Jump to content

Докъушыкъуей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къуажэ
Докъушыкъуей
КъэралУрысей
РеспубликэКъэбэрдей-Балъкъэр
Муниципал куейАруан
Къуажэ жылагъуэДокъушыкъуей
КординатхэрКординатхэр: 43°28′20″ с. ш. 43°51′22″ в. д. / 43.472222° с. ш. 43.856111° в. д. (G) (Я)43°28′20″ с. ш. 43°51′22″ в. д. / 43.472222° с. ш. 43.856111° в. д. (G) (Я)
Къуажэ жылагъуэм
и тхьэмадэр
Мырзэ Къэшиф и къуэ Хьэчим
Щаухуар1640 гъэращ
И инагъыр59 км²
Курыт лъэгагъыр404 м
Жылэр 6 631 цӀыхуу (2016)
Ӏувагъыр112 цӀыху/км²
Лъэпкъхэрадыгэхэр
Динхэрмуслъымэн-суннэтетхэр
Дэсхэм зэреджэрдокъушыкъуейхэр
ЗэманыгъуэрUTC+3
Телефоным и кодыр+7 86635
Почтэ индексыр361 325
Автом и кодыр07
ОКАТО83240000010
Докъушыкъуей (Урысей)
Докъушыкъуей (Къэбэрдей-Балъкъэр)

Докъушыкъуей (урбз. Старый Черек) — Аруан куеим хыхьэ къуажэ.

Къуажэр Аруан куеим и дыгъэкъуэкӀыпӀэмкӀэ гъэзащ, Шэрэдж и ижь лъэныкъуэмкӀэ кӀэрысу. Къуажэм щыщӀэдзауэ къедзыгъуэ къалащхьэ Нарткъалэ нэс 15 км дэлъщ, Налшык къалэ нэс 23 км дэлъщ. Къуажэм пхырокӀ федералнэ гъуэушхуэ «Кавказ».

Къуажэ нэхъ пэгъунэгъухэр — Псыгуэнсу, Аруан, Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей, Къуэжьыкъуей.

Къуажэр джабащхьэм тесщ. Джабэр япэм Шэрэдж къиуху гуилъэсыкӀти, абы щхьа псым и ижь лъэныкъэуэм дамбэ ӀуащӀыхьащ. Псым и сэмэгу лъэныкъуэмкӀэ мэз цӀыкӀу «Ныджэ» иӀэщ.

Къуажэм и ику лъагагъыр 375 метрэкӀэ хы Ӏуфэм къыщхьэщокӀ.

Яухуауэ щабж гъэр — 1640 гъэращ. Къуажэр зыухуар Къэбэрдейм пщӀэщхуэ зиӀэу щыта Докъушыкъуэ пшыхэращ.

1920 гъэм советхэм къэралыр яубыда иуж, къуажэм и цӀэр яхъуэжащ, пщым и цӀэр зэрызэрихьэм щхьа. Абы къыхэкӀыу къуажэм фӀащащ цӀэщӀэ Старэ Шэрэдж. Ауэ къужэдэсхэр къуажэм иджыри зэреджэр Докъушыкъуейщ.

1944 гъэ хухъу Аруан куейм и къэлащхьэу щытащ.

ЦӀыху бжыгъэр
2010[1] 2012[2] 2013[3]
6 203 6 314 6 324

Жылэ дэсым и Ӏувагъыр — 112 цӀыху/км²

Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ ЦӀыху бжыгъэр Ӏыхьэр
 %
адыгэхэр 6 145 99,1 %
адрейхэр 58 0,8 %
псори 6 203 100 %
  • Курыт еджапӀэ № 1
  • Курыт еджапӀэ № 2
  • Курыт еджапӀэ № 3
  • КъБАПЛ
  • ПэщӀэдзэ еджапӀэ сабий сад № 1
  • ПэщӀэдзэ еджапӀэ сабий сад № 2
  • ПэщӀэдзэ еджапӀэ сабий сад № 3

Зы сымаджэщ дэтщ

МэжджытитӀ дэтщ

Къуажэм пхъащхьэмыщхьэ щӀапӀэ куэд иӀэщ. Губгъуэхэр гъэхуауэ къагъэсэбэп. ХадэхэкӀхэр щащэну бэзэрищ щыухуащ.

Къуажэм предприятиеу щы дэтщ. Шэрэдж псыхъуэм мывэ захуэ дэлъхэр даш. Псыхъуэм аткӀэ фӀэмыщӀ щӀым къыщыщӀах.

ЦӀэрыӀуэ къыщыхъуахэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
  • КӀуащ Ибрахьим и къуэ БетӀал (1920-1957) — адыгэ цӀэрыӀуэ тхакӀуэ.
  • Иуан Талиб и къуэ Хьэсэн — Совет Зэхэтым и Герой.