Агулас

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Кординатхэр: 34°49′44″ ю. ш. 20°00′09″ в. д. / 34.828889° ю. ш. 20.0025° в. д. (G)

Къуапэм и фэеплъ

Къуапэ Агулас (порт-бз. Agulhas, африк. Kaap Agulhas) — Африкэм и ипшэ дыдэ кӀэух джабэ къуапэ. И лъагагъыр 140 метрэ мэхъу, джабэм и гуэхупӀэ дыдэм деж маяк тетщ. Къуапэм ипшэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэкӀэ 155 километрэкӀэ укъыбгъуэдэкӀым Къуапэ ГугъэфӀ щылъщ. Агулас къуапэр Атлантикэрэ Индиэ хышхуэмрэ я гуэшыпӀэ пӀэуэ ябж.

Къуапэ ГугъэфӀ щыщӀэдзауэ Агулас нэс, пшэхъуэ чэнджу щытщ хыжьэ Аглоабайэр. Ауэ Ӏуфэр чэнджыми къуапэм деж кхъухь куэд щӀилъэфащ, Индиэ Хышхуэм къикӀыу Атлантикэм хэлъадэ Агулас уэрым.

Къуапэм и цӀэр къыхэкӀащ португалыбзэ псалъэ L’Agulhas (порт-бз. agulha — мастэ). Апхуэдэу португал хырысхэр къуапэм еджэн щыщӀадзар, а пӀэм деж компас магнит мастэр, а щӀыпӀэм щыӀэ магнит аномалиэм къызэрырихукӀырат.

Къуапэ Ӏуфэм деж къыщыхъу уэрпхэр, дунейм нэхъ ин дыдэ уэрпхэрауэ ябж. Абыхэм я лъэгыгъыр 40 метрэм щыдэкӀуейхэ къохъу. Хы Ӏуфэр къуапэм деж зэры чэнджым къыхэкӀыу, а уэрпхэр нэхъри нэхъ щынагъуэ мэхъухэр, хы Ӏуфэм къыӀуа иуж. Кхъухь куэд къуапэ Ӏуфэм деж зэрыщӀилъэфэм щхьа, 1848 гъэм къуапэ гуэхупӀэ дыдэм деж маяк ӀуащӀыхьауэ щтащ.

1999 гъэм къуапэм деж Агулас национал парк зэӀуахащ.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]