Jump to content

Хы

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Хы

Хы — хышхуэм е щӀыкӀэ е псыщӀагъ ӀуащхьэкӀэ къыгуэгъэщхьэхукӀа, Дуней Хышхуэм и Ӏыхьэ псылъэ. Дуней Хышхуэм абы нэмыщӀ къыщхьэщокӀ и гидрологикэ, метеорологикэ, климат щытыкӀэхэмкӀэ. Ар къызыхэкӀыр Дуней Хышхуэм и къуэгъэнапӀэ щӀыпӀэхэм зэрыдэтхэращ. Хышхуэхэм ялъытауи хыхэм я псызэхъуэкӀхэр нэхъ хому щытщ.[1].

Хыхэр Дуней Хышхуэм епхахэу щытщ. Ауэ псалъэм папщӀэ Хы Къарсым апхуэдэ епха Хышхуэхэм яхуиӀэкъым. Хыхэр икӀи зэщхьэщокӀхэр я флорэхэмрэ фаунэхэмрэ елъытауэ икӀи зы хым нэгъуэщӀ хы хэтуи къэхъункӀэ хэлъщ (псалъэм папщӀэ Эгей хыр хы Курытым хэтщ).

Diagram showing wave approaching shore
Хым и уэрпхэр къызэрыхъур

Хыхэр я щытыкӀэм елътауэ гупищу яугуэш — кӀуэцӀ хыхэ (щӀыку хыхэмрэ ныкъуэ зэхуэщӀа хыхэмрэ), къуэгъэнапӀэ хыхэ, тӀыгу зэхуаку хыхэ.

КӀуэцӀ хыхэр — материкхэм куууэ дэхьэ хыхэ, хышхуэхэм я пэжыжэу щылъхэу. Апхуэдэ хыхэм я псхэр хышхуэхэм я ейм Ӏейуэ къащхьэщокӀ.

Хышхуэм зэрепхам елътауэ кӀуэцӀ хыхэр зэхедз зэхуэщӀакӀэрэ (Хы Къарс, Арал Хы) ныкъуэ зэхуэщӀакӀэрэ (Балтикэ Хы, Хы МыутӀэ). ЗэхуэщӀа хыхэр иныкъуэхэм псыхъурейуэ ябжхэр.

Абы нэмыщӀ кӀуэцӀ хыхэр яугуэшхэр континент зэхуакум дэт хыхэкӀэрэ, континентым дыхьэ хыхэкӀэрэ.

КӀэух хыхэр — хышхуэхэм хуиту епха хыхэращ. Хышхуэм ахэр къыгуэгъэщхьэхукӀахэщ тӀыгухэмкӀэ е ныкъуэтӀыгухэмкӀэ. Апхуэдэ хыхэм псалъэм папщӀэ хеубыдэ Япон, Кариб, Филиппин хыхэр.

ТӀыгузэхуаку хыхэр — тӀыгукӀэ къэухъуреихьауэ хыхэращ. Апхуэдэ хыхэм я нэхъыбапӀэр Малай архипелаг щӀыпӀэращ здэщыӀэр. Псалъэм папщӀэ Бандэ, Сулавеси, Явэ хыхэр.

ШууагъкӀэ зэраугуэш

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хыхэр я шууагъым елътауэ гупитӀу яугуэш:

Ину шуугъэ — хышхуэм ялътауэ нэхъ шуугъэу щыт хыхэращ. Апхуэдэ хыхэр тропикэ зонэращ здэщыӀэхэр. Псалъэм папщӀэ Хы Плъыжь.

МащӀэу шуугъэ — хышхуэм елътауэ нэхъ мащӀэ шуугъэу щыт хыхэращ. Апхуэдэ хыхэм псы куэд холъадэ, уэшх куэд хошхэ. Абы къыхэкӀыу хыр шууагъэ ягъэхъукъым.

Хым и Ӏуфэр яугуэш ину дэбзыкӀакӀэрэ мащӀэу дэбзыкӀакӀэрэ. Ауэ псалъэм папщӀэ Саргассэ хым Ӏуфэ иӀыхэкъым.

No.ХыПсыщхьэм и инагъ
(мин. км²)
1Филиппин Хы5726
2Коралл Хы4791
3Хьэрыпей Хы3862
4Ипшэ-Хъутей Хы3500
5Хы Уедделл2800
6Карибэ Хы2754
7ЩӀылъэку Хы2500
8Тасман Хы2330
9Беринг Хы2260
10Бенгал Хыжьэ2172
Хы Чукоткэ
Ирлэнд Хы
ДыгъэкъуэкӀыпӀэ—Хъутей хы
Хьэрыпей хы
Хы Россэ

Хыжьэ хыхэм хабжэхэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]