Псынабэ
Къуажэ
Псынабэ
|
Псынабэ — Аруан къедзыгъуэм хыхьэ къуажэ. Псынабэ къуажэ тIысыпIэм и щIыпIащхьэ.
Хэкумэтх[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэр Аруан къедзыгъуэм и къуэкIыпIэ IыхьэмкIэ гъэзащ, Шэрэджыпсым и сэмэгу IуфэмкIэ Iулъу. Къуажэм щыщIэдзауэ къедзыгъуэ къалащхьэ Нарткъалэ нэс 8 км дэлъщ, Налшык къалэ нэс 34 км дэлъщ.
Къуажэ тIысыпIэм щIы иIыгъыр 18 км2 мэхъу.
Нэхъ пэгъунэгъу къуажэхэр — Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей ипшэ-къуэкIыпIэмкIэ, Къэхъун къухьэпIэмкIэ, Псыкуэд ишхъэрэкIэ.
Къуажэр Къэбэрдей щIызахуэм телъщ, республикэм бгытехьэпIэ Iыхьэм хиубыдэу. Ику лъэгагъыр 295 метрэкIэ хы Iуфэм къыщхьэщокI. Къуажэм и релефыр и нэхъыбэм щIызахуэу щытщ. КъуэкIыпIэмкIэ Шэрэджыпсым и гъунэм бгъуэдэту ирокIуэ Iуащхьэ цIыкIу Iэтахэр.
Къуажэ тIысыпIэм псы ресурсхэр щыкуэдщ. ЩIыпIэр республикэ псом нэхъ псыкуэд щIыпIэу щытщ. ЩIыщIагъ псыхэр метрэ 2—2,5-кIэ фIэкIа я кууагъкъым. Абы нэмыщI псынэхэр щыкуэдщ. Къуажэ уэрамхэмкIэ псынэ щIым къыщIэжхэр ирижэхэу щытщ. Псынэхэм я куэдагъым къыхокI езы къуажэм и цIэри.
Климатыр уэмщ. Гъэмахуэхэр хуабэу щытщ, курыт температурэхэр бадзэуэгъуэ мазэм +28° нэс докIуей. ЩIымахуэр щIыIэтыIэщ, щIыщылэ мазэм курыт температурэхэр -7° нэс йох.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэр яухуащ 1925 гъэм, Ишхъэрэ Куъэжьыкъуей къыдэIэпхъукIа унагъуэхэм, япэ гъэхэми къуажэщIэр Ишхъэрэ Къуэжьыкъуейм и унафэм щIэту щытащ. 1928 гъэм къуажэм, щхьэхуэ къуажэ тIысыпIэ статус кърат.
1930 гъэхэм къуажэ тIысыпIэ щIым пхъэщхьэмыщхьэ апщIащхэр щаухуэхэр.
1954—1958 гъэхэм къуажэр Къэхъун къуажэм и унафэм щIэту щытащ. 1958 гъэм къуажэм щхьэхуэ къуажэ тIысыпIэ статусыр хуагъэфащэж.
1963 гъэм къуажэ унафэм щIэт Мэздахэ къуажэр, Псыкуэд къуажэ тIысыпIэм хагъэхьащ.
Жылэ[гъэтэрэзын | edit source]
ЦIыху бжыгъэр | |||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
2010[1] | 2012[2] | 2013[3] | |||||||||||||
1 549 | ↗ 1 567 | ↗ 1 588 |
Джылэ дэсым и Iувагъыр — 88 цӀыху/км²
- Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ | ЦIыху бжыгъэр | Iыхьэр % |
---|---|---|
адыгэхэр | 1 441 | 93,0 % |
тыркухэр | 91 | 5,9 % |
урысхэр | 15 | 1,0 % |
адрейхэр | 2 | 0,1 % |
псори | 1 549 | 100 % |
Дин[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэм зы мэжджыт дэтщ, еджапIэ-медресе хэту.
ЕджапIэ[гъэтэрэзын | edit source]
- Курыт еджапIэ № 1 — ур. Пролетарскэ, 69.
- ЕджапIэ пэщIэдзэ
Сымаджэш[гъэтэрэзын | edit source]
- Къуажэ сымаджэш
Экономика[гъэтэрэзын | edit source]
ЩIыпIэм псыр зэрыкуэдым къыхэкIыу, къуажэм нэхъ ухуауэ щытхэщ псыфIэфI къэкIыгъэхэр.
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
Гулъытэгъуэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- ↑ Урысей псо жылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкIуэкIам къыхэкIыу
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2012-гъэм ЩIышылэм и 1-м ирихьэлIэу жылэ дэсахэр
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2013-гъэм ЩIышылэм и 1-м ирихьэлIэу жылэ дэсахэр
- ↑ Ещанэ том. ЕплIанэ таблицэ. Къэбэрдей-Бэлъкъэрым джылэ исыр лъапкъыгъуэкIэ зэрыугуэшар, Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкIуэкIам къыхэкIыу
Аруан куей |
||
---|---|---|
Къалащхьэр | Нарткъалэ | ![]() |
Къуажэхэр | Аруан • Джэрмэншыч • Докъушыкъуей • Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей • Къэхъун • Мэрзэхъу • Псыгуэнсу • Псыкуэд • Псынабэ • ФIыцIэпс • Шытхьэлэ |