Jump to content

Къазахъстэн

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къазахъстэн
къаз-бз. Қазақстан Республикасы
урбз. Республика Казахстан
Дэмыгъэ Къазахъстэным
Къазахъстэным и нып Къазахъстэным и дэмыгъэ

Кординатхэр: 48°57′00″ с. ш. 66°14′00″ в. д. / 48.95° с. ш. 66.233333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Менің Қазақстаным» (Макъ едэӀун (info))
Хуитыныгъэм и махуэ 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 16 (зхэкӀар РССЗ)
Нэхъышъхьэбзэхэр къазах-бз, ур-бз
Къалэ нэхъышъхьэр Astana
Къалэ нэхъ инхэр Almaty, Astana, Karaganda, Шымкент
ӀэнатӀэ хабзэр Президент республикэ
Президентыр
Премиер министрыр
Касым-Жомарт Токаев
Алихан Смаилов
ШӀыпӀэр
• Псори
9-нэ дунем
2 724 900 км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2016)
Ӏувагъыр

17 987 736 млн. цӀыху (64-нэ)
6,5 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2009)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$182,044 млрд.  (53-нэ)
$11,563
Сомыр (Валутэр) къазахъстэн тенге
(KZT, код 82)
Интернет-доменхэр .kk
Телефон кодыр +7
Зэманыгъуэхэр +5, +6
Къазахъстэн Уикисурэтылъэм

Къэзахъстэн (къаз-бз. Қазақстан Республикасы, урбз. Республика Казахстан) — Азиэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр Astana.

Къазахъстэн и шӀыпӀэтхыпхъэр
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Къэзахъсэн и хэкумэтхыр

Къазахъстэныр Азиэ Курытым хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: ишъхъэрэмкӀэ — Урысей Федерациэм, къуэкӀыпӀэмкӀэ — ДжРК-м, ипшъэмкӀэ — Къыргъызстэным, Узбэчстэным, Тыркумэнстэным, къуэхьэпӀэмкӀэ Каспий хым и Ӏуфэм хуозэ.

Къэралым и инагъыр 2 724 900 км² мэхъур.

Къэралым и шӀыпӀэм и нэхъыбэр пшахъуалэхэм яубыд (44 %), губгъуэхэм 26% яубыд, мэзхэм 5,5 %.

Къэралым и климэтыр щыуэӀу континенталу щыт. ЩӀышылэм и курыт температурэр −19 °C кӀэдзауэ −2 °C носыр, бадзэуэгъуэм +19 °C кӀэдзауэ +28 °C носыр.

Къэралым и псы нэхъ индыдэхэр: Иртыш ( абыми хэлъаду — Тоболрэ Ишимрэ), Урал, Эмба, Сырдариа, Или.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Къазахъстэн и тхыдэр

ЦӀыхур Къазахъстэн и шӀыпӀэм иджыри ди лъэхъэнэм и пэм итӀысхьауэ щыта. Япэрей лъэжьыгъу къагъэсэбэпын кӀадзатэр куэш-былым зехуэкӀэ.

1465—1718 гъэхэм Къазахъ хъаныгъуэ щыӀа. XVII лъэхъэнэм Къазахъымрэ Джунгар хъаныгъуэхэмрэ зауэ язэхуакум дэлъа.

XVIII лъэхъэнэм иджырей Къазахъстэным и шӀыпӀэр Урысей империэм иубыдын кӀедзэ. Къэрал псор щиштэр XIX лэхъэнэм и кум.

Илъэс зытӀущ текӀауэ Жэпуэгъуэ револуциэм яуж 1920 гъэм Къыргъыз Республикэ Совет Социал Автоном яшъыр, 1925 гъэм Къазахъу и цӀэр зэрахъуэкӀ. И гъунапкъыхэр бжыгъэрэ зэрахъуэкӀауэ щыта.

1936 гъэм Къазахъ РССА-р Къазахъ РСС мэхъур, 1991 гъэм къыщыкӀэдзауэ Къазахъстэныр къэрал шъхьэхуит мэхъур.

Социальной обеспечение

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ужъя министерствоез но калыклы социальной юрттэт шаерамы социальной обеспечение вылаз поно. Социальной дурбасьтонъя вуоно элемент системаын: кун пособиос; курегпуз питыръямы социальной страхованиея; пенсионное обеспечение; медицинской гарантияя юрттэт сётыны; анайлык но покчилык утён; кылдытон доры кариськиз дунтэк дышетон (огъя но профессиональной); социальной юрттэт. Дунтэк юрттэт быдӟалазы арысь 1-тӥ январе эмтодос кун 2020 модель пыӵатыны. Таӵе юрттэт сётӥськоз ваньмызлы граждан ортчыса, оралман гражданствотэк но иностранецъёс, казахстанын уло ялан.[1]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Къазахъстэн и джылэр

Джылэбжыгъэ 2009 гъэм ирагъэкӀуэкӀамкӀэ, къэралым дэсар 16 005 млн. цӀыху.

Къазахъстэн дэс лъэпкъхэр:
Лъэпкъыр Бжыгъэр, цӀыхуу %
Азиэ курытым лъэпкъ зэхэсыгъуэм я шӀыпӀэтхыпхъэ
Къазахъхэр 10 099 763 63,07
Урысхэр 3 793 764 23,70
Узбэчхэр 456 997 2,85
Украинхэр 333 031 2,08
Уйгурхэр 224 713 1,40
Къэзанхэр 204 229 1,28
Джэрмэнхэр 178 409 1,11
Адрейхэр 721 691 4,51
Псори 16 009 597 100
Къазахъстэным и президентыр Нурсултан Назарбаев

Къазахъстэным и иджырей Конституциэр къыщыдагъэкӀар 1995 гъэм шышъхьэӀум и 30. Абым къызэрикӀымкӀэ Къазахъстэныр республикэ демократу щыт, президент ӀэнатӀэпӀашъхьэ зэрихьу.

Къэралым и тхьэмадэр — президент, джылэпсом илъэситхукӀэ хагъэкӀыу тетыр. Иджырей президентыр — Нурсултан Назарбаев.

ӀэнатӀэ нэхъыхьэр, хабзэ дэгъэкӀынымкӀэ — тӀуанэ парламент, нэхъышъхьэр — Сенат (47 пӀэуэ иӀу), тӀуанэр — Мажилис (107 пӀэуэ иӀу). Сенатым и депутатхэр къэралым и хэку къэс тхьэмадитӀу къыхагъэкӀхэр, Мажилисыр илъэситхукӀэ хагъэкӀ, тхылъ-пропорциэ системэмкӀэ.

Тхьэмадэгъуэр ӀэнатӀэ гъэзанкӀэнымкӀэ нэхъышъхьу щыт къэралым, президентым зэхегъэхьэхэ, конституциэм и хабзэм теухуауэ.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Къазахъстэн и экономикэр
Тхылъ 2000 къазахъстэн тенгеуэ

Къазахъстэныр индустриэ-аграрнэ къэралу щыт. Экспортым и япэрей лэжьыгъу щытыр фатэгын, гушӀ кӀэлъыгъуэхэр.

2009 гъэм Дунейпсо фонд валутэмкӀэ къызэриӀохуамкӀэ, Къазахъстэным и ВКӀуПр зэрщытар $133,726 млрд (зы цӀыхум техуэр — $11 000).

Щэхуэнымк э илъэсбжыгъу зыпылъхэр: КъХуЗ къэралхэмрэ (Урысейри яхэту) Балтиэхэмрэ, АШЗ, Джэрмэн, Тырку, Китай, пэмыкӀхэр джоуэ.

ШӀым ирикӀуэ гъогу-магистралхэм я кӀыхьагъыр 106 мин км. мэхъур Абыхэм 13,5 мину — гушӀгъогу, 87,4 мину — аутомагистрал, миниплӀу — псыгъогу.

АдминистрациэмкӀэ гуэчыгъуэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къазахъстэныр унитар къэралу щыт, администрациэкӀэ хэку 14 мэгуэчыр. Абым пэмыкӀыу къалит шъхьэхуит хэку щытхэ — Алматырэ, Астана Байконуррэ.

Хэку Къалэ нэхъышъхьэр
1 Алматэ Талдыкорган
2 КъуэкӀыпӀэ-Къазахъстэн Уст Каменогорск
3 Караганда Караганда
4 Жамбыл Тараз
5 Ипшъэ-Къазахъстэн Шымкент
6 Кызылорда Кызылорда
7 Актобе Актобе
8 Костанай Костанай
9 Ишъхъэрэ-Къазахъстэн Петропавловск
10 Акмола Кокшетау
11 Павлодар Павлодар
12 КъуэхьэпӀэ-Къазахъстэн Уралск
13 Атырау Атырау
14 Мангистау Актау
Къазахъстэным и Республикэ гуардиэр
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Къазахъстэн и дзэр

1992 гъэм накъыгъэм и 7-м президентым и унафэмкӀэ дзэр зэхагъэхьа. Дзэр зэрзэхэкӀыр: ШӀызекӀуэ, Уэгузауэдзэ, Хыдзэ джоуэ. Дзэ зэхэтыкӀэм а псом щымыхъукӀэ Республикэ гуардиэри хохьэ.

Дзэм и бжыгъэм къэӀохугъуэ ираткъым.

Ӏэшэм я нэхъыбэр РССЗ-мрэ Урысеймрэ къыдагъэкӀам ящыщ.