Азгъей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Апхъаз къызыхэкӀар)
Азгъей Республикэ
аз-бз. Аҧсны Аҳәынҭқарра
урбз. Республика Абхазия
Дэмыгъэ Азгъейм
Азгъейм и нып Азгъейм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 43°01′00″ с. ш. 41°02′00″ в. д. / 43.016667° с. ш. 41.033333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Аиааира» 
Щыхалъхьар VIII лъэхъэнэм Азгъэ пэштыхьей хуэду
Хуитыныгъэм и махуэ 1994 щакӀуэгъуэм и 26 (зхэкӀар Хъырцейм)
ДипломатиэмкӀэ къэзылъытэ Урысей, Венесуэлэ, Никарагуа, Науру
Нэхъышъхьэбзэхэр азгъэбзэрэ урысыбзэрэ
Къалэ нэхъышъхьэр Согъум
Къалэ нэхъ инхэр Согъум, Гагра, Гудаута
ӀэнатӀэ хабзэр Президентымрэ Парламентымрэ я Республикэ
Президент
Вице-президент
Анкуаб Александр
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
163-нэ дунем
8600 км²
куэдкъым
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2003)
Ӏувагъыр

250 000 цӀыху
29 цӀыху/км²
Этнохоронимыр азгъэ, азгъэхэр
Сомыр (Валутэр) рубл
Телефон кодыр ++7 840; +7 940
Зэманыгъуэхэр +3; гъэмахуэм +4

Азгъей Республикэ, Азгъей (аз-бз. Аҧсны Аҳәынҭқарра, Аҧсны — Апсны́ (къикӀыр «Апсхэм якъэрал», урбз. Республика Абхазия, Абхазия) — КъуэхьапӀэм Къэукъазым иде хэт, Хы ФӀыцӀэм и ипшъэ-къуэкӀыпӀэ Ӏуфэм идей. ИцӀэдыдэр псоуэ: Аҧсны Аҳәынҭқарра (Азгъей Республикэ). Къалэ нэхъышъхьар — Согъум.

Тхыдэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэрал джоуэ Азгъейм зэфӀэувэн щыкӀидзар VI илъэсишъэхэм, икъалэ Ӏаташъхьу Лыхныр. Къэру къыщиштар Леон I щытехьам., Азгъейр Визэнтиэм хэкӀыу хуит щыхъур VIII илъэсишъэхэм, Леон II щытехьам. Апщыгъуэм Азгъейм Курджым икъуэхьапӀэ лъэныкъуэри хиубыдэт. Къэралым лъэпӀкъ дэсхэтэр: азгъэхэр, курджы лъэпӀкъ: рачин, гурий, имерет, мегрел, сууан… Азгъейм къалэ, быдапӀэ, чылисэ бжыгъэ иӀат. Къалэ Ӏэташъхьар япӀэкӀэ Анакопиэм (Афон КӀэм) щыӀа, яужым 806 гъэм Кутаис куэча.

975 гъэм Азгъейр Курджым хохьа икъэрур XI—XIII илъэсишъэхэм фӀыуэ зэфӀэувау. Азгъейр зэрхэхьар пщы-унэхэр Багратхэрэ Леонхэрэ благъэ зэхохъури абыкӀэ нэхъри зэрагъэубыд.

XV илъэсишъэхэм Курджы къэралыр зэхохур. Азгъей пщыхэр Чачба лъэпӀкъым щыщхэр Азгъейм Къэрал Хуит траӀуэ. Адрей азгъэ пщыхэмрэ, мигрел пщы Дадиани лъэпӀкъмрэ япэщытахэ.

XVI илъэсишъэхэм Усмэн Пэштыхьейм къеныкъуэкъу мэхъу Азгъеймрэ Хъырцеймрэ. Хы ФӀыцӀэм иӀуфэм быдапӀэ бжыгъэ ещыр (Согъум-Къалэ, Поти, Ӏанапэ…) икъэрур хэкум зэфӀигъэуву. 1809 гъэм азгъэ пщыхэм ягугъэкӀэ Урысейм хохьахэ Александр I абы хуэарэзыуэ.

1918 гъэм Курджым хохьа. 1921 гъэм Совет Социал Республикэ Азгъей мэхъу 1931 гъэм Аутоном Совет Социал Республикэ мэхъу Хъырцейм хэту 1990 гъэм Азгъейр аргуэру Совет Социал Республикэ мэхъу 2008—2009 гъэхэм Урысеймрэ, Никарагуамрэ, Венесуэлэмрэ, Науру къэралхэм Азгъейр къэрал хуиту къалъыту тхылъхэм яӀэташъхьахэм Ӏапэ кӀадз.

Джылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Джылэ бжыгъэ ирагъэкӀуэкӀамкӀэ 2003 гъэм Азгъейм 215 972 цӀыху дэс.

Бзэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэралым иӀаташъхьа бзэр — Азгъэбзэ. Урысыбзэр азгъэбзэм хуэдуи къэралыбзу къалъытэ. Азгъейм лъэпӀкъу ису хъуар ябзэмкӀэ хуит щытыну: псэлъэну, тхэну Кэралым арэзы ешъ.

Диныр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Азгъейм инэхъыбэр Чыристан диным пылъхэ. КӀэупшӀакӀуэ 2003 гъэм джылэм ирагъэкӀуэкӀам къыхэкӀар мыра:

  • Чыристану — 60 %
  • Мыслъымэну — 16 %
  • ЛъэпӀкъ диныжъым пылъу — 3 %
  • ПэмыкӀ динхэр — 15 %
  • Джэуап зымтыфахэр — 6 %

Администрациэ гуэшыгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Азгъейр къедзыгъуи 7-кӀэ гуэча, къедзыгъу хъуам къалащхьэ яӀэ.

Куейр Къалэ нэхъышъхьэр
1 Гагрэ къедзыгъуэ Гагра
2 Гудаутэ къедзыгъуэ Гудаута
3 Согъум къедзыгъуэ Согъум
4 Гулрыпщ къедзыгъуэ Гулрыпщ
5 Очамчырэ къедзыгъуэ Очамчырэ
6 ТӀкъуарчал къедзыгъуэ ТӀкъуарчал
7 Гал къедзыгъуэ Гал

Абы пэмыкӀыу къалэ нэхъ инхэмрэ, джылу дэсхэмрэ:

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]