Тэрч (къалэ)
Къалэ
Тэрч
|
Тэрч (урбз. Терек) — Къэбэрдей-Балъкъэрым хиубыдэ къалэ. Тэрч къедзыгъуэм и къалащхьэ. 1967 гъэм щыщIэдзауэ къалэцIэ зэрехьэр.
Джылу дэсыр — 19 329 (2013 гъэмкӀэ).
ЩIыпIэ здэщыIэр[гъэтэрэзын | edit source]
Тэрч къалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и дыгъэкъуакIыпIэ IыхьэмкIэ щыIэщ, Тэрчыпсым и ижь лъэныкъуэмкIэ зыщиухуауэ.
Къалэр республикэм и бгыгъазэ Iыхьэм деж тетщ. ЩIылъэр захуэщ, ауэ дыгъэкъухьэпэмкIэрэ ишхъэрэкIэрэ зиIэтурэ макIуэ. Ику лъагагъыр 254 метрэкIэ хы Iуфэм къыщхьэщокI. Гъэмахуэр хуабэщ, температурэхэр +40°С нэс докIуей, щIымахуэр щIыIэ-тыIэщ, температурэр зэзэмызэхэщ -10°С аткIэ щехыр.
Къалэм гъущI-гъуэгу станцэ Мэртэзей иIэщ.
Теухуауэ[гъэтэрэзын | edit source]
Къалэр къыщаухуар 1876 гъэрауэ ябж, гъущI-гъуэгу станцэ Мэртэзейр лажьэн щыщIрагъэдзам щыгъуэ. Станцэм и цIэр пэмыжыжэу щыт Мэртэзей къуажэм и фэеплъу фIащащ. Апщыгъуэм станцэм елэжь цIыху тIэкIурат абы щыпсор. Ауэ хуэм-хуэмуурэ станцэм и хъуреягъ щIадзащ унагъуэхэм я унэхэр абдежхэм щаухуурэ къетIысэкIын.
1920 гъэм Джылэхъстэнейм и унафэщIхэм я зэхуэс щыIащ. Зэхуэс нэужым абыхэм мурад ящIащ стэнцэм къыбгъурыту къуажэщIэ щаухуну. УнафэщIхэр зэрызэгурыIуамкIэ къуажэщIэр Джылэхъстэнейм къыхуэнэжа щIыхэм и къалащхьэ хъун хуейт.
Япэу ахэр хуеят къуажэщIэми Мэртэзей фIащын, ауэ апщыгъуэм адыгэ къуажэхэм я цIэхэр яхъуэжын щIадзат, ахэм я пщхэм я цIэ-унэцIэхэр зэрызэрахьэм щхьэкIи, къэралым къытеува советхэм хуадакъым абыхэм я гугъэхэр.
Къэрал зауэшхуэ зэманым щыгъуэ къалэ нэмыцэхэм мазиткIэ яубыдауэ щтащ.
1967 гъэм Тэрч, къалэ статусыр хуагъэфэщащ.
Джылэ дэсхэр[гъэтэрэзын | edit source]
ЦIыху бжыгъэр | |||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
1939 | 1959 | 1970 | 1979 | 1989 | 1992 | 1998 | 2000 | 2002 | 2005 | 2007 | 2009 | 2010 | 2011 | 2012 | 2013 |
4 500 | 6 600 | 10 400 | 12 300 | 16 600 | 17 800 | 18 500 | 18 500 | 20 300 | 20 100 | 19 800 | 19 843 | 19 170 | 19 200 | 19 273 | 19 329 |
- Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)
Лъэпкъ | ЦIыху бжыгъэр | Iыхьэр % |
---|---|---|
адыгэхэр | 16 400 | 85,6 % |
урысхэр | 1 917 | 10,0 % |
Iэсетынхэр | 219 | 1,1 % |
адрейхэр | 634 | 3,3 % |
псори | 19 170 | 100,00 % |
- Ныбжь зэхэтыкIэр (2010 гъэ)
Ныбжьыр | ЦIыху бжыгъэр | Iыхьэр % |
---|---|---|
0 - 14 | 3 508 | 18,3 % |
15 - 59 | 13 100 | 68,3 % |
60-м аткIэ | 2 562 | 13,4 % |
псори | 19 170 | 100,00 % |
ЦIыхухъухэр — 8 758 цIыхуу (45,7 %), цIыхубзхэр — 10 412 цIыхуу (54,3 %)
Дин[гъэтэрэзын | edit source]
Къалэм мэжджытиплI дэтщ, ахэм щыщу щыр зэIухахэщ, еплIанэр ящIын яух.
Экономикэр[гъэтэрэзын | edit source]
Къалэм предприятие куэд дэтщ, IэнатIэ зэмылIэужыгъуэ куэдхэр ягъэзащIэхэу. Псом нэхъ къэрал псом нэхъ пщIэ иIэу дэтыр «Терек-алмаз» предприятиеращ.
ЕджапIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
Къалэм еджапIэ куэд иIэщ, апхуэдэу абы курыт еджапIиплI, зы лицей, зы училищэ, нэхъыщIэ еджапIитI дэтхэщ. Ахэм нэмыщI зы интернат-еджапIи дэтщ.
Къыщалъхуахэм нэхъ я цIэрыIуэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Щоджэн Алисагъ и къуэ Хьэчим — Къэбэрдей-Балъкъэрым икум къыщекIуэкIхэм и министр
- Сэхъу Къэзболэт и къуэ Владимир — Урысейм и Къэрал думэм и депутат
- Аброкъуэ Белостэн и къуэ СултIан — Налшык къалэм и администрацием и унафэщI
- Вэрокъуэ Владимир и къуэ Хьэлид — ОАО «ОРТК Нальчик» и нэхъыщхьэ
Сурэтхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Enter the Terek town.jpg
Тэрч ущыдэлъадэкIэ
- Terek-city.jpg
Тэрч и урамхэр
- One of the street of the Terek town.jpg
Тэрч и урамхэр
- Терек завод.jpg
Тэрч дэт предприятиехэм ящыщ зы
- Терек остановка.jpg
Автобусхэм и зы къэувыIэпIэ
- Terek town.jpg
Къалэм икур
- New buildings of the Terek town.jpg
УнэщIэ дащIыхьахэр
Къэбэрдей-Балъкъэр |
||
---|---|---|
Къалащхьэр | Налшык | ![]() |
Къалэхэр | Бэхъсэн • Нарткъалэ • Прохладнэ • Тэрч • Къруукъуэ • Шэджэм • Майскэ | |
Къалэ куейхэр | Бэхъсэн • Налшык • Прохладнэ | |
Къедзыгъуэхэр | Аруан къедзыгъуэ • Бэхъсэн къедзыгъуэ • Дзэлыкъуэ къедзыгъуэ • Лэскэн къедзыгъуэ • Майскэ къедзыгъуэ • Прохладнэ къедзыгъуэ • Тэрч къедзыгъуэ • Шэджэм къедзыгъуэ • Шэрэдж къедзыгъуэ • Ӏуащхьэмахуэ къедзыгъуэ | |
Статяхэр | Хэкумэтх • Тхыдэ • Джылэ • Адмистративнэ гуэшыкIэ • Нып • Дамыгъэ • Дин |
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |