Стенли
Къалэ нэхъышъхьэ
|
Стенли (ин-бз. Stanley) — Британиэшхуэм и хамэ щIыпIэ департамент Фолклэнд тIыгухэм я къалэ нэхъышъхьэ.
Хэкумэтх[гъэтэрэзын | edit source]
Къалэр Атлантикэ хышхуэм и ипшэ-дыгъэкъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэзащ. Ипшъэ Америкэм нэс 500 км дэлъщ.
Къалэр тIыгу ДыгъэкъуэкIыпIэ Фолклэндым тетщ, Атлантикэ и хы Iуфэм деж.
КилометрихукIэ дыгъэкъуэкIыпIэкIэ бгъазэм къэралым и аэропорт щытщ.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
Стенли 1843 гъэм яухуащ, Фолклэнд тIыгухэм я къалащхьэ зэращIыным хуэдэу. Абы япэ хэкум и къалащхьэу щытар Стенли нэхъ ишхъэрэкIэ гъэзауэ щыт Порт-Луис къалэщ.
Къалэм лорд Эдуард Джефри Смит-Стенли и фэеплъу Стенли фIащащ. Абы а зэманым Британиэшхуэм и хамэ щIыпIэхэм и кIэлъыплъэгъуу зэрыщытам къыхэкIыу.
Жылэ[гъэтэрэзын | edit source]
Къалэм 2006 гъэм зэрабжамкIэ 2 115 цIыхуу дэсщ. Къэралым щыпсэ цIыхум и нэхъыбапIэр Стенли дэсхэщ.
Сурэтылъэ[гъэтэрэзын | edit source]
Гулъытэгъуэ[гъэтэрэзын | edit source]
Ипшэ Америкэм и къалэ нэхъыщхьэхэр |
|
---|---|
Къэралхэм | Асунсион • Боготэ • Бразила • Буенэс-Айрес • Джорджтаун • Кэракэс • Китэ • Лимэ • Монтовидеуэ • Парамарибэ • Сантиагуэ • Сукре (Ла-Пас) |
ЩIыпIэ щхьэхуимытхэм | Грютвикен • Кайеннэ • Стенли |