Jump to content

Тайван

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Китай республикэ къызыхэкӀар)
Гу лъытэ! Хумыгъэгъуащэ Хъутей Джылэ Республикэм.
Хъутей Республикэ
хъут.-бз. 中華民國 (Zhōnghuá Mínguó)
Дэмыгъэ Хъутей Республикэм
Хъутей Республикэм и нып Хъутей Республикэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 22°57′00″ с. ш. 120°12′00″ в. д. / 22.95° с. ш. 120.2° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «中華民國國歌» 
Щыхалъхьар 1911 жэпуэгъуэм и 10
ДипломатиэмкӀэ къэзылъытэ къэрал 23-м[1]
Нэхъышъхьэбзэхэр хъутыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Тайбэй
Къалэ нэхъ инхэр Тайбэй
ӀэнатӀэ хабзэр Президент республикэ
Президент
Премиер-министр
Ма Инцзю
У Дунии
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
134-нэ дунем
35 980 км²
10,3
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2009)
Ӏувагъыр

23 069 345 цӀыху (50-нэ)
636 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$711 418 млн.  (19-нэ)
$30 881
Сомыр (Валутэр) Тайуан долларыщӀэ
Интернет-доменхэр .tw
Телефон кодыр +886
Зэманыгъуэхэр +8

Хъутей Республикэ (хъут.-бз. 中華民國國歌, Zhōnghuá Mínguó) е ТайванАзиэм хэт, ныкъуэ-къэлъыту щыт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Тайбэй.

Джыпсту Хъутей республикэм и ӀэнатӀэм кӀэт Тайуан хы тӀыгур, абым пэмыкӀыуи къыбгъэдэлъ хы тӀыгу бжыгъэ Хъутей хым хэтхэм ящыщху.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Хъутейм и тхыдэ
Сун Ятсенрэ Юан Шикайрэ я сурэт зтедза плакат

1911 гъэм нэс Хъутейр империэу щыта. 1911 гъэм Синхай револуциэм яуж пэштыхьыр трагъэкӀри къэралым республикэ траӀуэ. Япэрей президент хъуар Сун Ятсен, политикэ партиэ «Гоминданыр» хэзылъхьар. Абым яуж ӀэнатӀэм Ӏухьэр Юан Шикай — хъутей дзэм и тхьэмадэ, 1913 гъэм и диктатурэр трегъэувэ, 1915 гъэм императору зытреӀуэ.

Япэрей дунейпсо зауэм Хъутейм зыми и лъэныкъуэ къэзэримыштэнур къэӀоху, ауэ 1917 гъэм формалу зауэм хохьэ, хэхьа шъхьэкӀэ зауэ иригъэкӀуэкӀкъым. Джэрмэным и хъутей колониэхэр (Циндао) текӀуахэм я хэт Японым хокӀуэхэ, ауэ хъутей хасэм зэпэубыдыгъуэ абым къыхехри шӀыпӀэхэр Хъутейм хуагъэзэжь.

1916 гъэм Юан Шикайм и ӀэнатӀэпӀашъхьэ императорыр къэгъанэ, джылэ зыкъэӀэтыгъуэ бжыгъэ екӀуэкӀа яуж. Республикэр аргуэру зэфӀоувэжь.

1923 гъэм Хъутейм и Коммунист партиэ (ККП) халъхьэ, Мао Цзедун и тхьэмаду.

XX лъэхъэнэм и пэм Хъутейр хэку-хэку пщыхэм зэхагъэкӀауэ щытт, зэпамыуду я зэхуакухэм зауэхэр екӀуэкӀыу, я шъхьэӀохухэм нэхъ пымылъху. Абым шъхьэкӀэ хъутей националистхэм («Гоминданым» хэтхэр) коммунистхэм яхэтху 1926 гъэм «Ипшъэ зекӀуэм» ежьахэ, абым икӀэм къэралым и нэхъыбэр хуит яшъа. Сун Ятсен дунем ехыжьа яуж «Гоминданым» и тхьэмаду техьэр Чан Кайши.

Чан Кайши

Яужым «Гоминданымрэ» Коммунист партиэмрэ я зэпылъыгъуэр зэӀохьэри Хъутейм джылэ зауэ къожьэ партиэхэм я зэхуакумкӀэ. Япон агрессиэ къэжьэм, пэщытыфын шъхьэкӀэ партэхэм я къэрухэр зэхагъэхьан хуэй мэхъур. 1937 гъэм Японым зауэшху поувэ Хъутейм, и шӀыпӀэ нэхъыбэр оккупациэ ишъауэ. 1945 гъэм и шышъхьэӀум Совет Зэгуэтхэм я Дзэ Плъыжьыр Японым зауэ ирет, оккупациэм хэта Манчжуриэр хуит ешъыжьри коммунист лъэныкъуэм ират.

ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм яуж националистхэмрэ коммунистхэмрэ я зэпэщытыныр увыӀэкъым. Националистхэр хом-хомурэ Хъутей континентым ирагъэкӀхэ, яужым хы тӀыгу Тайуаным кӀуэсэжьын хуэй мэхъухэ. 1949 гъэм коммунистхэм Джылэ Республикэ Хъутей (ДжРК) къэралым траӀуэ, япэрейкӀэ къуэхьэпӀэ лъэныкъуэ къэралхэм къамылъытэтэр.

1971 гъэм ЛъЗ-м Хъутейм ицӀэкӀэ хэттэр тайуан лъэныкъуэра, яужым ДжРК-м зэрехъуэкӀыр.

Чан Кайши и тетыгъуэр авторитарну щытт, дунем ехыжа яуж демократ зэхъуэкӀыгъуэхэр къэжьа къэралым. Тайуаным хуитыныгъэм и лъэныкъуэмкӀэ екӀуэкӀын кӀидза, а хуитыныгъэр къэрал 23-м къалъытэ[1].

Тайбэй дэт президент-унэр

Иджырей конституциэр къыщыдагъэкӀар 1947 гъэм, бжыгъэрэ ягъэтэрэзыжьауэ щыта. Политикэ зэхэтыкӀэм уэджэ зэрыхъунур — демократ республикэ, президент ӀэнатӀэ лъэш зиӀэ.

Къэралым и тхьэмадэр президент, премиер-министырри, хасэ зэхэтыкӀэри и арэзыгъуэкӀэ нэхъ мыхъу. Парламентыр зы лъэныкъу щыт, депутат 225 хэту, депутатыр илъэсищкӀэ хахыр.

Хабзэ-дэгъэкӀыу иджыри къэралым иӀэр Лъэпкъ хасэ, цӀыху 300 хэту, и лъэжьыгъэр — конституциэм хуэныкъуэгъуэ иӀэхэм елэжьу гъэтэрэзынымрэ президентым къуэншэгъуэ иӀэмэ пшыныжыгъэ ищӀыжынымрэ.

Хъутей республикэр дунем и зы къэралхэм я щыщ зи экономикэр нэхъыфӀу зэфӀэтыр, ВКӀуП-ымкӀэ дунем и пӀэр 17-рей. Экономикэр зытетыр текнологиэшхуэ къыщӀэгъэкӀыгъэр (ВКӀуП-ым 31%), финанс лэжьыгъэхэр (ВКӀуП-ым 21%), щэхуэныр (ВКӀуП-ым 19%), губгъуэ лэжьыгъэхэр (ВКӀуП-ым 2%).

Тайуаныр дунем и зы нэхъ лъэшхэм ящыщ компутэр къыкӀэгъэкӀынымкӀэ. Къэрал къыдэшъхэр абымкӀэ — Япон, АШЗ, Еуропэ къэралхэр.

Къэралым и ахъчэр — тайуан доллар

АдминистрациэмкӀэ и гуэшыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хъутей республикэр унитар къэралу щыт. Къэралыр хэкуитӀу гуэша, ахэр куэйкӀэ зэхокӀыжхэ, я кӀуэцӀым муниципалитеткӀэ гуэшху. Абым пэмыкӀыу къэралым и ӀэнатӀэгъуэр материк Хъутейм и шӀыпӀэмрэ къэрал бжыгъэ къыбгъэдэлъхэм я шӀыпӀэхэмрэ хуэныкъуэкъу щыт.

Луншан чылисэ (龍山寺), Тайбэй
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Хъутей республикэм и джылэр

2009 гъэм зэрщытамкӀэ къэралым джылу дэсар 23 069 345. Лъэпкъ нэхъ индыду абыхэм хъутхэр (98%) (ханхэр), езы хы тӀыгум щыщ лъэпкъ гаошанхэр 2% нэхъ хъухэкъым. Бзэнэхъышъхьу зэ къалъытэр — хъутейбзэ. Диныр — 94% буддэныгъэм пылъ, 4,5% — чыристэныгъэмрэ мыслъымэныгъэмрэ пылъ.

ХъумакӀуэ кхъухьрэ и вертолот
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Хъутей республикэм и дзэр

Дзэм хэтым я бжыгъэр 1 965 000 мэхъу. Дзэм и мылъкур 10, 5 млд $ мэхъу (ВКӀуП-ым 2,2%, дунем 75 пӀэ иӀыгъ). Къулыкъу хьыгъуэ ныбджыр илъэс 19 кӀедзэ.

Дзэр зэрзэхэкӀыр: щӀызекӀуэдзэ, хыдзэ (хызекӀуэдзэ хэту), уэгу-зауэдзэ, дзэ зэгуэт ӀэнатӀэщӀэтыгъуэ, полициэдзэ ӀэнатӀэщӀэтыгъуэ джоуэ.

Ӏэшэр — АШЗ-м, Британиэшхуэм, Джэрмэным, Фрэнджым щыщ Ӏэшъагъу.

  1. 1.0 1.1 Малавим щигъэта Тайуаным и хуитыныгъэр къилъытэн