Къуалэбзухэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къуалэбзухэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэщхьэ: Эукариотхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
Латин цӀэр
Aves
ХэкӀ къуэдзэхэмрэ инфрхэкӀхэмрэ


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 174371
NCBI 8782

Къуалэбзу́хэр (лат-бз.  Aves) — къэбзий хэкӀ, лъыхуабэхэм ящыщ джабэрыӀэ псэушъхьэхэр, зи япэрей лъапэхэр даму щыт. Япэреуэ къуалэбзухэм я Ӏэплъэпкъыр лъэтэным хутегъэпсыхьауэ зэфӀэува, ауэ джыпсту лӀэужъыгъуэ бжыгъэ щыӀэ мылъатэ къуалэбзуху. Абым пэмыкӀыу къуалэбзухэм къэлъытэгъу яхэлъыр я пэра. НобэкӀэ дунем лӀэужъыгъу тету къалъытэр 9, 800 фӀэкӀыу.

Эволуциэмрэ хэкӀыгъэмрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Систематикэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Япэреуэ псэушъхьэхэр тхыдэм систему зэхигъэкӀыным пылъатэр Аристотел, IV лъэхъэнэм и тхыгъэ «Псэушъхьэхэм я лъэныкъуэхэр» зицӀэтэмрэ «Псэушъхьэхэр къызхэкӀамрэ» джоуэ. А системэм лъэжьыгъэ зэрхуримыкъум емылъытауэ XVII лъэхъэнэм нэс псэушъхьэхэм я системэ шъэныгъэм хэтар ягъэтэрэзымын пыхьэхэтэкъым. 1676 гъэм тхылъ «Ornithologiae libri tres» къыдокӀ Виллоуби Френсис и Ӏэдакъэ къыкӀэкӀыу, хулъхугъэр дунем ехыжьа яуж тхылъым напашъхьэ телъу зэгъэзэхуауэ и нэӀуасэ Рей Джон къыдегъэкӀыжь. Ар япэрей лэжьыгъу щыт къуалэбзухэм хэкӀ къуэдзэ здыратым я сурэтымкӀэ я ӀэплъэпкъхэмкӀэ. Яужым 1758 гъэм Шуэцым щыщ шъэныгъэ хулъхугъэ Линней Карылым куэду а тхылъыр къегъэшъхьэпэ езым и тхылъ «Systema naturae» къыщыдигъэкӀым дежь.

Линней и системэмкӀэ псэушъхьу хъуар хыуэ зэхигъэкӀахэ, я хэкӀхэм (шэрыпӀхэр, амфибиэхэр, бдзэжьейхэр, хьэпӀацӀэхэр, хьэмблухэр) къуалэбзухэри зыуэ хъуахэ.

Иджырей къуалэбзухэр ифраскласс Neornithes-ым хохьэхэ, ари категориэ тӀууэ мэгуэчыжьыр — Paleognathae (нэхъыбэм абы хиубыдэр къуалэбзу мылъатэхэра, махъшэбзум хуэду); Neognathae — адрей къуалэбзууэ хъуам я лӀэужъыгъуэхэр хэзубыдэ. Я хэкӀ системэм елъытауэ лӀэужъыгъэхэм я бжыгъэри зэшъхьэщыкӀыу щыт: 9, 800 щыкӀэдзауэ 10, 050 носыр.

КъызхэкӀахэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Гупшысыгъэ джыпсту нэхъ лъэшу щыӀэмкӀэ къызэралъытэр къуалэбзухэр тероподхэм къахэкӀаху. Шъэныгъэ хулъхугъэхэм мылъатэ тероподхэм я къумшъхьэ къагъуэтхэр нэхъыбэ кӀуэ пӀэтми зэрыхъум емылъытауэ, Ӏыхьлыгъуэр бзухэмрэ мыбзухэмрэ нэхъ къегъэлъагъуэ мэхъур. Япэм къеалэбзуэ зэрщытым шъхьэкӀэ псэушъхьэм къабзий иӀэн хуеямэ, лъэхъэнэ XX икӀэмрэ - XXI ипэмрэ Китаим и ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэм щыӀэ куей Лаониным деж теропод цӀыкӀухэм ящыщ къыкӀахахэ, къабзий ятетху, абыхэм нэхъри нэхъ гугъу яшъыр абымкӀэ къуалэбзухэм я гурыӀуэгъуэр.

Здэпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къуалэбзухэр дунем и континенту хъухэм мэпсохэ, Антарктидэм и курыт лъэныкъуэхэри хаубыду (хы Ӏуфэм км 440-кӀэ пэщылъу и кӀуэцӀ лъэныкъуэмкӀэ). ЛӀэужъыгъуэхэр нэхъ куэду я бжыгъэмкӀэ здызэшъхьэщыкӀхэр тропик лъэныкъуэхэм ядежь. Япэм апхуэдиз лӀэужъыгъуэхэм я бжыгъэр зэр гурагъаӀуэтэр дуней хуабэм идежь зэшъхьэщыкӀыгъуэр нэхъ кӀэху екӀуэкӀыу, хэкӀуэдэжьыгъуэми хуэду шӀыпӀэм епхауэ. Къуалэбзу лъэпкъ зытӀущыхэр хым щыпсоуэ хъуахэ, Ӏуфэм щынэсхэр чыр къырачын къуэдейм шъхьэкӀыу. ВымпӀухэм я лӀэужъыгъуэ гуэрэхэр псым метрэ 300 кӀоуэфхэр.

Ӏэплъэпкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Къуалэбзухэм я Ӏэплъэпкъыр
Къуалэбзум и Ӏэплъэпкъыр — 1. пэ 2. Шъхьэшыгу 3. НэкӀушъхьэ 4. Нэ 5. ТхыцӀашъхьэ 6. Дамашъхьэр зыбгъэхэр 7. Дамашъхьэ 8. Къбзийхэр зыбгъэхэр 9. Къабзий пхъашэхэр зыбгъэхэр 10. КӀэпкъ 11. Къабзий пхъашэхэр 12. КӀэкӀагъыр 13. Куэ 14. Лъэдакъэ 15. Лъэдий 16. Лъэхъуамбэхэр 17. КӀэбдз 18. Ныбэ кӀагъ 19. Джабэ 20. Бгъэгу 21. Жэгъу 22. Жэгъул.

Къуалэбзухэм адрей джабэрыӀэхэм зэшъхьэщыкӀыгъуэ язытыр зэрлъэтэфхэра. Мылъэтэфу иэ мыкӀыу къэзылъэтыхь къуалэбзу лӀэужъыгъу 60 хуэдиз дунем тет, ауэ а псоми эволуциэр екӀуэкӀыхукӀэрэ а Ӏэзэгъуэр яфӀэкӀуэдауэ хъуа.

ПэмыкӀыу гулъытэгъу яӀэр къуалэбзухэм адрей джабэрыӀэхэм ямыхьчу ар я лъакъуэхэм лыпцӀэр лэшу зэрыщытыр, ар фӀыуэ зыгъэлъагъуэр къуалэбзухэр Chiroptera-хэмрэ птеразаурхэмрэ ябгъэлъытэмрэ.

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]


Сэрахъэ Александр и тхылъ ц1ык1у "Дуней къуалэбзухэр" Ставрополь къыщыдэк1ауэ. Ар сурэтк1э гъэнщ1ащ, усэ тэк1уи щ1ыгъуу.