Фолклэнд тIыгухэр
Фолклэнд тIыгухэр ин-бз. Falkland Islands исп-бз. Islas Malvinas | |||||
| |||||
![]() | |||||
Гоуидзэр: «"Song of the Falklands (Фолклэндхэм я уэрэд)"» | |||||
Къэрал уэрэд: «God Save the Queen» (![]() | |||||
Щыхалъхьар | 1833 | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | инджылыбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Стенли | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Стенли | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | конституциэ пэштыхьей | ||||
Пэштыхьэ Генерал-губернатор Премьер-министр |
Елизавета II Сандрэ Тайлер-Хьейвуд Дэвид Кемерон | ||||
ШӀыпӀэр • Псори |
12 200 км² | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2012) • Ӏувагъыр |
2,932[1] цӀыху 0,24 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2007) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$164.5 миллиуан (222-нэ) $55 400 | ||||
Валутэр | Фолклэнд фунт (FKP) | ||||
Интернет-доменхэр | .fk | ||||
Телефон кодыр | +500 | ||||
Зэманыгъуэхэр | -4 | ||||
![]() |
Фолклэнд тIыгухэр (ин-бз. Falkland Islands, исп-бз. Islas Malvinas) — Ипшъэ Америкэм хэт къэрал. Къалэ нэхъыщхьэр — Стенли. Къэралым хеубыдэр хы тIыгу зэкъом. Хы тIыгухэр Атлантикэ хышхуэм и ипшэ лъэныгъуэмкIэ гъэзахэщ. ЩIыпIэр Британиэшхуэм и хамэ щIыпIахэм язщ. Ауэ щIыпIэр Архентинэм и ейуэ ебж.
Хэкумэтх[гъэтэрэзын | edit source]
Фолклэнд тIыгухэм хеубыдэ хы тIыгу ину тIурэ, нэхъ цIыкIуу 776-рэ. Архипелагыр Ипшъэ Америкэм и дыгъэкъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ 463 километркIэ IугъэзыкIащ.
И инагъыр — 12 200 км² мэхъу. Хы Iуфэм и кIыхьагъыр 1 300 км нос.
Нэхъ Iэта дыдэу иIэ пIэр — бгы Усборн (705 м), ар хы тIыгу ДыгъэкъуэкIыпIэ Фолклэндым тетщ.
Хы тIыгухэм псы ежэх ин яIэхэкъым, ауэ псы жьгъей куэд яIэхэщ.
Нэхъ ин тIыгухэр:
№ | Хы тIыгухэр (адыг.) |
Хы тIыгухэр (инджыл.) |
Хы тIыгухэр (эсп.) |
Инагъыр, км² |
Жылэ, цIыху (2006) |
---|---|---|---|---|---|
1 | Баррен | Barren Island | Isla Pelada | 11,5 | |
2 | Бивер | Beaver Island | Isla San Rafael | 48,56 | |
3 | ДыгъэкъуэкIыпIэ Фолклэнд | East Falkland | Isla Soledad | 6605 | 2786 |
4 | Джордж | George Island | Isla Jorge | 24 | |
5 | ДыгъэкъухьэпIэ Фолклэнд | West Falkland | Isla Gran Malvina | 4532 | 127 |
6 | Каркасс | Carcass Island | Isla del Rosario | 18,94 | |
7 | Кеппел | Keppel Island | Isla Vigía | 36,26 | |
8 | Лайвли | Lively Island | Isla Bougainville | 55,85 | |
9 | Нью Айлэнд | New Island | Isla de Goicoechea | 11,81 | |
10 | Пеббл | Pebble Island | Isla Borbón | 103,36 | |
11 | Саундерс | Saunders Island | Isla Trinidad | 131,6 | |
12 | Спидуелл | Speedwell Island | Isla Águila | 51,5 | |
13 | Уедделл | Weddell Island | Isla San José | 265,8 |
ТIыгухэм щопсохэ куэду — вымпIухэр, албэтросхэр, нэгъуэщI бзухэр. КъэIэпхъуа колонизаторхэм къыздашауэ хы тIыгум бжэн куэд щыIэщ.
Хы Iуфэхэм деж зэмылIэужыгъуэ хы къэкIыгъэрэ псэущхьэ куэдрэ хэсхэщ.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
ТIыгухэр 1591 гъэм къызэIуихауэ ябж инджылыз хырыс Джон Девис. Ауэ эспанхэми япэу хы тIыгухэр зэIуахахэу ябж. ЦIыху а зэманхэм абы щыпсоуахэкъым.
Зэман зэманкIэ Британиэшхуэмрэ Испанымрэ хы тIыгухэр зэIапаххэу щытащ, ауэ щхьэжи щIыпIэр и ейуэ ибжыжт.
1982 гъэм хы тIыгухэм щхьа инджылыз-архентинэ зауэ къэхъеящ. Архентинэм хы тIыгухэр зэпиубыдыжыпэн щхьа мэлыжьыхым и 2, хы тIыгухэр иубыдащ. Абы къыхэкIыу Британиэшхуэм хы тIыгухэм я деж IэщэкIэ ухуа кхъухьышхуэ игъэкIуащ, къэрукIэ хы тIыгухэр яубыдыжын щхьа.
Зауэр иухащ Архентинэ хэнэу, ауэ иджыри къыздэс хы тIыгухэр и ейуэ ебж.
Иджырей зэманым хы тIыгухэм щхьа Британиэшхуэмрэ Архентинэмрэ иджыри зоныкъуэкъухэр.
Британиэм хы тIыгухэм абы къыхэкIу и дзэхэр нэхъыбэ щещI. Абы къыхэкIыуи Архентинэр нэхъри йоныкъуэкъу Британиэшхуэм.
Жылэ[гъэтэрэзын | edit source]
Жылэ ис бжын 2012 гъэм ирагъэкIуэкIам къызэрыхэкIкIэ Фолклэнд хы тIыгухэм щыпсо цIыхухэр 2 932 мэхъухэ. Абы щыщу къалащхьэ Стенли 2 115 цIыхур дэсщ.
Нэхъыбэу щыпсо лъэпкъхэр — инджылызхэр, шотландхэр, ирландхэр, норвегхэр, эспанхэращ.
ЦIыху исым и нэхъыбапIэр инджылыбзэкIэ мэпсалъэхэ, эспаныбзэкIэ псалъэ куэди щопсо.
|
|
Экономикэ[гъэтэрэзын | edit source]
Фолклэнд тIыгухэм я экономикэр нэхъ епхащ - бжэн зехуэным. ЗэрабжымкIэ хы тIыгухэм 500 000 бжэну щызэрахуэр. Абы нэмыщI бдзэжьей ещэным пщIэщхуэ иIэщ.
Хы Iуфэм деж фэтыджын щIым къыщыщIах.
Сурэтылъэ[гъэтэрэзын | edit source]
Гулъытэгъуэ[гъэтэрэзын | edit source]
Ипшъэ Америкэм и къэралхэр |
|
---|---|
Хуитым къэралхэр | Архентинэ • Боливиэ • Бразил • Венесуелэ • Гайанэ • Колумбиэ • Парагуай • Перу • Суринам • Уругуай • Чили • Экуадор |
ЩIыпIэ щхьэхуимытхэр | Фолклэнд хы тӀыгухэр • Фрэндж Гуианэ • Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр |
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |