Хьэдэкъаз

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Хьэдэкъаз
Хьэдэкъаз
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бабыщ теплъэ лъэпкъыр
Лъэпкъ къуэдзэ: Къаз теплъэ лъэпкъ къуэдзэр
Лъэпкъыгъуэ: Къыухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Хьэдэкъаз
Латин цӀэр
Cygnus olor
Gmelin, 1789
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 174985
NCBI 8869
Cygnus olor

Хьэдэкъаз е къау (лат-бз. Cygnus olor) — къаз теплъэхэм хэхьа, къыу лъэпкъыгъуэм хиубыдэ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къыум теплъэкӀи, инагъкӀи ещхь лӀэужьыгъуэщ, ауэ и нэхъ пщэ гъумыр щескӀэ егъэукъуэнш, и натӀэм тыкъыр къыхокӀ. ПӀащэщ, дамэ лъэныкъуэр см. 57-62, къешэч ч. 8-13.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Щопсэу Еуропэм, Азиэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм. Щогъуалъхьэ Къаукъазым и ищхъэрэ хыкъумхэм, псыпцӀэхэм я гъунэгъу къэкӀыгъэ Ӏувхэм. ЩӀымахуэр щегъакӀуэ Хы ФӀыцӀэ, Хы Каспий, Хы Курытым я Ӏуфэхэм, Ипщэ Къажэрым, Курыт Азиэм. Къаукъазыкум зэзэмызэ щалъагъу щыблэлъэтыкӀкӀэ.

Шэныр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Зыгуэрым игъэгубжьмэ, унэ къазым хуэдэу и пщэр ещэщӀри «с-с-с-с» макъ къегъэӀу, и урыс фӀэщыгъэри аращ къызтекӀар.

И Ӏуэхугъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьэдэкъаз

Мы къуалэбзу бжыфӀэшхуэр къыум хуэдэу, япэм Къаукъазым щынэхъыбащ, нэхъ щӀыпӀэ куэдми щыгъуалъхьэт. Иджы нэхъыбэу щалъагъур бжьыхьэмрэ гъатхэмрэщ — щыблэлъэтыкӀкӀэ. Зы псэущхьэ хуэсакъы, хъумэн хуэймэ мыр етӀуанэу жыпӀэ хъунущ. Хьэдэкъазыр и хьэлкӀэ зэры мыкъыиныр къэгъэсэбэпауэ гъэбэгъуэжьын хуэйуэ орнитологхэм къагъэув. Еуропэм щӀыпӀэ куэдым псы ӀущӀахэм, хыкъум мыинхэм щаӀыгъщ, нэхъыщхьэу ӀускӀэ дэӀэпыкъуурэ. Мылъэтэжын папщӀэ и къабзий пхъашэхэр паупщӀ, е нэмыщӀ амал кӀэлъызэрахьэ.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.