Jump to content

Фолклэнд тӀыгухэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Фолклэнд хы тӀыгухэр къызыхэкӀар)
Фолклэнд тӀыгухэр
ин-бз. Falkland Islands
исп-бз. Islas Malvinas
Дэмыгъэ Фолклэнд тӀыгухэм
Фолклэнд тӀыгухэм и нып Фолклэнд тӀыгухэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 51°41′00″ с. ш. 59°10′00″ в. д. / 51.683333° с. ш. 59.166667° в. д. (G)

Гоуидзэр: «"Song of the Falklands (Фолклэндхэм я уэрэд)"»
Къэрал уэрэд: «God Save the Queen» (Макъ едэӀун (info))
Щыхалъхьар 1833
Нэхъышъхьэбзэхэр инджылыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Стенли
Къалэ нэхъ инхэр Стенли
ӀэнатӀэ хабзэр конституциэ пэштыхьей
Пэштыхьэ
Генерал-губернатор
Премьер-министр
Елизавета II
Сандрэ Тайлер-Хьейвуд
Дэвид Кемерон
ШӀыпӀэр
• Псори

12 200 км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2012)
Ӏувагъыр

2,932[1] цӀыху
0,24 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2007)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$164.5 миллиуан  (222-нэ)
$55 400
Сомыр (Валутэр) Фолклэнд фунт (FKP)
Интернет-доменхэр .fk
Телефон кодыр +500
Зэманыгъуэхэр -4
Фолклэнд тӀыгухэр Уикисурэтылъэм

Фолклэнд тӀыгухэр (ин-бз. Falkland Islands, исп-бз. Islas Malvinas) — Ипшъэ Америкэм хэт къэрал. Къалэ нэхъыщхьэр — Стенли. Къэралым хеубыдэр хы тӀыгу зэкъом. Хы тӀыгухэр Атлантикэ хышхуэм и ипшэ лъэныгъуэмкӀэ гъэзахэщ. ЩӀыпӀэр Британиэшхуэм и хамэ щӀыпӀахэм язщ. Ауэ щӀыпӀэр Архентинэм и ейуэ ебж.

Фолклэнд тӀыгухэм хеубыдэ хы тӀыгу ину тӀурэ, нэхъ цӀыкӀуу 776-рэ. Архипелагыр Ипшъэ Америкэм и дыгъэкъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ 463 километркӀэ ӀугъэзыкӀащ.

И инагъыр — 12 200 км² мэхъу. Хы Ӏуфэм и кӀыхьагъыр 1 300 км нос.

Нэхъ Ӏэта дыдэу иӀэ пӀэр — бгы Усборн (705 м), ар хы тӀыгу ДыгъэкъуэкӀыпӀэ Фолклэндым тетщ.

Хы тӀыгухэм псы ежэх ин яӀэхэкъым, ауэ псы жьгъей куэд яӀэхэщ.

Нэхъ ин тӀыгухэр:

Хы тӀыгухэр
(адыг.)
Хы тӀыгухэр
(инджыл.)
Хы тӀыгухэр
(эсп.)
Инагъыр,
км²
Жылэ,
цӀыху (2006)
1БарренBarren IslandIsla Pelada11,5
2БиверBeaver IslandIsla San Rafael48,56
3ДыгъэкъуэкӀыпӀэ ФолклэндEast FalklandIsla Soledad66052786
4ДжорджGeorge IslandIsla Jorge24
5ДыгъэкъухьэпӀэ ФолклэндWest FalklandIsla Gran Malvina4532127
6КаркассCarcass IslandIsla del Rosario18,94
7КеппелKeppel IslandIsla Vigía36,26
8ЛайвлиLively IslandIsla Bougainville55,85
9Нью АйлэндNew IslandIsla de Goicoechea11,81
10ПебблPebble IslandIsla Borbón103,36
11СаундерсSaunders IslandIsla Trinidad131,6
12СпидуеллSpeedwell IslandIsla Águila51,5
13УедделлWeddell IslandIsla San José265,8

ТӀыгухэм щопсохэ куэду — вымпӀухэр, албэтросхэр, нэгъуэщӀ бзухэр. КъэӀэпхъуа колонизаторхэм къыздашауэ хы тӀыгум бжэн куэд щыӀэщ.

Хы Ӏуфэхэм деж зэмылӀэужыгъуэ хы къэкӀыгъэрэ псэущхьэ куэдрэ хэсхэщ.

ТӀыгухэр 1591 гъэм къызэӀуихауэ ябж инджылыз хырыс Джон Девис. Ауэ эспанхэми япэу хы тӀыгухэр зэӀуахахэу ябж. ЦӀыху а зэманхэм абы щыпсоуахэкъым.

Зэман зэманкӀэ Британиэшхуэмрэ Испанымрэ хы тӀыгухэр зэӀапаххэу щытащ, ауэ щхьэжи щӀыпӀэр и ейуэ ибжыжт.

1982 гъэм хы тӀыгухэм щхьа инджылыз-архентинэ зауэ къэхъеящ. Архентинэм хы тӀыгухэр зэпиубыдыжыпэн щхьа мэлыжьыхым и 2, хы тӀыгухэр иубыдащ. Абы къыхэкӀыу Британиэшхуэм хы тӀыгухэм я деж ӀэщэкӀэ ухуа кхъухьышхуэ игъэкӀуащ, къэрукӀэ хы тӀыгухэр яубыдыжын щхьа.

Зауэр иухащ Архентинэ хэнэу, ауэ иджыри къыздэс хы тӀыгухэр и ейуэ ебж.

Иджырей зэманым хы тӀыгухэм щхьа Британиэшхуэмрэ Архентинэмрэ иджыри зоныкъуэкъухэр.

Британиэм хы тӀыгухэм абы къыхэкӀу и дзэхэр нэхъыбэ щещӀ. Абы къыхэкӀыуи Архентинэр нэхъри йоныкъуэкъу Британиэшхуэм.

Жылэ ис бжын 2012 гъэм ирагъэкӀуэкӀам къызэрыхэкӀкӀэ Фолклэнд хы тӀыгухэм щыпсо цӀыхухэр 2 932 мэхъухэ. Абы щыщу къалащхьэ Стенли 2 115 цӀыхур дэсщ.

Нэхъыбэу щыпсо лъэпкъхэр — инджылызхэр, шотландхэр, ирландхэр, норвегхэр, эспанхэращ.

ЦӀыху исым и нэхъыбапӀэр инджылыбзэкӀэ мэпсалъэхэ, эспаныбзэкӀэ псалъэ куэди щопсо.

  • 1931 — 2392 чел.
  • 1946 — 2239 чел.
  • 1953 — 2230 чел.
  • 1972 — 1957 чел.
  • 1980 — 1813 чел.
  • 1986 — 1916 чел.
  • 1991 — 2091 чел.
  • 1996 — 2564 чел.
  • 2001 — 2913 чел.
  • 2006 — 2955 чел.
  • 2008 — 3140 чел.
  • 2012 — 2840 чел.

Фолклэнд тӀыгухэм я экономикэр нэхъ епхащ - бжэн зехуэным. ЗэрабжымкӀэ хы тӀыгухэм 500 000 бжэну щызэрахуэр. Абы нэмыщӀ бдзэжьей ещэным пщӀэщхуэ иӀэщ.

Хы Ӏуфэм деж фэтыджын щӀым къыщыщӀах.