Jump to content

Хъутей Жылэ Республикэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Гу лъытэ! Хумыгъэгъуащэ Хъутей Республикэм.
Хъутей Жылэ Республикэ
хъут.-бз. 中华人民共和国
Дэмыгъэ Хъутейым
Хъутейым и нып Хъутейым и дэмыгъэ

Кординатхэр: 32°48′00″ с. ш. 103°05′00″ в. д. / 32.8° с. ш. 103.083333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «义勇军进行曲» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 1949 жэпуэгъуэм и 1
Нэхъышъхьэбзэхэр хъутыбзэ[1]
Къалэ нэхъышъхьэр Пекин
Къалэ нэхъ инхэр Шанхай, Пекин, Гуангджоу, Харбин
ӀэнатӀэ хабзэр Республикэ
ХЖР и тхьэмадэ
Премьер
Ху Дзиньтао
Вень Дзябао
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
3-нэ дунем
9 596 960 км²
3,8
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
Ӏувагъыр

1 338 613 000 цӀыху
139,6 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2009)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$4,900 трлн.  (2-нэ)
$3 546
Этнохоронимыр Хъутей, хъутейхэр
Сомыр (Валутэр) юань
Интернет-доменхэр .cn
Телефон кодыр +86
Зэманыгъуэхэр +8
  1. етӀуану инджылыбзэ Гонконгым, португалыбзэ Макаом.

Хъутей Жылэ Республикэ (Хъутей дэмыгъэ тхыбзэжъкӀэ: 中華人民共和國, Хъутей дэмыгъэ тхыбзэкӀэмкӀэ: 中华人民共和国 ) — къэрал КъуэкӀыпӀэ Азиэм хэт, джылу дэсысмкӀэ дунейм япэрей 1,3 млрд. фӀокӀыр, дэсым и нэхъыбэхэр этникэ хъутхэм щыщ, зэрзэджэхэр - хань. ШӀыпӀэ иубыдымкӀэ дунем ещанэ Урысеймрэ Канадамрэ яуж ит.

Хъутей Жылэ Республикэ зэртраӀуэрэ 1949 гъэм къэралым ӀэнатӀэр зыӀыгъыр Хъутейм и Коммунист партиэ абым пэмыкӀыу иджыри 8 политик партиу щыӀэ, ККП-м гуэтху.

Хъутейм и тхыдэр бэгъуа тхылъхэмкӀэ, ахэр архиологиэмкӀэ къыкӀаххэм епхауэ зэрагъэлъыту и тхыдэр зэфӀагъэувэ пэсырей лъэхъэнэхэм щыкӀэдзауэ.

Хъутей цивилизациэр дунейм и нэхъ жъыдыдэхэм ящыщ. Езы Хъутей тхыдэ-шъэныгъэхэм къызэрыӀуатэмкӀэ и ныбджыр илъэс минитхум носыр, ауэ пэсырей тхыгъэ щыӀахэм къагъэлъагъуэмкӀэ 3, 500 илъэс паубыду зтепсэлъыхьхэр. Пэсырейм къыщыкӀэдзауэ администрациэхэмкӀэ гуэчауэ къэралым и ӀэнатӀэр зэрыщытар, пэщтыхь лъэпкъхэм зэрахъуэкӀми а ӀэнатӀэ системэр къанурэ, нэхъ бэлыхь хъууэ, нэхъ зэфӀэуву къэралым куэду къышъхьэпа къэру къыштэным, нэхъ лъэш хъуным шъхьэкӀэ адрей къэрал гъунэгъухэм елъытамэ.

ПолитикэмкӀэ уэплъмэ илъэс мин бжъыгъэкӀэ Хъутейр къэрал зэгуэт-зэхэгъэкӀауэ и тхыдэр макӀуэ. Хъутейм и шӀапӀэм зэкӀэлъыпыту хамэ быйхэр къытеуэт, ауэ хэт къытемыуами, къэралыр имыубыдами кӀэх езы бийхэри Хъутей хъужьхэт. Иджырей Хъутей лъэпкъыр лъэхъэнэ бжъыгъэкӀэ зэхэхьэ азиэ лъэпкъхэмрэ Хъутей лъэпкъхэмрэ я културэ я политикэ хабзэхэмрэ, милыуан бжыгъэ лъэпкъ куэчынхэри абым хэту.

Хъутейм и тхыдэр зэхэгъэкӀауэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
гъэхэр къэрал (лъэпкъыр)
2357 ди лъ. ипэ. — 2255 ди лъ. ипэ Пщышхуэ Яо
2255 ди лъ. ипэ. — 2205 ди лъ. ипэ Пщышхуэ Шунь
2205 ди лъ. ипэ. — 1766 ди лъ. ипэ Лъэпкъышхуэ Ся
1766 ди лъ. ипэ. — 1122 ди лъ. ипэ. Зэман хэӀуа Шан-Инь лъэпкъ
1122 ди лъ. ипэ. — 247 ди лъ. ипэ Зэман хэӀуа Джоу лъэпкъ
246 ди лъ. ипэ.— 207 ди лъ. ипэ. Зэман хэӀуа Цинь лъэпкъ
206 ди лъ. ипэ. — 220 ди лъ. (абы хиубыдыуи КъуэхьэпӀэ Ханьри — 206 ди лъ. щыкӀэдзауэ 25 ди лъ. нэс,

КъуэкӀэпӀэ Ханьр — 25 — 220 ди лъ.)

220 — 264 Вей лъэпкъ, Къэралищ Лъэхъэнэ
265 — 420 Дзинь лъэпкъ (КъуэхьэпӀэ Цзинь: 265—316, КъуэкӀыпӀэ Дзинь: 317—420)
420 — 479 Ипшъэ Сун лъэпкъ
479 — 501 Ци лъэпкъ
502 — 556 Лан лъэпкъ
557 — 588 Чень лъэпкъ
581 — 618 Суй лъэпкъ
618 — 917 Тан лъэпкъ
907 — 959 Лъэпкъытхум я лъэхъэнэ
960 — 1279 Сун лъэпкъ
1280 — 1368 Юань лъэпкъ (монголхэм къахэкӀа)
1368 — 1644 Мин лъэпкъ
1644 — 1911 Цин лъэпкъ (манчижурхэм къахэкӀа)
1912 — 1949 Хъутей республикэ (Тайваным — иджыри къыздынэс)
1949 жэпуэгъуэм и 1 Джылэ Республикэ Хъутей

Дыгъэгъазэм ДжРК зэрыхъурэ конституциэ плъы кыдагъэкӀауэ хэхат къэралым (1954, 1975, 1978, 1982 гъэхэм). Джылэ Республикэ Хъутейм и КонституциэмкӀэ (дыгъэгъазэ 1982), ДжРК - демократ диктатура лъэпкъ зиӀэ социал къэрал. Къэралым и нэхъышъхьэ ӀэнатӀэр - зы зэхуэсу Хъутейпсом и лъэпкъ тхьэмадэхэм я хасэ (КЛъТХ), 2 979 депутат хэту, ахэр куейхэм я зэхуэсхэм илъэситхукӀэ хахху.

Депутатхэр куэд зэрыхъум шъхьэкӀэ сессиэхэм я зэхуакум КЛъТХ-ым и лъэжьыгъу хъуар зышъхэр ЗэзмыхъуэкӀ Комитет депутатхэм хэхам ящыщху, нэрыбгэ 150 хъууэ.

Хэхынхэм хэхьэхэр Хъутейм и Коммунист партиэм щыщ депутат къуэдейрэ партий демократхэм хуэду зэджэхэмрэ, ахэр Хъутейм и Джылэ чэнджэш политикэ хасэм хохьэхэ (КДжЧПХ). Шхьэхуит ӀэнатӀэ администрациэ зиӀэхэр Гонконгрэ Макаорэ.

Депутат КЛъТХ-м хэту хъуар, псори иэ коммунист иэ демократ партиэм щыщхэ.

ДжРК и тхьэмадэр - Ху Дзиньтао, генерал секретарь Нэхъышъхьэ комитет Хъутейм и Коммунист партиэм (НКККП).

ДжРК-м и Дзэм и Нэхъышъхьэ Хасэр 1982 гъэм зэӀуаха. И япэрей тхьэмаду тетар Ден Сяопин, 1990 гъэм абы ипӀэм Дзян Дземинь иува.

АдминистрациэкӀэ зэрыгуэчыр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Джылэ республикэ Хъутейр куей 22 иӀыгъ и ӀэнатӀэмкӀэ, абы пэмыкӀыу Хъутейм и провителствэм Тайвань хы тӀыгур и 23 куейу къэлъытэр. Абы нэхъыбу ДжРК-м автоном куейу 5 хохьэ, Хъутейм и лъэпкъ нэхъ цӀыкӀухэр здыщыпсом, муниципал куейуэ 4, къалъэ нэхъышъхьэхэм я ӀэнатӀэм кӀэту, специал администрациэ куейуэ тӀу.