Jump to content

Сауд Хьэрыпей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Сауд Хьэрыпей
хьэр-бз. المملكة العربية السعودية
Дэмыгъэ Сауд Хьэрыпейм
Сауд Хьэрыпейм и нып Сауд Хьэрыпейм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 23°43′00″ с. ш. 44°07′00″ в. д. / 23.716667° с. ш. 44.116667° в. д. (G)

Гоуидзэр: «أشهد أن لا إله إلاَّ الله و أشهد أن محمد رسول الله»
Къэрал уэрэд: «عاش الملك» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 23 сентября 1932
Нэхъышъхьэбзэхэр хьэрыпыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Эр Рияд
Къалэ нэхъ инхэр Эр Рияд
ӀэнатӀэ хабзэр Пэштыхьей ӀэнатӀэпӀашъхьэ
Пэштыхь Абдаллэ ибн Абдэл Азиз
Диныр Ислъам
ШӀыпӀэр
• Псори
13-нэ дунем
2 218 000 км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2009)
Ӏувагъыр

28 686 633 цӀыху (43-нэ)
12 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$467.7 млрд.  (27-нэ)
$20,700
Сомыр (Валутэр) Сауд реал
Интернет-доменхэр .sa
Телефон кодыр +966
Зэманыгъуэхэр +3

Пэштыхьей Сауд Хьэрыпей (хьэр-бз. المملكة العربية السعودية - эл-Мамлака эл-Арабийе эс-Суудийе) — Азиэм хэт къэрал, КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум. Къалэнэхъышъхьэр — Эр Рияд.

Сауд Хьэрыпейм и шӀыпӀэтхыпхъэ

Сауд Хьэрыпейр ипшъэ-къуэкӀыпӀэ Азиэм хэт, КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум, Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм.

И гъунапкъэхэр здыӀухьэр: ишъхъэрэ лъэныкъуэм — Мысырым, Йорданым, Иракум, Кувейтым джоуэ, къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм — Катарым, ХьӀЗ-м, Оманым джоуэ, ипшъэ лъэныкъуэм — Йеменым. Ипшъэ лъэныкъуэм гъунапкъэр пшахъуалъэм зэрикӀым шъхьэкӀэ Сауд Хьэрыпеймрэ Йеменымрэ я гъунапкъэм хэкӀуэдэгъуэ иӀыу ирокӀуэ.

Сауд Хьэрыпейм и шӀыпӀэр хы Плъыжым и Ӏуфэм Ӏохьэ (къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм), Къажэр хыжэм и Ӏуфэм къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ.

Къэрал шӀыпӀэм и нэхъыбэр пшахъуалъэхэм яубыд. КъуэхьэпӀэ лъэныкъуэм Ӏуашъхьэ Хиджазхэр хэлъ.

Климэтыр ишъхъэрэ лъэныкъуэм субтропику щыт, ипшъэм тропику. Гъэмахуэр хуабэ Ӏэуэ щыт, шӀымахуэр хуабэ. ЩӀышылэм и курыт температурэр +8 щыкӀэдзауэ +21°С нос, бадзэуэгъуэм +26 щыкӀэдзауэ +42°С нос. Къехыгъэхэм мащӀэ Ӏэуэ щыӀэ (70-100 мм гъэм), псы ежэху иӀэкъым.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Сауд Хьэрыпейм и тхыдэр

Пэсырем Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм джуртрэ хьэрып лъэпкъхэмрэ исхэт. Абдежыры дунем и зы дин нэхъ иныр къызхэкӀар мыслъымэныгъэр.

632 гъэм Хьэрып халифэтыр халъхьэ, и къалэ нэхъышъхьу хъур Мекка. И шӀыпӀэхэр бжыгъу хохъуэ Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм щымыхъукӀэ КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъур зэрщыту хохьэ, Еуропэмрэ Африкэмрэ я лъэныкъуэ гуэрэхэри.

Хьэрып халифэтыр зэхэхуа щыхъум Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм уэсмэн ӀэнатӀэр къохьэри XVI лъэхъэнэм идежь зэр шӀыпӀу еубыд.

XVIII лъэхъэнэм и курытым , зыкъэӀэтыгъуэ быгъэ екуэкӀа яуж, япэрей Сауд къэрал къыхокӀ, илъэс 73 щыӀэуэ, яужым уэсмэныдзэм пэщымтыфу хокӀуадэ. И пэштыхь хъур Мухьэмэд ибн Сауд.

1824 гъэм етӀуанэ Сауд къэрал мэхъур, лъэпкъ Рашидихэм я дзэм пэмыщытыфу хокӀуадэ. Саудхэ я лъэпкъыр Кувейтым йокӀхэ.

1902 гъэм Абдэл Азиз ибн Саудым Эр Риядыр еубыд, 1912-м — Нэдждыр, Хьэрыпым икум хэт хэкужъ. 1926 гъэм Абдэл Азиз ибн Саудыр Хиджазым, хьэрып къэралым и пэштыхь мэхъур, Япэрей дунейпсо зауэр щекӀуэкӀым хуитыныгъэ къишта. 1932 фокӀадэм и 23 Хиджазымрэ Нэдждымрэ зэгохьэхэ Сауд Хьэрыпей зыуэ.

1930 гъэхэм и кӀэм Хьэрып хы тӀыгуныкъуэм фатэгын бэуэ хэлъу къагъуэтыр. Я елэжьыныр щыкӀадзар ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр щиухам яуж, 1946 гъэм.

Фатэгын лэжьыгъэм къэралым къыхихамкӀэ социал реформэ бжыгъэхэр ирагъэкӀуэкӀа, инвраструктурэ кӀэуэ яшъа.

Пэштыхь Абдалла ибн Абдель Азиз

Сауд Хьэрыпейр пэштыхьей къэралу щыт. Къэралым и тхьэмаду тетыр пэштыхь Саудит лъэпкъым щыщу. Къэралым и конституциу щытыр Къурӏан, хабзэдэгъэкӀымрэ мэхьчэмэмрэ зытетхэр — Шэриатыра, абыми пэштыхьэм и ӀэнатӀэмрэ и пӀалъэхэмрэ еубыд.

ХабзэгъэзанкӀэ лъэжьыгъэм пылъыр Министырхэм я хасэра, хабзэдэгъэкӀым - Мэджлыс аш Шура. Къэралым сыт хуэдэ партии къадэкъым.

Къэралыгъуэ дину щытыр мыслъымэныгъэ.

Къааба — мыслъымэныгъэм щыщ зы ауш, Меккэм дэт
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Сауд Хьэрыпейм и джылэр

2009 гъэмкӀэ къэралым джылу дэсу къыкӀэкӀар 28 686 633, абыхэм 5,5 млн. - пэмыкӀ къэралхэм щыщ джылу. 88% джылэм щыщу къалэхэм дэсхэ, куэч псэукӀэ езгъэкӀуэкӀхэр 5% мэхъур.

Лъэпкъ зэхэтыкӀэр къэралым — 90% — хьэрыпхэ, адрейхэр — пэмыкӀ хьэрып къэралхэм къикӀахэр, Индиэм, Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм.

Диным пылъым я нэхъыбэӀуэр мыслъымэнхэ.

Файл:Mamlaka .jpg
Kingdom Centre — пэштыхьейм и унэ нэхъ лъагэ
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Сауд Хьэрыпейм и экономикэр

Къэралым и экономикэр зтетыр фатэгын къыкӀэхынымрэ и елэжьынымрэ, абым пэмыкӀыу хамэ къэралхэм Меккэмрэ Мединэмрэ хьэджышъ къакӀуэхэм ятымрэ.

Фатэгын къыкӀэхыгъэм къэралым и буджетым 75% хелъхьэ, ВКӀуП-ым 45%. Фэтэгыну и шӀыпӀэм кӀэлъым шъхьэкӀэ Сауд Хьэрыпейр нэхъышъхьу хэт Фэтэгын экспортым пылъ къэралхэм я зэгуэтыгъуэм.

ЭкономикэмкӀэ къыпылъ къэралхэр — АШЗ, Джэрмэн, Китай, Япон пэмыкӀхэр.

АдминистрациэмкӀэ и гуэшыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Сауд Хьэрыпейр унитар къэралу щыт, администрациэкӀэ 13 куейуэ мэгуэч.

Куейр Къалэ нэхъышъхьэр
1 Эл Баха Эл Баха
2 Эл Худуд эш Шамалийя Арар
3 Эл Джауф Эл Джауф
4 Эл Мадина Медина
5 Эл Касим Бурайда
6 Эр Рияд Эр Рияд
7 Эш Шаркийя Даммам
8 Асир Абха
9 Хаил Хаиль
10 Джизан Джизан
11 Мекка Мекка
12 Наджран Наджран
13 Табук Табук
Авто Humvee саудым и щӀызекӀуэдзэм щыщу
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Сауд Хьэрыпейм и дзэр

Дзэм цӀыху хэтыр мин 225 фӀокӀыр. 2006 гъэм дзэм и мылъкур 31, 255 миллиард $ хъут — ВКӀуП-ым и 10%.

Дзэр зэргуэшыр — щӀызекӀуэдзэ, Пэштыхьым и уэгу-зауэдзэ, хыдзэ, ракетэдзэ, уэгупэщытыгъуэдзэ.

Ӏэшым и нэхъыбэр НАТО-м къыкӀагъэкӀа.

Сауд Хьэрыпейр къэралищым я зы, Лихтенштейнымрэ Хьэшымыт Пэштыхьей Йорданымрэ зи цӀэр къызхэкӀыр пэштыхь тетым и унэцӀэм.