэрэ Ирлэндымрэ) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | инджылыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Лондон | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Лондон, Бирмингем, Глазго, Манчестер, Эдинбург, Ливерпул | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент пэштыхьей | ||||
Британиэшхуэм и гуащэ Премьер-министр |
Карл III Дэвид Кэмерон | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
77-нэ дунем 244 820 км² 1,34% | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2009) • Ӏувагъыр |
61 113 205 цӀыху 246 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$2,228 трлн. (7-нэ) $36 357 | ||||
Этнохоронимыр | британ, британхэ | ||||
Сомыр (Валутэр) | стерлингхэм я фунт | ||||
Интернет-доменхэр | .uk; .ue; .gb | ||||
Телефон кодыр | +44 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +0 | ||||
Британиэшхуэ Уикисурэтылъэм |
Британиэшхуэмрэ Ищхъэрэ Ирлэндымрэ япэщтыхьей Зэгуэт (ин-бз. United Kingdom, ицӀэдыдэр - Британиэшхуэмрэ Ищхъэрэ Ирлэндымрэ япэштыхьей Зэгуэт, ин-бз. The United Kingdom of Great Britain and Northern Ireland) — хы тӀыгу къэрал къуэхьапӀэ Еуропэм, иӀанатӀэр - парламент пэштыхь. Къалэ Ӏэтащхьэр — Лондон.
Куейхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Британиэшхуэр политикэ-администрациэ куей плӀкӀэ мэгуэч:
- Инджылыз - Лондоныр хэту, икъалэ Ӏаташъхьу
- Уэлс - Кардифф икъалэ Ӏаташъхьу
- Шотлэнд - Эдинбург икъалэ Ӏаташъхьу
- Ирлэнд - Бэлфаст икъалэ Ӏаташъхьу
Абыхэм пэмыкӀыу хэку иӀахэр (хэтхэр) я къалэ Ӏаташъхьэхэмри
Британ хы тӀыгухэр:
- Мэн хы тӀыгур (Дуглэс)
Норман хы тӀыгухэр:
- Джэрнси (Сент-Питер-Порт)
- Джэрси (Сент-Хелиэр)
Еуропэм:
- Гибралтэр (Гибралтэр)
Америкэм:
- Ангилиэ (Валли)
- Бермудхэр (Гамилтон)
- Британым Ивирджин хы тӀыгухэр (Род-Таун)
- Кайман хы тӀыгухэр (Джорджтаун)
- Хы тӀыгу Монтсеррат (Плимут)
- Тиорксрэ Кайкосрэ хы тӀыгухэр (Кукбурнтаун)
- Фолкленд хы тӀыгухэр (Порт-Стенли)
- Ипшъэ Джиорджиэрэ Ишъхърэ Сандыуч хы тӀыгухэр
Атлантик океаныр:
- Сант Элена ихы тӀыгу
Хы тӀыгуэй
- Питкэрн хы тӀыгу (Адамстаун)
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]2009 гъэмкӀэ Британиэшхуэм 61 634 599 милыуан джылу дэс.
Къалэ нэхъ инхэмрэ, джылу дэсхэмрэ:
- Лондон - 6 803 000
- Бирменгем - 935 000
- Глазго - 654 000
- Шеффилд - 500 000
- Ливерпул - 450 000
- Эдинбург - 421 000
- Манчестр - 398 000
- Белфэст - 280 000
ЛъэпӀкъ дэсхэр къэралым.
Къэралым илъэпӀкъ дыдэхэр 92 % мэхъу дэсу хъуам, абыхэм:
- инджылызхэр - 83, 6 %
- Шотлэндхэр - 8, 5 %
- валлийхэр - 4, 9 %
- Ирлэндхэр - 2, 9 %
Хэку хэсхэр, янэхъыбу Лондоным, КъуэхьапӀэ Мидленд, Мерсисайдым щопсохэ, 8 % къэралым иджылэм мэхъу
- Индиэ, Пакистэн, Бангладэшым къыкӀахэр - 3, 6 %
- Хъутэйм - 0, 4 %
- Африкэм икъэралхэм - 0, 8 %
- Кэриб хы тӀыгухэм къикӀахэр - 1 %
Тхыдэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Британ ха тӀыгухэр V - VI лъэхъэнэм англосаксхэм яубыдыр. Норманхэм яужкӀэ Инджылызыр 1066 гъэм яубыдри уэркъхэр къэралым зэфӀоувэри, хэкухэр зэгохьа. XIII лъэхъэнэм инджылыз парламент яшъыри пщы нэхъышъхьахэри зэфӀоувэ. Лъхукъуэлъхэм зауэ бжыгъэ ирагъэкӀуэкӀа нэуж хут мэхъухэ ауэ шӀы яӀыгъын, яӀан пӀалъэншэхэ. 1534 гъэм Инджылыз Чылисэ яшъыр. XVII лъэхъэнэм Инджылыз револуциэм капиталцизымыр ӀанатӀу трегъэувэ. XVII лъэхъэнэм политикэ партиэ зэфӀэува - торгрэ вигрэ (XIX лъэхъэнэм Консервативрэ Либералрэ хъужьахэ). 1707 гъэм Шотлэндыр иубыда яуж (1649 - 1651 Ирлэндри еубыд) пэштыхь-къэрал зэгуэтым Британиэшхуэ цӀэр къытонэ. XVIII - XIX язэхуакум зыкъэӀатыр иэкономикэм. Ост-Индиэ компаниэм Бенгалиэр иубыда нэуж британиэр колониалнэ къэрал мэхъур. 1840 гъэхэм Ирлэндым гъаблэ къохьа, милыуаным фӀэкӀыу цӀыху ехьыр. 1868 гъэм Британ конгресс яшъыр тред-иунион джоуэ. 1900 гъэм Британиэшхуэм Илейборист партиэ яшъыр. XIX лъэхъэнэм Британиэшхуэр дунейм нэхъ колониалнэ къэрал ин мэхъур. ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм Британиэшхуэр коалициэм хэта япэрей къэралхэм ядэкӀыгъу Хьитлер пэщытахэм.
Дин
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Чыристэн диным къэралым пылъыр (42, 079, 000) - 71 %
- Буддэ диным (152 000) - 0, 3%
- Индэ диным (559 000) - 1 %
- Джурт диным (267 000) - 0, 5
- Мыслъымэн диным (1 591 000) - 2, 7 %
- Сикх диным (336 000) - 0,6 %
- ПэмыкӀы дин (170 000) - 0, 3 %
- Тхьаншэу (9 104 000) - 15, 5 %
- Джэуап зымтыфахэр (4 289 000) - 7, 3 %
Еуропэм и къэралхэр |
||
---|---|---|
Къэралхэр | Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгиэ • Балгариэ • Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • БгыфӀыцӀей • Латвиэ • Лэхьый • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • ЩӀылъабжьэхэр • Норуегиэ • Португал • Италэ • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Украинэ • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Чехиэ • Шуэц • Шуэцарэ • Исбухьэн • Эстониэ • Шотлэнд • Уэлс | |
ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
Дунейпсом къамылъыта къэрал | Азгъей • Косово • Приднестровиэ | |
¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкӀэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. |