Jump to content

Ипшэ Ӏэсетиэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Ипшэ Iэсетиэ къызыхэкӀар)
Ипшэ Ӏэсетиэ Республикэ
ос-бз. Республикæ Хуссар Ирыстон
хъыр-бз. სამხრეთ ოსეთის რესპუბლიკა
урбз. Республика Южная Осетия
Дэмыгъэ Ипшэ Ӏэсетиэм
Ипшэ Ӏэсетиэм и нып Ипшэ Ӏэсетиэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 42°23′00.86″ с. ш. 44°06′06.8″ в. д. / 42.383572° с. ш. 44.101889° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Уарзон Ирыстон!» 
Щыхалъхьар 1843[1], 1922[2]
Хуитыныгъэм и махуэ 1990 фокӀадэм и 20[3] (зхэкӀар Курджы)
ДипломатиэмкӀэ къэзылъытэ Урысей, Венесуелэ, Никарагуа, Науру
Нэхъышъхьэбзэхэр Ӏэсетиныбзэ, урысыбзэ, курджыбзэ[4]
Къалэ нэхъышъхьэр Цхинвал
Къалэ нэхъ инхэр Цхинвал, Квайса
ӀэнатӀэ хабзэр Президент республикэ
Президент
Парламентым и тхьэмадэ
Премиер-министр
Эдуард Кокойты
Станислав Кочиев
Вадим Бровцев
ШӀыпӀэр
• Псори

3900 км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (1989)
Ӏувагъыр

~99 мин. цӀыху
18 цӀыху/км²
Сомыр (Валутэр) урысей рубл
Телефон кодыр +7 9971,
+7 9976,
+7 99744,
+7 995344
Зэманыгъуэхэр UTC+3, гъэмахуэм UTC+4
Ипшэ Ӏэсетиэ Республикэ Уикисурэтылъэм

Ипшэ Ӏэсетиэ (ос-бз. Республикæ Хуссар Ирыстон, хъыр-бз. სამხრეთ ოსეთის რესპუბლიკა, урбз. Республика Южная Осетия) — дунейпсом къамылъыта къэрал, Къуакъаз кӀыбагъым хэт. Къалэнэхъышъхьэ — Цхинвал.

Дунейпсо-дипломатиэмкӀэ и къэлъытэгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ипшэ Ӏэсетиэм и хуитыныгъэр къзлъытэр Урысейрэ, Венесуелэрэ, Никарагуарэ, Наурурэ, абыхэм пэмыкӀыу Апхъазым — къэрал ныкъуэ къэлъытэгъу щытыр.

ЛъЗ-м и хабзэкӀэ, де-юре Ипшэ Ӏэсетиэм и шӀыпӀэр Курджым хохьэ, абы и конституциэмкӀэ «Цхинвал куей» зицӀэ (хъыр-бз. ცხინვალის რეგიონი).

Ипшэ Ӏэсетиэм и шӀыпӀэр Къаукъазышхуэ бгытхым и ехыпӀэм хэлъ. ШӀыпӀэр нэхъыбаӀуэм къуэкӀэ-бгыкӀыу щыт. Климэтыр — курыт, шъышъылэм и шӀэӀэгъыр — 20 къыщыкӀэдзауэ −70 °C носыр, шышъхьэӀум и хуэбагъыр -+21 — 24 °C носыр.

Ипшэ Ӏэсетиэм и гъунапкъэхэр ишъхъэрэмкӀэ Урысейм Ӏохьэ, ипшъэмкӀэ Курджым. И шӀыпӀэм и инагъыр км² 3.900.

Урысейм Ӏэсетиэр Кучыку-Кайнарджий тхылъымкӀэ хуэкӀуауэ щыта 1774 гъэм, урыс тырку зауэм яуж. 1843 гъэм Ӏэсетиэ куей мэхъур.

1918 гъэм Ипшэ Ӏэсетиэр Совет Урысейм идежькӀэ еуэкӀа, хэхьэным шъхьэкӀэ, апкӀэнтӀэху Курджым къэрал шъхьэхуиту зытриӀуауэ. Ипшэ Ӏэсетиэр Курджым аннексиэ ишъыну щыхуэжьэм зауэшхуэ къыхэкӀа хъуа 1918—1920 гъэхэм.

1922 гъэм ССР Курджейм хэту Ипшэ Ӏэсетиэ автоном куей мэхъур.

1989 шъакӀуэгъуэм и 10 Ипшэ Ӏэсетиэм и джылэ депутатхэм я Хасэм унафэ къадагъэкӀ автоном куейр республикэ хъууэ ССР Курджейм хэту. Езы курджы парламентым абым пэуву унафэ къыдегъэкӀ ишъхъэрэ осетиэ автономыр Ӏуахыну.

1990—1991 гъэхэм Курджымрэ Ипшэ Ӏэсетиэмрэ зауэ къахокӀыр Дъыгъэмыс тхылъкӀэ яужым зэфӀэкӀауэ.

2008 гъэм хэкӀуэдахэм я сын, Цхинвал къалэм идежь

1991 гъэм щыкӀэдзауэ Ипшэ Ӏэсетиэр де-факто къэрал шъхьэхуиту щыта, ауэ дунейм и къэрал зым къымылъытауэ шъхьэхуиту. 2008 гъэм шышъхьэӀум Курджым и къэрал ӀэнатӀэм Ипшъэ Осетиэр къэрукӀэ трихын мурад ешъыр, Урысейр а зауэм зэрхэхьэм шъхьэкӀэ республикэр къэнэфа.

2008 гъэм къэхъуам яуж Урысеймрэ пэмыкӀэ къэралхэри хэту Ипшэ Ӏэсетиэм и хуитыныгъэр къалъыта.

Къэрал политикэ зэхэтыкӀэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ипшэ Ӏэсетиэр президентым и республику щытщ. Къэралым и тхьэмадэр хабзэ гъэзанкӀэр президентыра. Хабзэ къадэгъэкӀ ӀэнатӀэр парламентым иӀыгъ, депутат 33 зыхэтым.

Советым джылэбжыгъэ икӀэу ирагъэкӀуэкӀамкӀэ 1989 гъэм, Ипшэ Ӏэсетиэм цӀыху дэсар мин 99. Абым я нэхъыбэр осетинхэ, пэмыкӀыу курджыхэр, урысхэр адрей лъэпкъхэр джоуэ. Дин зыпылъхэр — чыристэн.

АдминистрациэкӀэ зэрыгуэчыр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Республикэр куеиплкӀэ мэгуэч — Дзау куей, Знаур куей, Ленингор куей, Цхинвал куей.

Цхинвалым щымыхъукӀэ кълэ статус зиӀэр хьэблэ Квайсара.

Хэкур: Администрацэм и къалэр:
Ипшъэ Осетиэр администрациэкӀэ зэргуэчыр
Дзау куей Дзау
Знаур куей Знаур
Ленингор куей Ленингор
Цхинвал куей Цхинвал
  1. 1843 гъэм Осетин куей халъхьэ, ар и яперей гъунапкъэ къыхэгъэкӀыу хъуа, иджырей Ипшъэ Осетиэм нэхъ теху.
  2. 1922 гъэм Ипшъэ Осетиэ аутоном куей халъхьэ, яужым фактическу шъхьэхуит республикэ хъуар ара.
  3. « Хуитыныгъэм и махуэ Ипшъэ Осетиэм» — REGNUM (20.09.2008)
  4. Ипшэ Ӏэсетиэ Республикэм и конституциэ — 4-нэ тхыгъэ — ИА РЕС