Канар тӀыгухэр
Канар хы тӀыгухэр исп-бз. Islas Canarias | |
Нып |
Дэмыгъэ |
Къэрал | Эспаниэ |
Статус | Автоном лъэпкъыгъуэ |
Хиубыдэр | Провинциэхэр: Санта Крус де Тенерифе Лас Палмас |
Къалэнэхъышъхьэ | Санта Крус Лас Палмас[1] |
ПэмыкӀ къалэшхуэхэр | Лас Палмас |
Президент | Паулино Рибейро Баутэ |
Нэхъышъхьэбзэр | эспаныбзэ |
Джылэр (2009) |
2,103,992 млн (8-рей пӀэ) |
Ӏувагъыр | 282,5 цӀыху/км² |
Инагъыр | 7,447 км² (13-рей пӀэ) |
Кодыр ISO 3166-2 | ES-CN |
Официал сайтыр | |
Канар хы тӀыгухэр Уикисурэтылъэм | |
Гулъытыгъуэ:
|
Канар тӀыгухэр (исп-бз. Islas Canarias псалъэхэр зэбдзэкӀмэ къикӀыр — хьэ хы тӀыгухэ лат-бз. canis «хьэ») — Атлантикэм блыуэ зэхэт хы тӀыгу гуп, вулканхэм къахэкӀаху. Африкэм и ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэ Ӏуфэм пэщылъхэ. Хы тӀыгухэр Эспаниэ Пэштыхьейм и ӀэнатӀэм кӀэтхэ, къэралым и зы аутоном лъэпкъыгъуэм ящыщ.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Еуропейхэр хы тӀыгухэм ихьэн ипэкӀэ абыхэм исар гуанчи лъэпкъхэр. Я псоукӀэр мывэ лъэхъэнэ зэманыгъуэм хуэгъэлъытауэ щытт, былым зэрахуэт, губгъуэхэр зэрахьэт. Я щыгъынхэр псэушъхьэхэм я фэхэм къыхашъыкӀт. Я тхьэмадэхэр мумиэ яшът дунем ехыжьа яуж. Я тхыдэм щыщу хы тӀыгухэм къэна пирамидэ яшъахэр.
Япэреуэ хы тӀыгухэм ихьахэр хьэрып хызекӀуэхэра XII лъэхъэнэм. Фрэндж хызекӀуэхэр Кэнархэм XIV лъэхъэнэм йохьэхэ. Илъэсипшъ ябым яуж текӀауэ Клемент IV-м хы тӀыгухэр Кастиджэм иретыр. 1402 гъэм Кастиджэрэ Леонымрэ я ӀэнатӀэм хы тӀыгухэр яубыдын кӀадзэ. Гран Канариэ хы тӀыгухэм иса лъэпкъхэр зауэншу къырагъэблэгъахэ еуропейхэр. Тенерифе иса лъэпкъхэр пэува еуропейхэм, язаурэ. 1404 гъэм Кастиджэм и пэштыхь Генрих III-м Канархэм пщыуэ трегъэувэ Жан де Бетанкурар. Португал Канархэм къеныкъуэкъу щытар 1479 гъэм тхылъ кӀатхамкӀэ хы тӀыгухэр Эспаниэм и ӀэнатӀэм кӀэту къилъыта. Яужырей зауэхэр XV лъэхъэнэм и кӀэм екӀуэкӀахэ. 1494 и накъыгъэм гуанчихэм яхъума я хы тӀыгухэр эспанхэм япэщытыфаху, ауэ 1495 и дыгъэгъазэм гуанчихэм емынэ узыгъуэр къахэхьа яуж эспанхэм хы тӀыгу хъуар яубыда. 1496 бадзэуэгъуэм и 24 гуанчихэм я пщыкъуэ Имененчиэм эспанхэм заретыр, куэд темыкӀыу яукӀ. А гъэ дыдэм, фокӀадэм и 29 Алонсо де Луго текӀуэныгъэр къэзыхьам къеӀоху хы тӀыгухэр псори убыда зэрыхъуар.
Кристофор Колумб и япэрей зекӀуэ Индиэ лъыхъуэгъуэм щежьам хы тӀыгу Ла Гомерэм къыщыувэӀэуэ щыта. Америкэр къагъуэта яуж Канар хы тӀыгухэр Еуропэмрэ Америкэмрэ я зэхуаку гъогум нэхъышъхьэ къэувэӀэпӀэ мэхъур. ХэкумэтхэмкӀэ апхуэдэ пӀэфӀ зэраӀыгъым шъхьэкӀэ хы тӀыгухэр зэпэубыдыгъуэ мэхъур къэрал бжыгъэхэми хы абрэджхэми. 1586—1596 гъэхэм мароккэдзэм Лансароте яубыд. 1595 гъэм инджылыз хыдзэзэшэ Френсис Дрейкыр Лас Палмасым тоуэр. 1599 гъэм голлан хыдзэм Лас Палмасыр зэхекъутэ. 1657 гъэм британиэ хыдзэм Роберт Блейк и ӀэнатӀэм кӀэту эспан хыдзэр зэхекъутэ Тенерифе хы тӀыгум идежь. Зыми емылъытауэ Канар хы тӀыгухэр иджыри къыздынэсым Эспаниэм и ӀэнатӀэм къыкӀонэ.
1821 гъэм хы тӀыгухэр Эспаниэм и провинциэ мэхъухэ, къалэ нэхъышъхьу яшъыр Санта Крус. Абым Лас Палмасыр къеныкъуэкъун кӀедзэ, 1840 гъэхэм хы тӀыгухэр провинциэ тӀууэ ягуэчыр.
1982 гъэм Канар тӀыгухэр Эспаниэм и аутоном лъэпкъыгъуэ мэхъухэ, 1986 гъэм Еуропэ зэгуэтым хохьэхэ, гурыӀуэгъуэ гуэрэхэр хуашъу.
Хэкумэтхыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хы тӀыгухэмрэ я къалэнэхъышъхьэхэмрэ:
Хы тӀыгур | Къалэнэхъышъхьэр |
---|---|
Тенерифе | Санта Крус |
Гран Канариа | Лас Палмас |
Лансароте | Аррэсифе |
Ла Палма | Санта Крус |
Ла Гомера | Сен Себастиан |
Эл Иерро | Валверде |
Фуэртевентура | Пуэрте дел Росарио |
Хы тӀыгу нэхъ инхэр. Парк дэтхэр:
Паркыр | Хы тӀыгур |
---|---|
Калдера де Табуриенте и Лъэпкъэгъу Парк | Ла Палма |
Гарахонай Лъэпкъэгъу Парк | Ла Гомера |
Теиде Лъэпкъэгъу Парк | Тенерифе |
Тиманфая Лъэпкъэгъу Парк | Лансароте |
Тхылъ кӀэтым хы тӀыгу къэбжэкӀауэ хъуам я Ӏуашъхьэ нэхъ лъагэхэр ит
Ӏуашъхьэр | Лъэгагъыр |
---|---|
Теиде | 3.718 м (Тенерифе) |
Роке де лос Мучачос | 2.426 м (Ла Палма) |
Пико де лас Ниевес | 1.949 м (Гран Канариа) |
Пико де Малпасо | 1.500 м (Эл Иерро) |
Гарахонай | 1.487 м (Ла Гомера) |
Пико де ла Сарса | 812 м (Фуэртевентура) |
Пениас дел Чаче | 670 м (Лансароте) |
АдминистрациэмкӀэ гуэшыгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Провинциэр | Къалэ нэхъышъхьэ | Здыхэтыр | ШӀыпӀэтхыпхъэр | Хы тӀыгухэр | Дэмыгъэр | Ныпыр |
---|---|---|---|---|---|---|
Лас Палмас | Лас Палмас | Хы тӀыгу хэтхэр: Гран Канариа Фуэнтевентура Лансароте |
||||
Санта Крус де Тенерифе | Санта Крус | Хы тӀыгу хэтхэр: Тенерифе Ла Палма Ла Гомера Эл Иерро |
Джылэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Канар хы тӀыгухэм джылу дэсыр 2,098,593 Эспаниэм и аутоном лъэпкъыгъуэхэм 8-рей пӀэ иӀыгъ, джылэ ӀувагъымкӀэ 281,8 км ². Аркипелагпсом и инагъыр 7,447 км ².
Аркипелагым и джылэм хэтхэр езы шӀыпӀэм щыщ цӀыхухэмрэ хэкухэсхэмрэ Эспаниэ материкым къикӀахэр (галисийхэр, кастийанхэр, каталонхэр, баскхэр джоуэ), абыхэм пэмыкӀыу португалхэр, урымхэр, британхэр. 2009 гъэм Канархэм я джылэпсом (2,098,593) 1,799,373 эспанху щыта (1,547,611 Канархэм щыщу, 178,613 эспаниэ материкым къикӀаху), 299,220 пэмыкӀ къэралхэм щыщ хэкухэсху. Абыхэм я нэхъыбэр еуропейхэ (55 %) — джэрмэнхэр (39,505), британхэр (37,937), урымхэр (24,177). ПэмыкӀыу иджыри Америкэм щыщу 86, 287 дэс, нэхъыбу — колумбийхэр (21,798), венесуэлэхэр (11,958), кубэхэр (11,098), аргентинхэр (10,159). А псоми пэмыкӀыу иджыри африкэм щыщ лъэпкъэр дэс, нэхъыбу марокканхэра (16,240).
2003 | 2004 | 2005 | 2006 | 2007 | 2008 | |
---|---|---|---|---|---|---|
Эспаниэпсом | 42.717.064 | 43.197.648 | 44.108.530 | 44.708.964 | 45.200.737 | 45.828.172 |
Канариэхэм | 1.894.868 | 1.915.540 | 1.968.280 | 1.995.833 | 2.025.951 | 2.075.968 |
Тенерифе | 799.889 | 812.839 | 838.877 | 852.945 | 865.070 | 886.033 |
Гран Канариэ | 789.908 | 790.360 | 802.247 | 807.049 | 815.379 | 829.597 |
Лансароте | 114.715 | 116.782 | 123.039 | 127.457 | 132.366 | 139.506 |
Фуэртевентура | 74.983 | 79.986 | 86.642 | 89.680 | 94.386 | 100.929 |
Ла Палма | 85.631 | 84.282 | 85.252 | 86.062 | 85.933 | 86.528 |
Ла Гомера | 19.580 | 21.220 | 21.746 | 21.952 | 22.259 | 22.622 |
Эл Иерро | 10.162 | 10.071 | 10.477 | 10.688 | 10.558 | 10.753 |
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Канар тӀыгухэр Уикисурэтылъэм? |
- Канархэм я тхьэмадэгъуэ (эсп.)
- Туризымыр Канархэм (эсп.)
Эспаниэм и гуэшыгъуэр администрациэкӀэ |
||
---|---|---|
Автоном хэку | Андалусиэ | Арагон | Астуриэ | Балеар тӀыгухэр | Баскхэм я Къэрал | Валенсиэ | Галисиэ | Канар тӀыгухэр | Кантабриэ | Кастилиэ — Ла-Манча | Кастилиэрэ Леонрэ | Каталониэ | Мадрид | Мурсиэ | Наваррэ | Риоха | Эстремадурэ | |
Автоном къалэхэр | Сеутэ | Мелилиэ |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Эспаниэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |