Jump to content

Исраил

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Исраел къызыхэкӀар)
Исраил
ивр. מדינת ישראל (Мэдинат Исраьэл
хьэр-бз. دولة إسرائيل (Дауьлат Исраьийл
Дэмыгъэ Исраилым
Исраилым и нып Исраилым и дэмыгъэ

Кординатхэр: 31°47′00″ с. ш. 35°13′00″ в. д. / 31.783333° с. ш. 35.216667° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «הַתִּקְוָה‎ (Гугъэ)» (Макъ едэӀун (info))
Хуитыныгъэм и махуэ 1948 нэкъыгъэм и 14 (зхэкӀар Британиэшхуэм)
Нэхъышъхьэбзэхэр иврит, хьэрыпыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Ерусэлим
Къалэ нэхъ инхэр Ерусэлим, Тел Авив, Хайфа
ӀэнатӀэ хабзэр Парламент республикэ
Президент
Премиер министыр
Шимон Перес
Биниамин Нетаниахьу
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
143-нэ дунем
20 770[1]/22 072[2] км²
2
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2010)
Ӏувагъыр

7 695 000[3] цӀыху (95-нэ)
349 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2009)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$204,133  (52-нэ)
$28 081[4]
Сомыр (Валутэр) Шекел кӀэ
Интернет-доменхэр .il
Телефон кодыр +972
Зэманыгъуэхэр +2 (гъэмахуэм +3)
Исраил Уикисурэтылъэм

Исраил е Джуртый (ивр. מדינת ישראל, Мэдинат Исраьэл, хьэр-бз. دولة إسرائيل, Дауьлат Исраьийл) — Азиэм и ипшъэ-къуэхьэпӀэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр Ерусэлэм.

Хэкумэтхыр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Исраел и хэкумэтхыр
Исраил и шӀыпӀэтхыпхъэр

Исраилыр Азиэм и ипшъэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэт, хы Курытым и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ Ӏуфэм, ипшъэмкӀэ Хы Плъыжьым. Къэралым и гъунапкъэхэр здырикӀуэмрэ здыӀухьэхэмрэ: ишъхъэрэмкӀэ - Ливаным, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ - Шамым, къуэкӀыпӀэмкӀэ - Йорданымрэ, КъуэхьэпӀэ Йорданым, ипшъэ-къуэхьэпӀэм - Мысырымрэ Газам и лъэныкъуэм.

Къэралыр мы ин шъхьэкӀэ и шӀыпӀэхэр куэду зэшъхьэщокӀхэ.

Нэхъыбэр къушъхьэхэм яубыд: Галилеэм и бгыхэр, Кармэл бгым, Голан Ӏуашъхьэхэм джоуэ. КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм Йордан къуэладжэр хэт. Абыхэм пэмыкӀыу къэралым хэтхэр (псоуэ иэ лъэныкъуэкӀэ): Арава пшахъуалъэ, Хы ЛӀа, Мехтеш Рамон, Негев бгыхэр, Йудей пшахъуалъэ.

Къэралым и псы нэхъ иныр Йордан, Кишон, Эскиндар, Ярконом - мы псыплӀыра къэралым иӀэр гъэмахуэм имыгъушъыкӀху. Псыхъурей Кинеретыр къэралым и нэхъ ин, псынэпс иту, и инагъыр 166 км².

Къэралым и хьэйуар субтропик хы курытым щыщу щыт. Мэкъуэуэгъуэм и температурэ курытыр — +24 °C щыкӀэдзауэ +32 °C носыр, шӀычылэм +6 °C щыкӀэдзауэ +20 °C нэс.

Тхыдэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Исраелым и тхыдэ

Япэрей джурт лъэпкъ пэсырейхэр Исраилым щихьахэр 1200 гъэм ди лъэхъэнэхэм и пэм, а зэманыгъуэм щыщ Исраил шӀыпӀэм хэту къагъуэта 250 джурт хьэблэжъхэр[5]. А зэманыгъуэм яужкӀэ хэкум филистейхэр йохьэ. Пэштыхьей ӀэнатӀэ зэфӀоувэр япэреуэ Исраил пэштыхьей, яужымкӀэ Яуда пэштыхьей абыхэм я зэмэныгъуэр щытехуэр XI-X ди лъэхъэгэхэм я пэм.

VIII ди лъэхъэнэхэм япэм щыкӀэдзауэ ди лъэхъэнэм нэс шӀыпӀэр къэрал зэщымыщхэм я ӀэнатӀэм кӀэхьурэ хъур Ӏэшурейм, Бабилонейм, Ахеменидхэм, Македониэм.

152 гъэм ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэ 37 гъэм нэс ди лъэхъэнэм ипэм Яудейм джурт лъэпкъ Хасмонехэр ӀэнатӀэм тохьэхэ.

63 гъэм ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэ Яудейм и шӀыпӀэм Урымым и ӀэнатӀэр лъэш мэхъур хом-хомурэ къэралыр иубыду. Бар Кохба джылэ зыкъэӀэтыгъуэ иригъэкӀуэкӀын игугъа яуж 135 гъэм, урым ӀэнатӀэр къэралым ирагъэкӀыным шъхьэкӀэ джурт лъэпкъым я Ӏохур хэкум зэӀыхьа, Урымхэм цӀыху бгъыгъэ хэкум ирахуахэ, тхыдэм къыхэмнэным шъхьэкӀэ а хэкум джуртхэр исауэ. Лъэпкъым я нэхъыбэр Галилейм икӀахэ.

614 гъэм Палестинэр Къажэрым щыщ Сасанидхэм яубыд, джуртхэм я дэӀэпыкъуэгъукӀэ Ерусэлэмыр яубыдыр. Къажэрхэм къалэр джуртхэм иратыр. Ауэ, Ерусэлэмым джуртхэм я ӀэнатӀэр куэдрэ шъхьэщытакъым, илъэсищ къуэдей.

Византиэр Къажэрым текӀуа яуж Палестинэр аргуэру урымхэм яхокӀуэ 629 гъэм, илъэскӀэ джурт лъэпкъыр яукӀыурэ хэкум ирахухэр.

636 гъэм хьэрып лъэпкъэм я лъэшыгъуэ кӀэдзэгъуэм Палестинэр мыслымэнхэм трахыр урым Византиэм.

Лъэхъэних яужкӀэ къакӀуэхэм хэкур хьэрып лъэпкъхэмрэ джорызэмрэ я зэпэубыдыгъуэхэм хэт.

1099 гъэм джорызэм Ерусэлэм пэштыхьей ешъыр, ауэ, 1187 гъэм Сэладиным Ерусэлэмыр еубыдыр, 1291 гъэм джорыдзэм я яужырей быдапӀэ Акрари хьэрыпхэм яхокӀуэ.

1260-1516 гъэм Палестинэр мамлыкӀухэм я ӀэнатӀэм кӀэт.

1517 гъэм Исраилым и шӀыпӀэр Уэсмэнейм хокӀуэ, сулътӀан Селим I-м еубыд. Илъэс 400-кӀэ хэкур Уэсмэнейм и ӀэнатӀэм кӀэта.

1920 гъэм Лъэпкъхэм я лигэ мандатымкӀэ КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум и лъэныкъуэ Уэсмен империэм хэтар Британиэшхуэм и ӀэнатӀэм кӀохьэ, зэманыгъу зэрекӀуэкӀар 1948 накъыгъэм и 15-м нэс. Мандатым мыхьэну зэрихьатэр а шӀыпӀэм джурт лъэпкъым шъхьэкӀэ къэрал къыхагъэкӀыну

Джылэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Исраел и джылэр

Исраилым и Нэхъышъхьэ лэжьыгъэм статистикэм теухуауэ къызэриӀохумкӀэ, 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къэралым джылу дэсар (хэкухэс лэжьэну къэкӀуахэр хэмыту) зэрыхъур 7, 695 млн цӀыху. Абыхэм: джуртхэр - 5,802 млн (75,4%), хьэрыпхэр - 1,573 млн (20,5 % (абыхэм хиубыдэр хьэрып мыслъымэнхэр - палестинхэр, бедуинхэр, хьэрып чыристэнхэр), лъэпкъ мы ину я бжыгъэр хъууэ дэсхэр - 320 мин цӀыху (4,2% (адыгэхэр, друзхэр, ермэлыхэр)[6].

Экономикэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Исраел и экономикэр
Гуэдз губгъуэ Исраилым

Исраилым и экономикэм дунем ВКӀуП-ымкӀэ 52-нэрей пӀэр еӀыгъ. Ипшъэ-КъуэхьэпӀэ Азиэм хэт къэралхэм япэрейхэм ящыщ экономикэмрэ индустриэмрэкӀэ и зэфӀэтыкӀэр. Къэралым щэхуэгъуэкӀэ экономикэр лъэшу зэфӀэт, кэралыгъуэ ӀэнатӀэри абым хэту.

Къэралым импорт куэд йохьэ: фатэгын, хьэцэпэцэхэр, дзэм шъхьэкӀэ Ӏэшэхэр. Исраилым и шӀыпӀэр бэуэ щымыт шъхьэкӀэ къэралым фӀыуэ зыкъиӀэта къыдэгъэкӀыгъуэ лэжьыгъэхэмрэ аграриэмкӀэ, хьэцэпэцэхэр къэралым ирачэ шъхьэкӀэ пэмыкӀ аграрий лэжьыгъу езы къэралым и шӀыпӀэм къыхахыр.

Налмэс гъэлыдахэр, текнологиэшхуэ Ӏэмэпсымэхэр, аграрий лэжьыгъэхэр къэрал дэгъэкӀ щэныгъэм и нэхъыбу хъура.

Къэрал буджетым дефицитышхуэ иӀэ нэхъыбэм, ар трансфер инхэмкӀэ зэхуашъыр пэмыкӀ къэралхэм къахэкӀхэм. Исраилым къэрал хамэхэм шӀыхуэ телъхэм я ныкъуэ хуэдизыр АШЗ-м ей. Абым пэмыкӀыу Штат Зэгуэтхэр япэреуэ щытхэ экономикэмрэ дзэмрэ Исраилым дэӀэпыкъур.

Администрациэ гуэчыгъуэр

Исраил къэралыр администрациэ куей хыкӀэ мэгуэчыр, зэреджэхэр «мехозот» (ивр. מחוזות).

Езы куейхэр куейкуэрыт 50-кӀэ мэгуэчыжьхэ, я цӀэр «нафот» (ивр. נפות), езыхэри яужкӀэ 15-нэ куейкӀэ мэгуэчыжьхэ.

Куей Къалэ нэхъышъхьэр
1 Ишъхъэрей Нацерэт
2 Хьайфэ куей Хьайфэ
3 Курыт Рамле
4 Тел Авив куей Тел Авив
5 Ерусэлэм куей Ерусэлэм
6 Ипшъэрей БеӀэр Шева
Убыда шӀыпӀэхэр
А
В
С

Къэрал зэхэтыкӀэр

Исраилыр парламент республику щыт.

Къэралым и тхьэмадэр президент, хэзыхыр Кнессэт, хэхыгъуэр шъэху йокӀуэкӀ, зэрхахыр илъэсибл. Иджырей къэралым и хабзэмкӀэ президентым ӀэнатӀэ иӀэкъым, къэралым и напашъхьу щыт къуэдей, дунем и цӀэкӀэ къэпсалъу. Президентым и ӀэнатӀэкӀэ ишъэ къуэдер ӀэнатӀэгъу зэхуэсым хэтхэр къилъытэнымрэ (ахэр къимылъытауэ щытмэ ӀэнатӀэгъу зэхуэсым хэтхэм я ӀэнатӀэпӀашъхьэхэр яхъуэжь) хьэпсэрысхэр хуит ишъынымрэ (Исраилым и цӀыху хъуар, зэгуэрэм хьэпсэм ихуар, президентым хуит ишъыным елъэӀун пӀалъэ иӀэ).

ХабзэдэгъэкӀыу ӀэнатӀэ нэхъышъхьэр къэралым Кнессэт - зылъэныкъуэ парламент, тхьэмадэ 120 хэту. Тхьэмадэхэр партиэ тхылъхэмкӀэ хахыр.

Хабзэ гъэзанкӀэ ӀэнатӀэпашъхьэр - ӀэнатӀэгъу зэхуэс, шъхьэщытыр абым и тхьэмадэр.

Исраил къэралым Конституциэ иӀэкъым. Абым ипӀэкӀэ щыӀэр «япэрей хабзэхэр», зыпылъыр къэрал зэхэтыкӀэмрэ, джылэм я пӀалъэмрэ хуитыныгъэмрэ.

Исраилым адыгэху исхэр

Исраилым 4,000 адыгэ цӀыф ис. Исраилым адыгэ куэйитӀу дэд, Кфар Камэрэ Рихьаныерэ. Кфар Камэр адыгэ шапсыгъ чӀылэ, Рихьаныер адыгэ абдзах чӀылэ.

Гулъытыгъуэ

  1. Исраэлым и шӀыналъу зэфӀэувар, хутыныгъэ зауэм къыхэкӀауэ 1949 гъэм, а гъунапкъэхэмкӀэ къэрал нэхъыбэхэмрэ Лъэпкъ Зэгуэтхэмрэ къалъытэ Исраэлыр
  2. ШӀыпӀэ яужкӀэ Исраэлым и ӀэнатӀэм кӀэхьэхэр, КъуэкӀыпӀэ Ерусэлэмымрэ Голэн бгыхэмрэ. Исраэлым и официал тхылъхэм къагъэсэбэп, ауэ, Лъэпкъ Зэгуэтхэм къызарэмлъытам шъхьэкӀэ дуней сэбэпыгъуэ игъуэткъым.
  3. Нэхъышъхьэ лэжьыгъэ статистикэмкӀэ (НЛС): Исраэлым джылу дэсыр — 7,7 млн цӀыху, абыхэм - 75,4 % — джуртхэр (урыс.)
  4. Валутэмкэ и дунейпсо фонд (урыс.)
  5. Энциклопедиэ "Кругосвет" - Пэсырей Палестинэ. 2008
  6. title The population, by religion and population group Israel Central Bureau of Statistics(индж.)

ТехьэпӀэхэр