Къуапэ ГугъэфӀ

Къуапэ ГугъэфӀ (африк. Kaap die Goeie Hoop, нид.-бз. Kaap de Goede Hoop, порт-бз. Cabo da Boa Esperança, ин-бз. Cape of Good Hope) — дунейм и нэхъ цӀэрыӀуэ дыдэхэм ящыщ къуапэ. Ипшэ Африкэ Республикэм хиубыдэ Кап тӀыгуныкъуэ и кӀэух къуапэ.
Къуапэр Африкэм и ипшэ дыдэ кӀэух къапэу щымытми (ипшэ кӀэух къуапэр Агулас къуапэращ), ауэ Африкэм и Ӏуфэр мыбдежым дежщ япэу къуэкӀыпӀэмкӀэ зыгъэзэн щыщӀедзэр, Атлантикэм къыхэкӀыуи Индиэ хышхуэм кхъухьхэми хэхьэн щыщӀадзэр.
Къуапэр Африкэм и ипшэ-къухьэпӀэ кӀэух пӀэщ. Ар къыхигъэщу къуапэ ӀухьэпӀэм деж Ӏутщ монумент, уздэщыт пӀэм и координатхэр уигъэлъагъуу. ГугъэфӀ къуапэм тӀэкӀу нэхъ ишхъэрэу пэщылъщ Кейп-Пойнт къуапэ. А къуапэращ маяк «Къуапэ ГугъэфӀыр» зытетыр. Ар апхуэдэу щыщытыр, Къуапэ ГугъэфӀыр нэхъ япэу щылъми, кхъухьхэм Кейп-Пойнт къуапэм дежщ къекӀуэкӀын щыщӀадзэр.
Кейп-Пойнт къуапэмкӀэ долъадэ ИндиэХышхуэм къикӀ хуабэ уэрыр. Абы къыхэкӀыуи Кейп-Пойнт къуапэм деж псым и температурэр нэхъ инщ, къуапэ ГугъэфӀ зи Ӏуфэ щӀыӀэ Бенгал уэр зыблэжым деж нэхъ.
Тхыдэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
1488 гъэм португал хыерс Бартоломеу Диаш, ГугъэфӀ къуапэм нэс къэсауэ щтащ. Апщыгъуэм абы къуапэ Бур фӀищауэ щтащ. Ауэ а цӀэр къуапэм къыхуинэну Португалым и пэщтыхьым къуапэм къыхуинэну идакъым.
1497 гъэм Васко да Гамэ, Къуапэ ГугъэфӀ ерсэкӀри, Индиэм кӀуэ хы гъуэгу зэӀуихауэ щтащ. Абы лъандэри къуапэм ГугъэфӀкӀэ йоджэ.
Абыхэм нэмыщӀ къуапэм епхащ Лъатэ Голэнд теухуа легендэр.
Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
-
Къуапэм и фэеплъ
-
Къуапэм и координатхэр къэзыгъэлъагъуэ монумент
-
Къуапэр нэхущым
-
ВымпӀу къуапэ Ӏуфэм Ӏусхэр
-
Къуапэ хы Ӏуфэр серферхэм нэхъ яфӀэфӀ пӀэхэм ящыщ зыщ
ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Ипшэ Африкэ Республикэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |