Къыу
Къыу | ||||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||||
Cygnus cygnus Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||||
здигъуалъхьэр щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||||
|

Къыу (лат-бз. Cygnus cygnus) — бабыщ лъэпкъым щыщ, къыу лъэпкъыгъуэм хэхьа лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Къуалэбзу пӀащэщ. И гъунэгъу дыдэ лӀэужьыгъуэ хьэдэкъазым хуэдизынщ, къешэч ч. 7-12, дамэ лъэныкъуэр см. 56-63,5. ЩескӀэ и пщэр занщӀэу иӀыгъщ. Теплъэр зэфэзэщу хужьщ, цы щабэ тетщ, лъакъуэ кӀэщӀщ, икӀэмкӀэ ехьэкӀащ. Дамэхэр инкъым, пкъым быдэу екъузылӀащ, мыпӀащӀэурэ йос. ЗекӀуэн фыуэ илъагъукъым. И макъыр жьгъыру лъэщщ. ИкъукӀэ сакъщ.
Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
ЩӀымахуэр щегъакӀуэ Хы Курыт, Хы Каспий щӀыналъэхэм, Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм. Щопсэу Еуразиэм и Ищхъэрэ лъэныкъуэм. Къаукъазым и щӀыпӀэ зэхуэмыдэхэм, къапщтэмэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и псы хуэм, хыкъум Ӏуфэхэм гъатхэ, бжьыхьэ лъэтэжьыгъуэ зэманым щалъагъу.
Абгъуэ абрагъуэр, м. 2,5-3 нэс зи къаухьыр, щеухуэ къамыл, ӀутӀанэ Ӏув зыӀут хыкъумхэм, хы Ӏуфэхэм. КӀэцӀыгъуэм анэм абгъуэц къызыхеч.
Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Ӏусыр псыудз лъабжьэ, псым хэс псэущхьэ жьгъейхэр.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.