Стип-Поинт
Стип-Поинт (ин-бз. Steep Point) — къуапэ, Аустралиэм и къухьэпIэ дыдэ пIэ.
Хэкумэтх[гъэтэрэзын | edit source]
Стип-Поинт къуапэр ныкъуэтIыгу Идел-Лэндым телъщ, дунейпсо кIэлъыгъакIуэ Шарк-Бейм хыхьэу. Административну къуапэр Аустралиэм и штат КъухьэпIэ Аустралиэм хеубыдэр. Къуапэм щыщIэдзауэ Перт къалэ нэс 1000 километрэу дэлъщ. Абы и нэхъ ишхъэрэу тIыгу Дерк-Хартог щылъщ.
Къуапэ Iуфэр Индиэ Хышхуэм и псхэм ялъэс. Езы Iуфэхэр Iейуэ джабэхэщ. Къуапэ джабэ гуэхупIэр хым 200 метрэкIэ щхьэщытщ.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
Еуропэхэм ящыщу, япэу къупэр зылъагъуу къэзыплъыхьар голлэнд плъыхьакIуэ Уиллем де Фламингщ. Ар 1697 гъэм къуапэм деж къитIысыкIри, къиплъыхьа иуж, абы «Steyle Hock» (гуэхупIэ къуапэ) фIищауэ щтащ[1].
1801 гъэм фрэндж плъыхьакIуэ Луи де Фрейсине, къуапэм нэгъуэщI цIэ «Point Escarpee» иритауэ щтащ. Ауэ куэд мыщIу, 1822 гъэм инджылыз плъыхьакIуэ Филлип Кинг, къуапэм и цIэр Стип-ПоинткIэ ихъуэжащ. А цIэри къуапэм иджыри къыздэс зэрехьэр.
Иджырей зэманым Стип-Поинт и хъуреягъ щылъ щIыпIэр бдзэжеящэкIэ хьэхуа щIыпIэу щытщ.
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Geoscience Australia. Steep Point.(индж.)
- Космический снимок мыса.(урыс.)
- Шарк-Бей теухуауэ информациэ.(индж.)
Гулъытэгъуэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Аустралиэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Континентхэм я кIэух къуапэхэр |
||
---|---|---|
Африкэм и кIэух къуапэхэр | Рас-Бен-Саккэ • Рас-Хьафун • Агулас • Алмади | ![]() |
Аустралиэм и кIэух къуапэхэр | Йорк • Байрон • Сауф-Поинт • Стип-Поинт | |
Еуразиэм и кIэух къуапэхэр | Челускин • Дежнев • Пиай • Рока | |
Ипшэ Америкэм и кIэух къуапэхэр | Галинас • Сейшас • Фроуард • Париниас | |
Ишхъэрэ Америкэм и кIэух къуапэхэр | Мерчисон • Сент-Чарлз • Мариатэ • Уелс-Принц |