Челускин (къуапэ)
Челускин (урбз. Мыс Челюскина) — Таймыр ныкъуэтIыгум и кIэух къуапэ, Еуразиэм и ишхъэрэ дыдэ пIэ.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
Япэу къуапэм тепсэлъыхьыу къазытхар етIуанэ Камчаткэ экспедициэм хэта С. И. Челускинщ, 1742 гъэм щыгъуэ. А тепсэлъыхьыгъуэр къыщыхэгъщащ абы иужкIэ итхыжа тхыгъэм. 1842 гъэм щыгъуэ а Iухыгъуэр илъэс 100 щрикъум, Урысей хэкумэтх зэхуэсым къуапэм и цIэ КъуэкIыпIэ-Ишхъэрэр ЧелускинкIэ яхъуэжащ.
1932 гъэм, Арктикэ институтым хэту къуапэм деж полар станциэ тращIыхьащ.
Иджырей зэманым а станциэм и ныкъуэ Iыхьэр иджыри мэлажьэр, абы иджыри ишхъэрэ щIыпIэхэр зэзыгъэцIыху персоналыр щолажьэр.
Хэкумэтх[гъэтэрэзын | edit source]
Къуапэр Таймыр ныкъуэтIыгум и ишхъэрэ дыдэ пIэм деж щылъщ. Абы и Iуфэр елъэс Вилицки Iузэвым. Къуапэм деж псы Iулъым и кууагъыр 10 метрэм нос. Iуфэр джабэ гуэхупIу щытщ. КъухьээпIэмкIэ къуапэм къыбгъуэдохьэр хылъэ Спартак.
Къуапэм деж щыIэ климатыр — арктикэу щытщ. Абы къыхэкIыуи Iейуэ щIыIэу гъэмахуэм щытщ. Апхуэдэу гъэмахуэм и нэхъ хуабэ махуэхэм температурэр -0.1° е -0.9°C нэхъыщхьэ дэкIуейкъым. ЩIымахуэм температурэр -40°...-50°С нэс йох. Уэсыншэ зэман къуапэм щыIыхэкъым. Дэтхэнэ махуэми, ар гъэмахуэ махуэ хъуами, уэс къесыну щытщ. ЩIымахуэр кIыхьрэ лъэрызехьэщ, ар мазэ 11-м нэс йокIуэкI.
ФщIэрэ фэ?[гъэтэрэзын | edit source]
Къуапэм пэмыжыжу, континентал Еуразиэм и нэхъ ишхъэрэ дыдэ аэродромыр щылъщ.
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Магидович В. И., Магидович И. П. Очерки по истории географических открытий. Т. 3 М., 1984 гъэ. 122-нэ напэ (урыс.)
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Красноярск щIыгум теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Континентхэм я кIэух къуапэхэр |
||
---|---|---|
Африкэм и кIэух къуапэхэр | Рас-Бен-Саккэ • Рас-Хьафун • Агулас • Алмади | ![]() |
Аустралиэм и кIэух къуапэхэр | Йорк • Байрон • Сауф-Поинт • Стип-Поинт | |
Еуразиэм и кIэух къуапэхэр | Челускин • Дежнев • Пиай • Рока | |
Ипшэ Америкэм и кIэух къуапэхэр | Галинас • Сейшас • Фроуард • Париниас | |
Ишхъэрэ Америкэм и кIэух къуапэхэр | Мерчисон • Сент-Чарлз • Мариатэ • Уелс-Принц |