Jump to content

Филипинхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Филиппинхэр къызыхэкӀар)
Филипинхэр
таг.-бз. Republika ng Pilipinas
ин-бз. Republic of the Philippines
Дэмыгъэ Филипинхэм
Филипинхэм и нып Филипинхэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 12°48′00″ с. ш. 122°03′00″ в. д. / 12.8° с. ш. 122.05° в. д. (G)

Гоуидзэр: «Maka-Diyos, Makatao, Makakalikasan, at Makabansa»
Къэрал уэрэд: «Lupang Hinirang» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 1898
Нэхъышъхьэбзэхэр тагалыбзэ, инджылыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Манилэ
Къалэ нэхъ инхэр Куезон Сыти, Манилэ
ӀэнатӀэ хабзэр президент республикэ
Президентыр Rodrigo Duterte
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр

299 764 км²
0,6
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2009)
Ӏувагъыр

91 983 000 цӀыху (12-нэ)
306 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$317,964 млрд  (36-нэ)
$3515
Сомыр (Валутэр) Филипинхэм я песэ (PHP)
Интернет-доменхэр .ph
Телефон кодыр +63
Зэманыгъуэхэр +8
Филипинхэр Уикисурэтылъэм

Филипинхэр (таг.-бз. Republika ng Pilipinas, ин-бз. Republic of the Philippines) — Азиэ ипшъэ къуэкӀыпӀэм щыщ къэрал. Къалэ нэхъыщъхьэр — Манилэ.

Ар Акиан Щэхум хэт хытӀыгу зыбжанэм тетщ. ХъуреягъкӀэ хы зэмылӀэужьыгъуэхэм ялъэс: Хъутей хы ипшъэ, Филипин хы, Сулу хы, Сулавеси хы. А хыхэм узыпхырысыкӀымэ Хъутейм, Тайуаным, Виетнамым, Сиамым, Мэлайзиэм, Сингэпурым, Кэмбоджэм, Индэнезиэм унэсыфынущ. Филипинхэм я къалэ нэхъ ин дыдэр Куезон Сытищ я къалащхьэр Манилэщ. Ахэр Лусон хытӀыгум тетхэщ.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Филипинхэм и хэкумэтх
Файл:Филипинхэм и щӀыпӀэтхыпхъэр.png
Филипинхэм и щӀыпӀэтхыпхъэр космэсым ущеплъыхымэ

Филипинхэр Акиан Щэхумырэ Индиэ Акианымырэ я зэхуакум дэлъ Мэлай архипелагым хэт хытӀыгу зыбжанэм тетщ. А хытӀугухэм яцӀэр Филипин архипелагщ. ХъуреягъкӀэ хы зэмылӀэужьыгъуэхэм ялъэс: Хъутей хы ипшъэ, Филиппин хы, Сулу хы, Сулавеси хы. А хыхэм узыпхырысыкӀымэ Хъутейм, Тайуаным, Виетнамым, Сиамым, Мэлайзиэм, Сингэпурым, Кэмбоджэм, Индэнезиэм унэсыфынущ. Филипинхэм я къалэ нэхъ ин дыдэр Куезон Сытищ я къалащхьэр Манилэщ. ИщхьэмкӀэ зэрытхамкӀэ а къалэхэр Лусон хытӀыгум тетхэщ.

Филипинхэм я хытӀыгу зэмылъэужьыгъуэм и щӀыпӀэтхыпхъэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Филипинхэм и хытӀыгухэм я бжыгъэр миниблырэ щэм щӀегъу. Абыхэм я нэхъ инхэр: Лусон, Миндэнао, Сэмар, Пэнай, Пэлэуан, Негрос, Миндэро, адрейхэри. Филипинхэр кӀыхьагъкӀэ ипщӀэм щыщӀэдзауэ ищхъэрэм нэс килэметрэ 2000-м нос. КъуэкӀыпӀэм щыщӀэдзауэ къуэхьэпӀэм нэс и бгъуагъыр килэметрэ 900-м нос. Ищхъэрэ къуэхьэпӀэмкӀэ Ӏуфэр Хъутей хы ипшъэм елъэс, КъуэкӀыпӀэмкӀэ - Филипин хым, Ипщэ къуэхьэпӀэмкӀэ - Сулу хым, ИпщэмкӀэ - Сулавеси хым. ИщхъэрэмкӀэ Лусон хытӀыгумырэ Тайуан хытӀыгумырэ зыпеху Баши псыдэжым, Ипщэ къуэхьэпӀэмкӀэ Филипинхэм и хытӀыгу Балэбакымырэ Мэлай Банггимырэ псыдэжым зэпехур. ИщхъэрэмкӀи Филипин гъунапкъэр псыдэжым тетщ, ар Индэнезиэм къыпехукӀ. Филипинхэм и Ӏуфэу хъуам я кӀыхьагъыр зэхэплъхьэмэ км мин-36,3-м хуэдиз хъунущ. Езы хытӀыгуу хъуам я щӀыпӀэр км² мин-299,7-м хуэдизщ.

Файл:Апуо къэбэкъей.png
Апуор

Филипинхэм и лъащӀэр бгы защӀэщ и нахъыбэм. Къей нэхъ лъагэ дыдэр метрэ 2954-рэ зи лъэгагъ къэбэкъауэ Апуощ. Ар Миндэнао хытӀыгум тетщ. Архипелагым и щӀылъэр нэхъыбапӀэм къэбэкъауэ мафӀэпс жам телъщ. Нэхъри а щӀыпӀэхэр щӀылъэм къэӀэтауэ щыт литосферэ плитымырэ хыщӀагъ литэсферэ плитымырэ я зыжьыхэуапӀэм лъос, ар щӀыхъей куэдыу къыщыхъу Акиан Щэху мафӀэбжьэм щыщ щӀыпӀэхэщ. Абы къыхэкӀыу ФилипинхэмкӀэ гъэщӀэгъуэнкъым хытӀыгухэм я нахъыбэр къэбэкъауэхэм къызэригъэщӀар.

Миндэнао хытӀыгум Филипин хым и Ӏуфэм и пэмыжыжьэу нэхъ куу дыдэхэм ящыщ зы хы арахъэ щиӀэщ. Ари литэсферэ плитхэм я зыжьыхэуэгъуэм и ягъэщ. А хы арахъэм ицӀэр Филипин арахъэщ, и кууагъыри метрэ 10830-м хуэдизщ.

Филипинхэм ипсхэмырэ гуэлхэмырэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Файл:Агусан псы.png
Агусан псыр

Филипинхэм хытӀыгу къэс я псы ежэх цӀэрыӀуэ яӀэщ, псы къэс таурыхъ лъэпкъхэм яусащ. Нэхъ кӀыхь дыдэу Филипин архипелагым псыуэ иӀэхэр:

  1. Миндэнао - км 320-рэ, Миндэнао хытӀыгум ирожэ
  2. Агусан - км 350-рэ, Миндэнао хытӀыгум ирожэ
  3. Пампанга - км 260-рэ, Лусон хытӀыгум ирожэ
  4. Пуэрто-Принсеса - а псыр щӀыщӀагъым щырожэ, ар дунейпсом щӀыщӀагъ псыежэххэм щыщыу нэхъ кӀыхь дыдэу къалъытащ, и кӀыхьагъыр - км-8, Пэлэуан хытӀыгум кӀэщӀож

Гуэл нэхъ инхэр:

  1. Лэгууна-де-Бай - Филипинхэм щыгуэлнэхъиндыдэщ, Лусон хытӀыгум телъщ.
  2. Лэнауо Миндэнао хытӀыгум и гуэл нэхъ ин дыдэщ, Филипин Республикэм щыетӀыуанэщ

Псэущхьэхэмырэ къэкӀэгъэхэмырэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Файл:Филипин мэзхэр.png
Филипин мэзхэр
Файл:НэщӀэпкӀэ.png
Хым хэс нэщӀэпкӀэ

Филипинхэм и щӀылъэм иныкъуэм хуэдизыр палмэхэр, баньянхэр, апитонгхэр, маяписхэр, кэучук къызыхах жыгхэр къыщыкӀ тропик мэз псыфхэм яубыд. А мэзхэм абы намыщӀ къыщокӀ архидейэхэр, кэрицэр. Метрэ 1200-м хым теӀэтыкӀа щӀылъэхэм пабжьэхэр къыщокӀ, губгъуэхэр телъщ.

Филипин хытӀыгухэм щыпсэу псэущхьэхэм ящыщщ: щыхьхэр, кхъуэпӀащэхэр, бзу зэмылӀэужьыгъуэ куэд исщ, Ӏуфэпсхэм бдзэжьей хэзщ, абы намыщӀи нэщӀэпкӀи нэгъуэщӀхэри щыкуэдщ.

Филипинхэр - конгресс тӀууащӀэу щыт, хей системэ хуитыу щыт президент республикэщ. Президентыр къызэрыхах пӀалъэм и кӀыхьагъыр илъэсихщ, Сенатыр (пӀэ-24-рэ) - илъэсихщ, Къэзыгъэлъагъуэхэм я Пэлатыри (пӀэ-240) - илъэсищкӀэ.

Ӏыхьэ нахъыщхьэхэр:

  1. Лакас/Кампи/Чыристанырэ Мыслымэнырэ демэкратхэр — курыт, сенатэриплӀ, депутат-142-рэ
  2. Национэлист Жылэ Коалицэ — курыт, сенатэритӀ, депутат-28-рэ
  3. Либерал Ӏыхьэ — сэмэгу-курыт Ӏыхьэ, сенатэриплӀ, депутат-14
  4. Национэлист Ӏыхьэ — ижь-курыт, сенатэрищ, депутатий
  5. Байан — сэмэгу, депутатибл
  6. Демэкрат Ӏыхьэ/Лабан — сэмэгу-курыт, 1 сенатор, депутатиплъ
  7. Пверса Масан — сэмэгу-курыт, сенаторитӀ, депутатищ
  8. Эпэзицэ Зэгуэт — курыт, сенаторитӀ, депутатищ

Абы намыщӀ пэрламентым хэтщ Ӏыхьэ зыбжанэ. Пэрламентым хэмыт Ӏыхьэхэр - комунист ӀыхьитӀырэ зы "удзыфэ" Ӏыхьэрэ. Зы комунист Ӏыхьэм уӀэщыгъэ дзэхэмкӀэ илъэс 1969-м щыщӀэдзауэ зэгъэпэщащ. А дзэхэм яцӀэр - Жылэ ДзэщӀэ (илъэс 1980-хэм уэрылӀ мин-25-м фӀокӀ, иджыпсту зэманым - миниплӀым нэскъым). Филипинхэм ислъам уӀэщыгъэ гупхэри я лэжьыгъэр щырагъэкӀуэкӀ - хуитынагъэм щхьэкӀэ мэзауэхэ (фронт моро Абу-Сайаф).

ЩӀыпӀэхэм я администрат ззэхэтыкӀэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Филипин провинсхэр

Флипинхэр провинс тӀощӀиплӀыу зэхэтщ. Ахэр регион 17-кӀэ угуэшащ. ЗЫбжанэ къалэ хуитхэр провинсхэм хэмытыу щытщ, езыхэм я тхьэмадэгъуэр яӀэу. Провинсхэр муниципэлитетыурэ хыхьэ къалэхэмкӀэ зэхэтщ, муниципалитетхэр ауэ барангаикӀэ зэхэтыжщ.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Филипинхэм и тхыдэ

Етхуанэ лӀэщӀыгъуэм щыщӀэдзауэ иджырей Филипинхэм я щӀыпӀэхэм цивилизацэ щызэхэувакӀэт, лъэпкъ хабзэ зэмылӀэужьыгъуэр и лъабжьэу. ЕгъащӀэ лъандэрэ мыбы щыпсэу лъэпкъхэр (негритхэр, аэтхэр) пасэрей щӀыналъэхэр, мылылъэхэр ялъэкӀыри яужьым къэехъулӀэгъуэр къалъысащ - щӀыпӀэ хуабэхэм, хытӀыгу мэз Ӏувхэм дэтӀысхьахэщ. ИеужькӀэ Хъутейм къикӀыу ТайуанымкӀэ австронезий бзэхэмкӀэ псалъэ лъэпкъхэри дэтӀысхьахэщ мыбдеж. Хъутей дэжыгхэр ейанэ лӀэщӀыгъуэм къэса. Индэ-мэлай псытет пащтыхьейхэм я дамэм щӀэт Филипинхэр ебланэ лӀэщӀыгъуэм Фернан Магеланым еурэпейхэм къахузэӀуихащ. Хьэрыпхэр хытӀыгухэм щытетӀысхьар еплӀынэ лӀэщӀыгъуэщ. Япэ еуропейхэм я къэсыгъуэм ирихьэлӀэу иджырей Манилэм и щӀыпӀэхэм раджахэр щыпщащ. Ахэр абы щыгъуэм Шривиджае пащтыхьейм къуэды иратт. Ауэ абы щыгъуэми Филипинхэр къэрал щхьэхуитыу щытащ, езыхэм я унафэр яӀыжыу.

Эспан лъэхъэнэр (1521-1898 гъэхэр)

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
  • 1521 гъэ - эспан зекӀуэлӀ Фернан Магеллан Филипинхэм тотӀысхьэ.
  • 1543 гъэ - архипелагым "Филипинхэр" цӀэ - Эспан пщы Филип II ицӀэкӀэ - зырихьэу щӀидзащ. ЩӀыпӀэхэр ЭспанэщӀэм и блыгу щӀагъэуващ. Акэпулкэ - Манилэ хылъагъуэ тырадзащ. ИкъукӀэ цӀыху куэдым эспаныбзэр зырагъащӀэу щӀадзащ, католик диныр куэдым ящтащ. Ауэ мыслымэн куэдыу зыдэс ипщэ щӀыпӀэхэр абы пэщӀоувэр.
  • 1565 гъэ - Мэлыжьыхьым и 27-м эспан конкистэдор Мигел Лосе де Лагаспи уӀэщыгъэ дзэм (цӀыху щиплӀ хуэдиз) игъусэу хытӀыгухэм къэсыри Себу (япэ дыдэ эспан къуажэ) дищӀыхьащ.
  • 1762 гъэм Ӏулыджыншэ зауэм яужькӀэ Манилэ инджылыз дзэхэм яубыдащ. Ауэ илъэс дэмыкӀыу Эспанэм къалэр иратыжащ. Абы еужь Эспанэм ебий филипин хъут хэхэсхэмырэ мыслымэнхэмырэ еныкъуэкъун щӀадзэ.
  • е-XIX-нэ лӀэщӀыгъуэм эспаныбзэ филипинхэмырэ креолхэмырэ метисхэмырэ лъэпкъэгъу къудамэ къыхэкӀащ, ахэр Филипинхэм и хуитыныгъэм щхьэкӀэ ӀэнатӀэм теуващ. Хосе Рисал, пропагандист нэхъ цӀэрыӀуэ дыдэр, 1896 гъэм Эспан хейм и унафэмкӀэ ипсэр хахащ. Абы еужь куэд дымыкӀыу зи ӀэнатӀэм Ӏута "К-ищым" (йэ Капитунан) Филипин Револуцэр щӀидзащ. Абэхэм къехъулӀащ 1898 гъэм эспанхэр Филипинхэм ирахун.