Къэхъун
Къуажэ
Къэхъун
|
Къэхъун (урбз. Кахун) — Аруан къедзыгъуэм хыхьэ къуажэ.
Хэкумэтхыр[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэр къедзыгъуэм икум итщ. Къедзыгъуэ къалащхьэ Нарткъалэ нэс 3 км дэлъщ, Налшык къалэ нэс 32 км дэлъщ.
Нэхъ пэгъунэгъу къуажэхэр — Псынабэ, Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей.
ЩIыпIэм псынэхэр щыкуэдщ, щIыщIагъ псыхэр щIым мыкуууэ зэрырижэм къыхэкIыу. И ику лъэгагъыр 297 метрэкIэ хы Iуфэм къыщхьэщокI.
Къуажэм и дыгъэкъухьэпIэ лъэныкъуэр Нарткъалэ хыхьэным нэсащ.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэр къызыгъэунэхуар Къэбэрдейм цIэ зиIауэ щта Докъушыкъуей пшыхэращ 1846 гъэм.
1850-1856 гъэхэм Къэбэрдейм щрагъэкIуэкIа щIы реформэхэм къыхэкIыу къуажэм къыхагъэхьахэщ пэмэжу щыт къуажитI — Пэнэжь хьэблэрэ Iэпщэу хьэблэрэ.
1862 гъэм Къуэшырыкъуей къуажэ къиIэпхъукIри Докъушыкъуей къуажэ къэIэпхъуащ уэркъ Шыпщхэр я цIыхухэр ягъусэуи, къуажэм ипшэкIэ тIысахэщ хьэблэщIэ ящIхэри. Абы къыхэкIыу къуажэм цIитI зэрихьэрт — Докъушыкъуейрэ Шыпщейрэ.
1920 гъэм советхэм Къэбэрдейр яубыда иуж,къуажэм и цIэр яхъуэжащ, пшыхэмрэ уэркъхэмрэ я цIэр зэрызахьэм щхьа. ЦIэщIэу къуажэм фIащащ — Къэхъун.
Джылэ[гъэтэрэзын | edit source]
ЦIыху бжыгъэр | |||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
2010[1] | 2012[2] | 2013[3] | |||||||||||||
7 106 | ↗ 7 227 | ↗ 7 359 |
Джылэ дэсым и Iувагъыр — 210 цӀыху/км²
- Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ | ЦIыху бжыгъэр | Iыхьэр % |
---|---|---|
адыгэхэр | 7 026 | 98,9 % |
адрейхэр | 80 | 1,1 % |
псори | 7 106 | 100 % |
ЕджапIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Курыт еджапIэ № 1
- Курыт еджапIэ № 2
Сымаджэш[гъэтэрэзын | edit source]
Зы къуажэ сымажэшрэ зы къедзыгъуэ сымаджэшрэ дэтхэщ.
Дин[гъэтэрэзын | edit source]
Зы мэжджыт дэтщ. ЕТIуанэр ящIыну къуажэдэсхэм я мурадщ.
Экономикэ[гъэтэрэзын | edit source]
Къуажэм ину щаужьащ бэтрэджан, нащэ икIи нэгъуэщI къэкIыгъэхэр нэхъ къагъэкI. Къуажэм теплицэкIэ зэрпхьпр.
ЦIэрыIуэ къыщыхъуахэр[гъэтэрэзын | edit source]
- ХьэхъупIащэ Iэсхьэд и къуэ Амирхъан — адыгэ тхэкIуэ, усакIуэ.
Гулъытэгъуэ[гъэтэрэзын | edit source]
- ↑ Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкIуэкIам къыхэкIыу
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2012-гъэм ЩIышылэм и 1-м ирихьэлIэу джылэ дэсахэр
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2013-гъэм ЩIышылэм и 1-м ирихьэлIэу джылэ дэсахэр
- ↑ Ещанэ том. ЕплIанэ таблицэ. Къэбэрдей-Бэлъкъэрым джылэ исыр лъапкъыгъуэкIэ зэрыугуэшар, Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкIуэкIам къыхэкIыу
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
Аруан куей |
||
---|---|---|
Къалащхьэр | Нарткъалэ | ![]() |
Къуажэхэр | Аруан • Джэрмэншыч • Докъушыкъуей • Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей • Къэхъун • Мэрзэхъу • Псыгуэнсу • Псыкуэд • Псынабэ • ФIыцIэпс • Шытхьэлэ |