Хьэдэкъаз
Хьэдэкъаз | ||||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||||
Cygnus olor Gmelin, 1789 |
||||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||||
|
Хьэдэкъаз е къау (лат-бз. Cygnus olor) — къаз теплъэхэм хэхьа, къыу лъэпкъыгъуэм хиубыдэ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къыум теплъэкӀи, инагъкӀи ещхь лӀэужьыгъуэщ, ауэ и нэхъ пщэ гъумыр щескӀэ егъэукъуэнш, и натӀэм тыкъыр къыхокӀ. ПӀащэщ, дамэ лъэныкъуэр см. 57-62, къешэч ч. 8-13.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Еуропэм, Азиэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм. Щогъуалъхьэ Къаукъазым и ищхъэрэ хыкъумхэм, псыпцӀэхэм я гъунэгъу къэкӀыгъэ Ӏувхэм. ЩӀымахуэр щегъакӀуэ Хы ФӀыцӀэ, Хы Каспий, Хы Курытым я Ӏуфэхэм, Ипщэ Къажэрым, Курыт Азиэм. Къаукъазыкум зэзэмызэ щалъагъу щыблэлъэтыкӀкӀэ.
Шэныр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зыгуэрым игъэгубжьмэ, унэ къазым хуэдэу и пщэр ещэщӀри «с-с-с-с» макъ къегъэӀу, и урыс фӀэщыгъэри аращ къызтекӀар.
И Ӏуэхугъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мы къуалэбзу бжыфӀэшхуэр къыум хуэдэу, япэм Къаукъазым щынэхъыбащ, нэхъ щӀыпӀэ куэдми щыгъуалъхьэт. Иджы нэхъыбэу щалъагъур бжьыхьэмрэ гъатхэмрэщ — щыблэлъэтыкӀкӀэ. Зы псэущхьэ хуэсакъы, хъумэн хуэймэ мыр етӀуанэу жыпӀэ хъунущ. Хьэдэкъазыр и хьэлкӀэ зэры мыкъыиныр къэгъэсэбэпауэ гъэбэгъуэжьын хуэйуэ орнитологхэм къагъэув. Еуропэм щӀыпӀэ куэдым псы ӀущӀахэм, хыкъум мыинхэм щаӀыгъщ, нэхъыщхьэу ӀускӀэ дэӀэпыкъуурэ. Мылъэтэжын папщӀэ и къабзий пхъашэхэр паупщӀ, е нэмыщӀ амал кӀэлъызэрахьэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.